Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, къэхутакIуэ емызэшу, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу, унэтIакIуэ Iэзэу. Абы иригъэкIуэкIа иужьрей къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр ехьэлIащ ди анэдэлъхубзэр зэрызэхэт макъхэм я къэхъукIэ къызэрымыкIуэхэм. ЩIэныгъэлIым гу лъыдегъатэ бзэм и макъзешэ щхьэхуэхэм яIэ IукIэ гъэщIэгъуэн-хэм.
«Илъэсищэ куэдхэм и кIуэцIкIэ бзэм и къежьэкIамрэ зэфIэувэкIамрэ теухуауэ еплъыкIэ тIощIым щIигъу къагъэлъэгъуауэ щытми, нобэ къыздэсым абы и жэуапыр гъэпсауэ, нэгъуэщI упщIэ къызылъыкъуэмыкIы- жу щыткъым. Дэри абы и жэуапыр дубзыхуауэ аракъым, ауэ дгъэIурыщIэ ди гугъэж бзэм гъэщIэгъуэныгъэ хэлъ гуэрхэм я гугъу тщIыну аращ.
1920 гъэм урыс щIэныгъэлI Турчанинов Георгий итхыгъат: «Адыгэбзэм и макъзешэ [э]-м «центростремитель-нэ унэтIыныгъэ», [ы]-м «центробежнэ унэтIыныгъэ» къагъэлъагъуэу зэрыщытыр. ТерминитIми я адыгэбзэ псалъэ хуэдгъэкIуат, ауэ езы щIэныгъэлIым зэритхам хуэдэу зэдмыхъуэкIыу къэдгъэнащ. ИужькIэ адыгэбзэм елэжьа псоми а Iуэхугъуэхэр зэрыщыIэм къытрагъэзэжурэ тетхыхьащ: Яковлев Николай, Шагъыр Iэмин, Къумахуэ Мухьэдин, Урыс Хьэталий, КIэрашэ Зейнэб, Рогавэ Георгий. Нэхъ гурыIуэгъуэ хъун щхьэкIэ, щапхъэхэмкIэ щIэдгъэбыдэнщ: «къэхь» псалъэм пкърылъ Iуэхугъуэр «кумкIэ» зэрыгъэзар [э]-м къегъэлъагъуэ. Лэжьыгъэр зытехуэр «ку»-ращ, апхуэдэ хъужыр лэжьыгъэр здэгъэзаращ. «IуыкI» псалъэм хэт [ы]-м лэжьыгъэр жызыIэм зэрыбгъэдэкIыр къыдгурегъаIуэ. МакъзешитIри псалъэм щыхэтым деж, абыхэм лэжьы-гъэр къызыбгъэдэкIри зыхуэгъэзари къыджаIэ - «къызэт». Ауэ апхуэдэ мыхьэнэхэр щыхалъагъуэр ахэр глаголхэм щыхэтым дежт. Дэ бзэм и гъунапкъэм дикIыу нэгъуэщI щIэныгъэхэм едгъапщэмэ, бзэщIэныгъэлIхэм макъзешитIым хуагъуэта купщIэхэр тхухэгъуатэмэ, дгъэунэхуну мурад тщIат.
ЗэрымыщIэкIэ зыгуэрхэр зэтехуэнкIэ зэрыхъунум, дауи, шэч хэлъкъым, ауэ курыхыу биологием е физикэм жиIэм адыгэбзэм щыщ щапхъэхэр мызэ-мытIэу пэджэж щыхъукIэ, узэгупсысыни къызэкъуех. Дэтхэнэ зыми зэри-щIэ къыщIэкIынщи, щIым и Iыхьэ зы-рызым жьыр къызэрыщепщэр лъэныкъуэ зэпэщIэуэкIэ щIэIуэнтIауэ кIэрахъуэущ. Апхуэдэ дыдэщ псыр ижыпIэ гуэрым щижкIэ. ЩIым и ищхъэрэ лъэныкъуэм зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэр ижьымкIэ икIыу сэмэгумкIэ йокIэрэхъуэкI (сыхьэтым и кIуэкIэм пэщIэуэу), ипщэ лъэныкъуэмкIэ - сыхьэтым и кIуэкIэмкIэ. Физикэ, биологие, химие ирехъуи, адыгэбзэм хэт макъзешитIым хуагъуэта купщIэхэм хуэдэ хэлъущ Iуэхугъуэ къызэрыщыхъур - «центростремительнэ», «центробежнэ».
Адыгэбзэм и закъуэ бзэуэ щыIэм яхэмылъ мыхьэнэ гуэрхэр иIэу жытIэркъым. Урыс бзэщIэныгъэлI цIэрыIуэ Яковлевми гу зэрылъитати, адыгэб- зэм и лъэпкъэгъу бзэхэми, Америкэм щыпсэу индей лъэпкъ куэдми я бзэм апхуэдэ щэнхэр яхэлъщ. Зи гугъу тщIы щIэныгъэлIыр адыгэбзэм щелэжьым гу лъетэ: «Бзэр нэхъ жьыуэ щытыхукIэ, фонемэмрэ абы и купщIэмрэ нэхъ зэпэгъунэгъуу щытщ икIи бзэм хэлъ гупсысэм нэхъ куууэ пыщIащ. Адыгэбзэм хуэдэм и макъ-фонемэ щхьэхуэр мыхьэнэ щхьэхуэм епхащ, урысыбзэм нэхърэ». Апхуэдэу щыт пэтми, адыгэ тхыбзэр, бзэхабзэр щIэныгъэкIэ зэпэщ щIыныр егъэлеиIуауэ урыс бзэхабзэм епха хъуат. Ди цIыхухэм хабзэ зэрахуэхъуащи, псалъэм папщIэ, «мыпхуэдэ урыс псалъэр адыгэбзэкIэ дауэу пIэ-рэ?» жаIэу щIэупщIэныр яфIэфIщ. Абы щыгъуэми егупсысыххэркъым, адыгэ псалъэ куэдыр урысыбзэкIэ зэрыпхужымыIэнум: гущхьэ, зэшэзэпIэ, еуэри-уэри, пхъэщакъуэ, нэгъуэщIхэри. ГурыIуэгъуэщ, абыхэм япкърылъ мыхьэнэр псалъэгъэнахуэхэм хуэгъэфэщауэ къызэрызэпкърахыр (гу зылъытэн хуейр «хуэгъэфэщауэ» псалъэрщ).
ЖытIэм къикIыркъым псалъэгъэнахуэр мыхъуну къэтлъытэу, ар зыгъэхьэзырхэм этимологие е семантикэ я лъэныкъуэкIэ псалъэ къэс зэпкърахыфынукъым икIи я къалэнуи щыткъым. Псалъэр зыхэт псалъэухам и купщIэм елъытауэ зи гугъу ящI щапхъэм и мыхьэнэм хуагъэфащэ. Мыбы и лъэныкъуэкIэ фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт нэхъ иужьыIуэ къыдагъэкIыжа нарт хъыбархэм «марыхъу», «марыбз» псалъэхэм щхьэкIэ, нэхъапэIуэу зыщIахэм хуэмыдэу, (урысыбзэкIэ «портной», «портниха» жаIэу къагъэлъэ- гъуат) «мы псалъитIым я купщIэр иджыри убзыхун хуейщ» жаIэу зэратхам щхьэкIэ. АтIэ зи гугъу тщIы макъзешитIым ябгъэдэлъ купщIэм деж къэдгъэзэжынщи, адрей щIэныгъэхэм а унэтIыныгъэм теухуауэ ятхым деплъынщ.
Биолог цIэрыIуэхэу Смирновэ Еленэрэ Казанцевэ Верэрэ ятх: «Псантхуэм къыпкърыкI уалэр тхы куцIым е щхьэ куцIым щыIэ нэрынэхэм хуэгъэзамэ - ар центростремительнэ унэтIыныгъэщ, тхы куцIым е щхьэ куцIым къыбгъэдэкIыу абыхэм ягъэлажьэ пкъынэхэм хуэкIуэмэ - центробежнэщ. Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и академик Багаев Сергей щIэныгъэлI гуп и гъусэу иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэм къыпкърыкIыу етхыж: «… Гум екIуалIэ къуэпсхэм, шхынымрэ гъутхьэпсымрэ щызекIуэ лъагъуэхэм Iуэхугъуэр щIэгъэкIэрэхъуауэ щокIуэкI. Биологие и лъэныкъуэкIэ цIыхум и кIуэцIкIэ щекIуэкI Iуэхугъуэхэр зэщхьу къыщохъу». Лъынтхуэм, тхьэмбылым, тхьэмщIыгъум, адрей Iыхьэхэми я кIуэцIкIэ лэжьыгъэр зы лъэныкъуэукъым зэрыщекIуэкIыр, атIэ лъэныкъуитIымкIи щокIуэкI, къэзыхутари дэракъым.
Фигу къэдгъэкIыжынщ жьымрэ псымрэ ехьэлIауэ ищхьэкIэ ттхар. ЩIэныгъэлIхэм къахутамрэ адыгэбзэм хэт псалъэхэмрэ зэрызэпэджэжми гу лъывэдгъэтэнщ: гукъуэпс, лъынтхуэ, гъутхьэпс, тхьэмбыл, тхьэмщIыгъу, зэз/зэзы, кIэтIий/чIэтIый. Псалъэ къэскIэ бзэщIэныгъэлIхэм зи гугъу ящIа макъзешитIри къыщокIуэ. А тIум мыхьэнэ хуагъуэтауэ щытар адрей щIэныгъэхэм елэжьхэми къахутащ. Тхьэмбылым хьэуар щехкIэ, ижьымкIэ икIыу сэмэгумкIэ икIэрэхъукIыу мэлажьэ, тхьэмбылым къелеекIа, пкъынэлынэм зыхуей псор къызыхиха хьэуар къыщикIыжкIэ, сэмэгумкIэ икIыу ижьым-кIэ йокIэрэхъуэкI: ехымрэ къыдэкIуеймрэ зым и кIуэкIэм адрейм зри- шэкIыу, апхуэдэу щымытмэ, мывитI зэунтIэIум хуэдэу, зэжьэхэуэу зэран зэхуэхъунут. Хьэуам и лэжьэкIэр ар щызекIуэ тхьэмбылым хэт макъзешитIым къагъэлъагъуэ, адрей щапхъэхэми апхуэдэущ зэрыщытыр.
ИужькIэ къэтхьыну щапхъэхэр биологием е физикэм къихутами, дыщыгъуазэкъым, ауэ я гъэщIэгъуэнагъыр зыкIи нэхъ мащIэкъым. ЩIымрэ уафэмрэ щыщыIэ псори я зекIуэкIэкIэ зэпэщIоуэ: щIы, псы, бгы, жыг/чъыгы, лъы, удз/уыцы - уэ, уэшх/ощхы (уэщхы), уэс/осы (уэсы), пшэ. Псалъэм и къэхъукIам, абы бгъэдэлъынкIэ хъуну купщIэм ущытепсэлъыхькIэ, къухьэпIэ е къуэкIыпIэ адыгэхэм я псэлъэкIэм и закъуэ къапщтэ хъунукъым, аращ псэлъэкIитIми щапхъэхэр щызэтемыхуэм деж къыщIэдгъэлъагъуэр.
Гу зэрылъыптэщи, щIым и лъэныкъуэмкIэ щыIэ фIэщыгъэхэм [ы] макъыр, уэм и лъэныкъуэмкIэ щыIэхэм [э] макъзешэхэр хэтщ, щIымрэ уэмрэ зырызэдэлажьэр къыджаIэу. Жыг/чъыгы, удз/уыцы - уэшх/ощхы (уэщхы), уэс/осы (уэсы) фIэщыгъэхэм макъзешитIри хэтщ. Дэтхэнэ зыми зэрищIэщи, уэшх/ощхы (уэщхы), уэс/осы (уэсы)- хэр щIым къох, абы хобэхъыкIыжри, уэм докIуеиж, абы и лэжьэкIэри тхьэмбылым и лэжьэкIэм хуэдэщ. Жыг/чъыгы, удз/уыцы щыIэныгъэхэми, кIыгъэхэр псо- ри зэгъусэу къапщтэми, я псэукIэ-лэжьэкIэр тхьэмбылым хуэдэщ.
Иужьу зы адыгэ псалъэжьи дигу къэдгъэкIыжынщ - «Псыр псэхэлъхьэжщ»: псы - псэ. Мы тIум теухуауэ уэршэрыр нэхъ иныж хъунущи, мызэкIэ абдеж дыкъыщыувыIэнщ. ЗэрымыщIэкIэ адыгэбзэм щыщ псалъэхэм жаIэмрэ щIэныгъэхэм къахутахэмрэ зэтехуэу арами, гъэщIэгъуэнщ. ЗэрымыщIэкIэ зэтемыхуэу, щIэныгъэхэр бзэм хэлъу арамэ, и гъэщIэгъуэнагъыр нэхъыбэжщи, «къэзыкIухь - Iыхьэншэщ», зэрыжаIэм хуэдэу, бзэр зымыщIэр хэкIыжащ».
Зыгъэхьэзырар
ТАМБИЙ Линэщ.