Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэ лъагэ яIэу щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и автомобиль гъуэгухэр, уэрамхэр, лъэмыжхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэхэр, спорт ухуэныгъэхэр, цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр. н.къ., дэнэ щIыпIэкIи зыхуей щыхуагъазэ, зэIузэпэщ щащI зэпытщ. ИкIи, абыхэм теплъэ дахэхэр зэрыратым къыдэкIуэу, а лэжьыгъэхэр хуэунэтIащ ди щIыналъэм ис цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным. Аращ а Iуэхугъуэхэр, зэрыжаIэу, зы дакъикъэ щIамыгъэувыIэр.
ЖыпIэнурамэ, Шэрэдж Ищхъэрэ – Жэмтхьэлэ – Сукан-Суу автомобиль гъуэгур мы махуэхэм къагъэщIэрэщIэж. Псори зэхэту абы километри 5,3-рэ и кIыхьагъщ, лэжьыгъэхэри ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
НобэкIэ лэжьакIуэхэм гъуэгу лъабжьэр ягъэбыдащ, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ и щхьэм зэрытралъхьэнум ар хуагъэхьэзыр, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкI, нэгъуэщI ныкъусаныгъэ щыIэхэри ягъэзэкIуэж. Шэч хэлъкъым ар зыхуей зэрыхуагъазэу, цIыхухэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ къызэгъэпэща зэрыхъунум.
Апхуэдэуи, Прохладнэ къалэмрэ Елъхъуэтрэ зэпызыщIэ автомобиль гъуэгум хуэзэу телъ, метри 182-рэ зи кIыхьагъ лъэмыжыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Мыбдежми лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Республикэм и дежкIэ лъэмыжым мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ, Тэрч, Май щIыналъэхэр абы зэпещIэ икIи машинэ куэд зэуэ щызэблокI. ЛэжьакIуэхэм иджыпсту лъэмыжым жьы хъуа и гъуэгу щхьэфэр къытратхъунщIыкIыж, захуэ ящI, пкъыгъуэжьхэр къыпкърахыж.
А пэхуэщIэ дыдэм ипкъ иткIэ апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу автомобиль гъуэгум щхьэпрыкI гъуэгум ехьэлIауи. Абы метр 224-рэ и кIыхьагъщ.
Мыбдежым, лъэмыжым щIэгъэкъуэн хуащIынухэр щагъэувыну щIыпIэхэр ягъэхьэзыр, гъущI арматурэхэр ирагъэубыд, пкъыгъуэжьхэр зэрахъуэкI. Абыхэм къадэкIуэу, мафIэгур щызекIуэ гъуэгум бгъурыту вольтышхуэ зыIыгъ ток кIапсэхэр щаукъуэдиину кIэнауэр датIыкI.
Республикэм и уэрамхэри гулъытэншэ щыхъуркъым ди щIыналъэм икIи абыхэми я нэIэ трагъэт зэпытщ. Къалэхэми, къуажэхэми ахэр зыхуей щыхуагъазэ, Iэхуитлъэхуит щащI, щагъэдахэ. ЖыпIэнурамэ, апхуэдэ лэжьыгъэхэр иджыпсту щрагъэкIуэкI, адрейхэм къадэкIуэу, Налшык къалэм Руставели и цIэр зезыхьэ и уэрамым. Илъэс тIощIрэ пщIым щIигъуащ абы зыри зэремыIусэрэ.
Уэрамыр зэIузэпэщ щыщIыным и гъусэу мыбдежым псы къабзэ, хуабэ, къагъэсэбэпар зэрыкIуэ бжьамийхэр щызэрахъуэкIынущ. ИужькIэ гъуэгур мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIыжынущ, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиинущ, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, къэухьхэр щагъэувынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр, гъуэгу дамыгъэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ, светофорхэр щызэрахъуэкIынущ.
ИщхьэIукIэ зэрыщыжытIащи, республикэм мыхьэнэшхуэ щрат курыт еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ ухуэным, ахэр къэгъэщIэрэщIэжыным, зыхуей хуэгъэзэным пыщIа Iуэхугъуэхэм. Псалъэм и щыхьэту, Бахъсэн къалэм сабийуэ 140-м хуэщIа садыщIэ щаухуэ мы махуэхэм. Ар зыхуэзэр курыт еджапIэ №12-р здэщытым дежщ.
КъатитIу зэтетыну ухуэныгъэм метр зэбгъузэнатIэу мин 1,9-рэ иубыдынущ. Абы хэтынущ сабий гуп зыбжанэ щаIыгъыну, макъамэмрэ физкультурэмкIэ пэшхэр, нэгъуэщIхэри.
Сабий садым щIыуэ зы гектар хухахащ. Унэм и лъабжьэр иджыпсту ягъэтIылъащ, блынджабэхэри дращIеин щIадзащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи ар зэфIагъэкIынущ 2027 гъэм и кIэхэм.
А пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ Бахъсэн щIыналъэм и Зеикъуэ къуажэм щызэрагъэпэщыж, ГъуазджэмкIэ сабийхэм я еджапIэри и кIэм нэблэгъащ.
Иджыпсту лэжьакIуэхэм унэ IуплъапIэр зыхуей хуагъазэ, теплъэ дахэ ират. Абы къыдэкIуэу, еджапIэм къедза щIыпIэр зэIузэпэщ ящIащ, асфальт тралъхьащ, лъэс лъагъуэхэр къыщыхагъэщхьэхукIащ.
Апхуэдэуи, абы и пэшхэми лэжьыгъэхэр щагъэувыIэркъым, ахэр дахэу къращIыкI, инженер коммуникацэхэр зэтраухуэ.
Къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж сабийхэм я еджапIэр 1960 гъэм яухуауэ щытащ иджы абы унэщIэ къыбгъуращIыхьам и фIыгъэкIэ цIыкIухэм зыщагъэсэну пэшхэм я бжыгъэм къыхэхъуащ.
Республикэм и курыт еджапIэхэр зыхуей хуагъэзэныр япэ игъэщыпхъэ лэжьыгъэхэми хохьэ. Псалъэм къыдэкIуэу, «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ», «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэхэм япкъ иткIэ Налшык къалэм и курыт еджапIэхэу №№ 6-р, 27-р, 28-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм.
Абыхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм хыхьэу, ухуэныгъэхэм я щIыби, я кIуэцIи жьы хъуауэ япкърылъ пкъыгъуэу хъуар къыпкърахыж, унащхьэхэр, инженер коммуникацэхэр къанэ щымыIэу щызэрахъуэкI. ИужькIэ теплъэ дахэхэр иратыжынущ, пэшхэр плиткэхэмкIэ къращIыкIынущ, лъэгухэм керамогранитхэр иралъхьэнущ. Лэжьыгъэхэр мы илъэсым и гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.
Абы нэмыщI, дызэрыт илъэсым апхуэдэ Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкIынущ къалащхьэм и курыт еджапIэхэу №№5-м, 9-м, 31-м, гимназие №1-м, егъэджэныгъэмкIэ центр №I-м, сабий сад №37-м.
Спорт ухуэныгъэхэм ехьэлIауэ щIыналъэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм хыхьэу Шэджэм щIыналъэм щыщ Лашынкъей къуажэм и курыт еджапIэ №2-м и пщIантIэм иджырей спорт утыку «губзыгъэ» щаухуэнущ. Ар ягъэзэщIэнущ «Бизнес-спринт (Спортыр къыхызох!)» къэрал программэм ипкъ иткIэ.
Абы хэтынущ щIыбым зыщыбгъэсэным хуэгъэпса спорт тренажерхэр, футболымкIэ, баскетболымкIэ, волейболымкIэ джэгупIэхэр, тетIысхьэпIэхэр, нэгъуэщIхэри.
Спорт утыку «губзыгъэм» фIыуэ хэлъыр, тренажерхэм ятет OR-кодхэм сурэт ятепхмэ, абы къыбжиIэнущ тренажерыр къызэрыбгъэсэбэп хъуну щIыкIэмрэ ар зыхуэщIамрэ, нэхъ тыншу урилэжьэн щхьэкIэ. Мы гъэм и гъэмахуэм утыкур къызэIуахынущ икIи къуажэм дэс щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ абы зэрызыIэпишэнум шэч хэлъкъым.
Бахъсэн къалэм и спорт еджапIэм боксым щыхуагъасэ и спортзалри къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. НобэкIэ абы инженер коммуникацэхэр щызэрахъуэкIащ, иджыпсту пэшхэр къращIыкI, лъэгум плиткэхэр иралъхьэ, иужькIэ бжэ-щхьэгъубжэхэр хагъэувэнущ.
Боксым зыхуэзыгъасэу цIыкIуи 150-м нэблагъэ къокIуэ мы пэшым. Абыхэм ядолажьэ я IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI тренер-егъэджакIуэхэр. Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу, спортзал Iэхуитлъэхуит яIэ хъунущ абыхэм.
ЩЭУЕЙ Былэ.