«Бзэр лъэпкъым и псэщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Абы зегъэужьыным, и пщIэр къэIэтыным, щIэблэм егъэщIэным темылажьэ зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу илъэсий хъуауэ къызэрегъэпэщ адыгэбзэмкIэ Iуэрытхыр, абы хэтщ къулыкъущIэхэр, жылагъуэр, студентхэр, унэгуащэхэр, сабийхэр, нэгъуэщIхэри. Уеблэмэ дунейпсо мыхьэнэ игъуэтауэ жыпIэ хъунущ, абы хэтщ хамэ къэрал куэдым щыхэхэс ди лъэпкъэгъухэри. Мы гъэм Iуэрытхыр жыджэру щатхащ Мейкъуапэ, Черкесск, Ставрополь, Мэздэгу, Москва, Санкт-Петербург, Красноярск, нэгъуэщI къалэхэми.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу анэдэлъхубзэм хуищI пщIэмрэ абы теухуауэ иIэ щIэныгъэмрэ зыгъэлъэгъуэну тегушхуахэр щы-зэхуэсащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым. КъищынэмыщIауэ, курыт еджапIэхэмрэ район библиотекэхэмрэ щызэхуэсахэм я бжыгъэри мащIэкъым.
уэхум хэтахэм къызэрыхагъэщащи, апхуэдэу зэуIуа Iуэрытхым лъэпкъым иджыри зэ зыхригъэщIэнущ ди бзэм и лъапIагъыр, ар хъумэным, зегъэужьыным хуэтщI гулъытэр, анэдэлъхубзэм иIэ мыхьэнэр.
Iуэрытхыр гъэ къэс зытеухуауэ щытыну Iуэхугъуэр, зи тхыгъэ утыку кърахьэнур, абы къеджэнур яубзыху къызэгъэпэщакIуэхэм. 2026 гъэм ар траухуащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым. Къыхахар Теунэ Хьэчим и «Псэм и IэфIыр къуатмэ» и романым щыщ пычыгъуэщ.
Мыр бзэр, тхыдэр, хабзэр щаIэт махуэшхуэхэм ящыщ зы зэрыхъуар къигъэлъагъуэрт цIыхубэр нэжэгужэу къызэрызэхуэсым. Утыку нэхъыщхьэхэм щызэрихьэлIащ зи лъэпкъыбзэм хуэфащэ пщIэ хуэзыщIхэр, зи зэфIэкI зыгъэунэхужыну жэрдэм зиIэхэр, IэщIагъэ, къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытхэр. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, КъБКъУ-м диктант щызытхахэм яхэтт профессорхэр, егъэджакIуэхэр, журналистхэр, студентхэр. Iуэху дахэр къызэгъэпэщакIуэхэм екIуу даIыгъащ КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Къардэн Мусэдинрэ абы щылажьэ егъэджакIуэхэмрэ.
Iуэху дахэр къыщызэIуихым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ IуэхухэмкIэ щыIэ советым хэт, Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблеем и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Сэхъурокъуэ Хьэутий жэрдэмрэ гукъыдэжрэ зиIэу диктант зытхыну, лъэпкъ Iуэхум зи гуащIэ хэзылъхьэну къызэхуэса псоми фIыщIэ яхуи-щIащ.
- Адыгэ щыпсэу щIыналъэ, къалэ псоми щатх адыгэ Iуэрытхыр. Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къыщызэхуэсахэм зэрызыфхуэзгъэзэнур зыщ - ди лъэпкъ тхыдэр, щэнхабзэр, бзэр иджыри къэс къызэрыддэгъуэгурыкIуэм хуэдэу, ар фи Iэпэгъуу фи гъащIэ гъуэгуанэр фкIуну Тхьэм жиIэ. Президент Путин Владимир сытым дежи жиIэ зэпытщ дэтхэнэ лъэпкъми и бзэр, хабзэр, анэдэлъхубзэр ихъумэн зэрыхуейр, ауэ щыхъукIэ, дэри дыхущIэкъупхъэщ Урысейм и лъэр зыгъэбыдэ, къэралым и фIыгъуэу къалъытэ а щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм дахуэсакъыну, лъэпкъ зэныбжьэгъухэр тхъумэну. Мы гъэр, фызэрыщыгъуазэщи, Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсщ. ДяпэкIэ зэманым къытхуигъэув гугъуехьхэмрэ Iуэхугъуэхэмрэ зэфIэзыхын хуейуэ зи пщэ къыдэхуэнур фэ щIалэгъуалэращи, сыхуейт мыхьэнэ зиIэ а Iуэхугъуэхэм фыхуэнабдзэгубдзаплъэу, лъэпкъ Iуэхуу кърахьэжьэм фыхуэжыджэру, ди къэралышхуэм ифI зыхэлъ жэрдэмхэр дэвгъэкIыным фыхуэпабгъэу фыпсэуну.
Къапщтэмэ, Iуэрытхыр дунейпсо махуэшхуэ хъуауэ жыпIэ хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гъэ къэс къэрал, къалэ, щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхохьэ, дэнэ щыпсэу адыгэри зэщIегъэуIуэ. Псоми къагурыIуэну сыхуейщ, ди анэдэлъхубзэр тхъумэжыфмэ, ди хабзэри, щэнхабзэри, тхыдэри хъума хъунущ. ЕхъулIэныгъэхэр фиIэну, ди Хэкур зыхъумэу зауэ IэнатIэм Iутхэр псэууэ къекIуэлIэжыну, мамырыгъэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ диIэну!
Университетым диктантыр щызытхахэм гъэхуауэ къахуеджащ Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ къудамэм и япэ курсым щеджэ Жыкъуэ Аидэ. Абы онлайну интернеткIэ къедаIуэурэ ятхыну Iэмал яIащ унэм щIэсхэм, лэжьапIэм къыщIэмыкIыфахэм, къуажэхэм, къалэхэм щы-псэу, щылажьэ цIыхубэм.
Iуэрытхыр - ар гъэ къэс екIуэкI Iуэху къызэрыгуэкI гуэркъым. АтIэ щIэныгъэ, егъэджэныгъэ, псэкупсэ гъэсэныгъэ, тхыдэ я лъэныкъуэкIи мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Мыбы щызэхуос лъэпкъым и «набдзэ» зыхужаIэ бзэщIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр, щIэныгъэрылажьэхэр, къыдэкIуэтей щIэблэр, щIалэгъуалэр, бзэр фIыуэ зылъагъу цIыху къызэрыгуэкIхэр.
КъищынэмыщIауэ, нобэ хуэдэ махуэм ди лъэпкъыр зэроубыд, щIыналъэ зэпэщхьэхуэхэм исхэр зэрощIэ, я зэпыщIэныгъэр нэхъ быдэ мэхъу, зы Iуэху зэрызэдащIэм нэхъ зэпэгъунэгъу ещI. Апхуэдэу адыгэбзэм и дахагъыр, къулеягъыр наIуэ къэзыщI Iуэхущ мы Iуэрытхыр. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ - къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ, Адыгей Республикэм - адыгеибзэмкIэ щатх диктантыр.
Iуэрытхым хэтахэм я лэжьыгъэхэр къапщытэнущ Дуней-псо Адыгэ Хасэм АнэдэлъхубзэмкIэ и къудамэм къришалIэ егъэджакIуэ Iэзэхэм икIи хэтахэм сертификатхэр иратынущ. КъэпщытакIуэхэм къызэрабжамкIэ, ди республикэм щыщу мы гъэм цIыху мин 12-м нэблагъэ хэтащ Адыгэ Iуэрытхым.
НэщIэпыджэ Замирэ, КъБР-м, АР-м щIыхь зиIэ я журналист. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.