«Урысейм и гугъапIэхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубз зэгухьэныгъэм хэтхэм «Жако» фабрикэм къыщыщIагъэкI IэфIыкIэхэкIхэм ящыщ Белгород уIэгъэщым щылажьэ цIыхубз дохутырхэмрэ техникэ лэжьакIуэхэмрэ иджыблагъэ тыгъэу хуагъэхьащ.
Жэрдэмыр къыхэзылъхьа бзылъхугъэхэм я гукъэкIыр Урысейм и щIыналъэ куэдым даIыгъащ, езы Iуэхугъуэми къызэрымыкIуэу ину зиубгъуащ, жылагъуэхэми ар гулъытэ гуапэу къалъытащ. Белгород уIэгъэщым и унафэщIхэм гукъэкI зыщIа жылагъуэ зэгухьэныгъэм фIыщIэ ин хуищIащ, абы и лэжьакIуэхэми я цIэхэр фIыщIэгуапэ тхылъхэмкIэ къраIуащ.
Къыхэгъэщын хуейщ IэфIыкIэхэр къэщэхуным зи мылъку хэзылъхьа ветеранхэм я зэгухьэныгъэмрэ «Нарспи» лъэпкъ хасэмрэ я цIэхэр. Апхуэдэу жэрдэмыр къыбгъэдэкIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат, унагъуэр хъумэнымрэ адэ-анагъэмрэ сабиигъуэмкIэ и къудамэм щыщ, «Урысейм и гугъапIэхэр» къэралпсо цIыхубз зэщIэхъееныгъэм хэт Останинэ Нинэ.
Мы Iуэхугъуэ дахэр Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу япэ дыдэу къыщыхалъхьар нэгъабэщ. Абы щыгъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIыу Курск икIи Белгород къалэхэм дэт уIэгъэщхэм щылажьэхэм «Жако» фабрикэм къыщIигъэкI IэфIыкIэхэм ящыщу килограми I00-м щIигъу хурагъэшауэ щытащ. А Iуэхум жыджэру хэтащ Налшык къалэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI КIэрэф Борис, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэхэм епхауэ зауэхэм хэта ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Былымгъуэт Беслъэн, «Нарспи» лъэпкъ хасэм хэт бзылъхугъэхэр.
– Сэ къызэрымыкIуэу си гуапэщ мы Iуэхур нэсу къызэгъэпэща хъунымк1э «Урысейм и гугъапIэхэр» къэралпсо цIыхубз зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэр япэ зэритыр. Ди зэгухьэныгъэр къаруушхуэщ, зи ужь итыр ди цIыхухэм я гукъэкI дахэхэр гъащIэм хэпщэнырщ, зи Iуэху хуэмыщIахэмрэ щытыкIэ гугъу итхэмрэ щIэгъэкъуэн яхуэхъунырщ, зэуапIэм Iутхэмрэ абыхэм я Iыхьлыхэмрэ я гур къыдэшеинырщ. ЩIыбагъыр быдэмэ, гупэри пхуиудынукъым. Дзэ Iуэху хэхам хэт ди щIалэхэм щIыбагъ лъэщ зэраIэр зыхащIэну дыхуейщ. Ауэ абы дыкъыщыувыIэркъым. Дэ дыхущIокъу а щIалэхэм я узыншагъэм жэщ-махуэ ямыIэу зи нэIэ тезыгъэт цIыхубзхэми гулъытэ яхуэтщIыну, здэщыIэр зауэ щIыбми, ари зы IэнатIэ хьэлъэ зэрырикъур цIыхубэм къазэрыгурыIуэр захедгъэщIэну. Къапщтэмэ, уIэгъэщым щIэт цIыхубзхэм я пщэ къалэн хьэлъэ къыдэхуащ зауэлI щIалэхэм я узыншагъэр зэфIэгъэувэжыным и мызакъуэу, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу уIэгъэ зытехуа е узыфэ хьэлъэхэр зэфыкI цIыху къызэрыгуэкIхэми ядэIэпыкъун хуейуэ. А IэнатIэр абыхэм псынщIэ ящызыщIыр гулъытэ гуапэращ, гукъэкI щхьэпэхэращ. Иужь дитщ уIэгъэпххэр, хущхъуэхэр, щыгъын зэмылIэужьыгъуэхэр яхуедгъэшэну. Нэхъ лейуэ и цIэр къисIуэну сыхуейт «Урысейм и гугъапIэхэр» цIыхубз зэщIэхъееныгъэм Белгород щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщI Серенкэ Еленэ. А лъэныкъуэм едгъашэхэр псори зыIэрыхьэри, ахэр зыхуей хуэзэу уIэгъэщми зэуапIэми щыIэхэм ятезыугуашэри, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуа махуэщIхэри къызэзыгъэпэщри аращ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэм къабгъэдэкIыу и гуащIэ мыкIуэщIу, ищIэм гъуэгу игъуэту, и гур мыкIуэду лэжьэну дохъуэхъу, – жиIащ «Урысейм и гугъапIэхэр» зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Черновэ Алёнэ.
– ФIы щIэи, псым хэдзэ, жиIащ пасэрейм. Блэжьа IуэхуфIым урипсэлъэжыныр къыщемызэгъ щыIэу къыщIэкIынщ, ауэ дызэрыт лъэхъэнэм цIыхур къыдэхьэхын хуейуэ IэнатIэ дыпэрытщи, ди жэрдэмым и мыхьэнэр куэдым ялъэIэсыну, къыддаIыгъыну, къыткъуэувэну дыщогугъ. Сыт хуэдэ псапащIэ Iуэхури зыхуэунэтIар щытыкIэ гугъум итым щIэгъэкъуэн хуэхъунырщ. Ауэ псапэ щIэным и мызакъуэу, IэнатIэ хьэлъэм пэрытхэм зэрамызакъуэр захедгъэщIэнри пщэрылъу диIэщ. УIэгъэщым щIэт цIыхубз дохутырхэмрэ техникэ лэжьакIуэхэмрэ гулъытэ яхуэщIыным и Iуэхур къыщыхалъхьэм, мыхъун къыхэдгъэкIакъым, тщIэ хъунум дегупсысащ. Дыщогугъ ди мащIэм я лъэр щIигъэкIыну, гукъыдэж къаритыну, я зэфIэкIхэр нэхъри нэхъ ин ищIыну, – жиIащ Былымгъуэт Беслъэн.
БЕСЛЪЭН Берд.