Японием (Токио) щыщ къэфакIуэ икIи блогер, илъэс 20 зи ныбжь Нозаки Тайга Интернетым и социальнэ сайтхэм цIэрыIуэ щыхъуащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм зэрыдихьэхымкIэ. Иджыри курыт еджапIэм щыщIэ-сым кавказ лъэпкъхэм я тхыдэм дихьэхат Нозаки. Ди къафэхэр къыщилъэгъуам къыщыщIэдзауэ, зэуэ итхьэкъуащ мы Iуэхум. Абы зэрыжиIэмкIэ, японхэр Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм, тхы-дэм апхуэдэу щыгъуазэкъым, ауэ дуней псом щыпсэу лъэпкъхэм я къафэхэр зыджхэр щыIэщ. Тайга Интернетым и Iэмалыр къигъэсэбэпурэ зы илъэсым къриубыдэу къафэхэм зыхуигъэсащ, адыгэ уэрэдхэри егъэзащIэ. Кавказ макъамэхэм зэпымыууэ йодаIуэ: мафIэгум исми лэжьапIэм щыIэми. ФIыуэ илъагъу уэрэджыIакIуэхэм ящыщщ Апэнэс Астемыр, ЕлъэщIыIэ Ислъам, Сагаиповэ Маккэ, Мгзаверби.
Псом хуэмыдэу зыхилъхьэ щыIэкъым «Ислъэмей», «Картули» къафэхэр, лезгинкэр. И ныбжьэгъухэр зэхуишэсурэ лезгинкэ къахуофэ. Щапхъэу къилъытэ къэфакIуэ Iэзэ-хэм ящыщщ Мирзаханов Гебек, Энеев Аскэр, Гасанов Рамиль, Нартаев Джапар, Чантурия Бачанэ, Чанишвили Давид. Кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэр зигу дыхьа япон щIалэщIэм, езым абы зыхуигъэсэным къищынэмыщIауэ, гуп зэригъэпэщауэ Японием и къалащхьэм ди къафэхэм щыхуегъасэ. Тайга ещIэ адыгэ, шэшэн, куржы, осетин къафэхэр. Сэшхуэр иIыгъыу къэфэныр Нозаки зыхилъхьэ щыIэкъым. Абы зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэхэм деж зауэлIу зыкъыщохъуж. Токио дэт шхапIэ инхэм ирагъэблагъэурэ абыхэм къыщофэ, пшыхьхэр егъэдахэ. «Адыгэ лъэпкъ къафэхэр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэщ! Фи анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр, тхыдэр фхъумэ, фи лъапIэныгъэхэм гулъытэ яхуэфщI», - жеIэ щIалэм.
Ди лъэпкъ къафэхэр абы Токио и уэрамхэми шхапIэхэми щегъэзащIэ. Ар хыхьащ Японием щыIэ ансамблым. Мы зэманым абы куржыбзэр, осетиныбзэр, шэшэныбзэр, дагъыстэныбзэр, убыхыбзэр, азербайджаныбзэр, урысыбзэр, адыгэбзэр, адыгэ къафэхэр зрегъащIэ, Кавказым ис лъэпкъхэм я фэилъ-хьэгъуэхэр зэхуехьэс, Урысей кинематографием, Кавказым и тхыдэм, лъэпкъ шхыныгъуэхэм зыщегъэгъуазэ. Тайга и мурадщ кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэм Японием исхэр хигъэгъуэзэну.
Ди лъэпкъ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ Тайга зэрыдахьэхар япэщIыкIэ абы и анэм игъэщIэгъуащ, иужькIэ ди лъэпкъ къафэхэм зэратхьэкъуар щилъагъум, щIалэр нэхъри тригъэгушхуащ.
Япон университетым азиат щэнхабзэмкIэ и институтым и щIэны- гъэлI лэжьакIуэ Миязавэ София Еёжи 2009 гъэм КъБКъУ-м и аспирантхэм ящыщ зы здигъэлэжьат адыгэбзэ дерсхэмкIэ. Ар университетым и общежитием щыпсэуащ, адыгэхэм триухуа и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм папщIэ ди бзэмрэ щэнхабзэмрэ иджу.
ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, и диссертацэр игъэхьэзырын папщIэ ар Тыркум илъэсиплIкIэ щыпсэуащ. А псом щIэдзапIэ хуэхъуащ Къайсэр къалэм японыбзэмкIэ здригъаджэм, хэхэс адыгэхэм щыщ къызэрицIыхуар икIи зи тхыдэ хэкур зрагъэбгынауэ Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ятеухуа къэхутэныгъэ лэжьыгъэ итхыну мурад зэрищIар. И тхыгъэхэр тыркубзэт.
Адыгэбзэр иджыным къыдэкIуэу, София и мурадт Тыркум щыпсэуа хэхэс адыгэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэзыгъэзэжахэм захуигъэзэну, ди щIыналъэм теухуа и щIэныгъэ лэжьыгъэм и пэублэ псалъэр игъэхьэзырыну. Абы и къэпщытэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, къэзыгъэзэжахэм я нэхъыбэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр я лъахэу къалъытэрт, Тыркум щыпсэуныр экономикэ и лъэныкъуэкIэ зэрынэхъ тыншыр ямыбзыщIми. Зыхуей псори ягъуэту Тыркум щыпсэуами, адэжь щIыналъэм ахэр нэхъ щынасыпыфIэу ябжырт. КъэIэпхъуэжа языныкъуэ адыгэхэр илъэс 20-м щIигъуауэ зэуэ къэралитIми щопсэу, Тыркум хуаIэ пыщIэныгъэр зыфIамыгъэкIуэду. Къэбэрдей-Балъкъэрым хэти илъэси 10, хэти илъэс 15-м щIигъуауэ щыпсэуми, ди щIыналъэм къинэпэнуми ягъэзэжынуми ящIэркъым. Псори зэлъытар я щIэблэм къапэплъэ гъащIэрщ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.