Черкесск къалэм дэт 9-нэ гимназием сыт щыгъуи иIэщ ехъулIэныгъэхэр. Абы щоджэ лъэпкъ куэдым къахэкIа, ауэ хьэлэмэту зэгурыIуэрэ зэхэзагъэу къызэдэгъуэгурыкIуэ щIэблэ. Еджэгъуэ махуэм къриубыдэу зы закъуэщ ахэр зэрызэщхьэщыкIыр, щызэтемыхуэр - щхьэж и анэдэлъхубзэ дерсым щыкIуэкIэ. Гуапэ зэрыхъущи, 9-нэ гимназием зэи IэщIыб щащIыркъым анэдэлъхубзэ дерсхэр икIи абыкIэ фIыщIэ ябгъэдэлъщ еджапIэм и унафэщIми егъэджакIуэхэми.
ЖыпIэнуракъэ, гимназием лъэпкъыбзэхэр тыншу щаджыным теухуауэ псори щыIэщ: щхьэж иIэжщ тхылъхэмрэ пособиехэмкIэ узэда класс пэш. ЕгъэджакIуэхэращи, зыпэрыт Iуэхум гукIи псэкIи хэпщIащи, ар я гъащIэ хъуащ зыхужыпIэнщ. Зыщ къэнэжыр: еджэ, зэгъащIэ уи анэдэлъхубзэр.
Мы еджапIэм адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу илъэс куэд хъуауэ щолажьэ Щэнджатэ Маргаритэ. И дерсхэр щапхъэгъэлъагъуэщ, щIэнгъуазэщ. Дерсхэм къищынэмыщIауэ, классщIыб лэжьыгъэу иригъэкIуэкIыр мащIэкъым. Дигу къокIыж нэгъабэ анэдэлъхубзэмрэ тхыбзэмрэ я махуэм 9-нэ гимназием щекIуэкIауэ щыта зэхыхьэр. Абы щыгъуэ нэIуасэ дыхуэхъуат зи адэ-анэр лъэпкъитIым къахэкIа, ауэ адыгэбзэр нэхъуеиншэу зыдж пщащэ жаным. А махуэр икъукIэ гъэнщIати, пщащэм депсэлъэфакъым, икIи си гум илъурэ илъэс дэкIыжащ. Иджы тезубыдащ нэхъ гъунэгъуу нэIуасэ зыхуэсщIыну.
Е 8-нэ классым хэсщ Темырхэ япхъу Лейлэ. И адэр адыгэщ, и анэр къэрэшейщ. Езы цIыкIур е 1-нэ классым щегъэжьауэ адыгэбзэмкIэ дерсхэм макIуэ. Абы ехьэлIауэ егъэджакIуэм игу къегъэкIыж мыпхуэдэу:
- И щхьэцыр тIууэ ухуэнарэ еджакIуэ фащэри екIупсу щыгъыу Лейлэ классым къызэрыщIыхьауэ щытар нобэ хуэдэу си нэгум щIэтщ. Ар япэ дыдэт, япэ класст. Дерсым къыщыкIуакIэ, адыгэ дыдэу зэрыщытым шэч къытесхьакъым. И еджэнрати, япэ классым ялэжьыпхъэ-яджыпхъэ мардэм хьэлэмэту пэлъэщырт… Ауэрэ, нэхъ нэIуасэ зызэхуэтщIащ икIи, къызэрыщIэкIамкIэ, Лейлэ и анэр лъэпкъкIэ къэрэшейщ, и адэр адыгэ щхьэкIэ, адыгэбзэкIэ псэлъэфыртэкъым, зыбгъэдэс анэшхуэри къэрэшейти, ари, зэрыгурыIуэгъуэщи, адыгэбзэ ищIэртэкъым. КIэщIу жыпIэмэ, унагъуэм адыгэбзэр щызекIуэркъым.
Ар къыщысщIам нэхъри сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ пщащэм и зэфIэкIыр. АтIэ, а цIыкIум ауэми къемыхьэлъэкIыу къипсэлъырт хьэрф зэгуэтхэр, итхырт икIи къеджэрт гугъуехьыншэу. Уеблэмэ, зэгуэр усэ цIыкIу гукIэ зрагъэщIэну естати, Лейлэ мыхъумэ, зыри пэлъэщакъым.
Дэнэ къыщежьа, сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуар, мы пщащэ цIыкIум адыгэбзэр къыхихыным? АтIэ, и анэр щыкъэрэшейкIэ, а бзэр къыхихами, гъэщIэгъуэнтэкъым.
Абы хэту зи гугъу тщIыр, нэгъуэщI зы еджакIуэ пщащи щIыгъуу, классым къыщIохьэ, къабзабзэу адыгэбзэкIэ фIэхъусри къыдах, нэхъыжь и пащхьэ тIысынуи кърамыгъэкIуу щытщ…
- Си папэр адыгэщ, Темырхэ ящыщщ. И щхьэусыгъуэм сыщыгъуазэкъым, ауэ папэ адыгэбзэм нэхърэ къэрэшеибзэр нэхъыфIу ещIэ. Ди унагъуэм си анэри анэшхуэри къэрэшеибзэщ зэрыщызэпса-лъэр. Си адэм и адэ, си адэшхуэ Темыр Хьэлий Сослъэнбэч и къуэр газетым щылэжьащ, журналисту щытащ. Апхуэдэу щыхъукIэ, си адэм, си адэшхуэм я бзэр сымыщIэныр сфIэтэрэзкъым. Сэр-сэру къыхэсхащ адыгэбзэр зджыныр, дерсхэр абыкIэ псом нэхърэ нэхъ къысщхьэпэнуи къызолъытэ, - жеIэ пщащэм.
Апхуэдэуи, зэрыжытIащи, япэ классым щегъэжьауэ, димыгъэхуу адыгэбзэ дерсхэм макIуэ. Пэжщ, бзэр къытемыхьэлъэу щыткъым, абыкIи зыкъеумысыж. «Апхуэдэу зэрыщытым, уеблэмэ, нэхъри бзэр сфIэгъэщIэгъуэн ещI, адэкIи зджын муради сиIэщ», - жеIэ Лейлэ.
Ари гъэщIэгъуэнкъэ, зы унагъуэм къикI сабиитIым, Лейлэ - адыгэбзэр, е 7-нэ классым хэс и дэлъху Расул - къэрэшеибзэр ядж. Иджы, зэрыхъумкIэ, Лейлэ урысыбзи, къэрэшеибзи, адыгэбзи ещIэ икIи ирогушхуэ абы. Пщащэм и ехъулIэныгъэхэм ирогушхуэ и адэри, и анэри. АдэкIи пщащэм и зэфIэкIхэм дыщIегъэдэIу. «ХъумпIэцIэдж, лIыхъужь, гъуэншэдж, кхъуэщын, гъудэ…» - хьэрф зэгуэтхэр зыхэт псалъэ нэхъ гугъухэмкIэ и еджакIуэр егъэунэху егъэджакIуэм, езы цIыкIуми псори къабзэу къепсэлъ, ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал имыIэу.
Текеевэ Амири лъэпкъитIым япхъущ: и анэр адыгэщ, и адэр къэрэшейщ. Езы Амирэ адыгэбзэр едж, дерсхэм макIуэ фIэгъэщIэгъуэну. Абы щыгъуэми, и шыпхъу цIыкIу Хьэуа къэрэшеибзэм нэхъ дехьэх, иджри а бзэращ. Зыщ Амирэ игу къеуэр: бзэр фIы дыдэу къыгурыIуэ щхьэкIэ, езыр зэрыхуейм хуэдэу уэрсэру ирипсэлъэфыркъым. Ауэ, шэч къытетхьэркъым: апхуэдэ хэлъэт бзэм хузиIэ пщащэм адыгэбзэр лъэщу къигъэIэрыхуэнущ.
Лейли Амири сыт щыгъуи хэтщ я егъэджакIуэм къызэригъэпэщ классщIыб лэжьыгъэм, уеблэмэ адыгэбзэкIэ яджахэм тращIыкIа спектаклхэм щоджэгу.
Мис мыпхуэдэ щIэблэ губзыгъэ, бзэм хуэнэхъуеиншэхэр щыплъагъукIэ, уи гур къызэрогъуэтыж, ди бзэм гъащIэ зэриIэнур уи фIэщ хъууэ. Арыншэуи дауэрэ, атIэ?! Бзэншэ лъэпкъым сыти и пщэдей?!
ТУАРШЫ Ирэ.