Щэбэт щIыхьэхур екIуэкIынущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъатхэпэм и 21-м хэгъэгупсо щэбэт щIыхьэху щекIуэкIынущ. Абы къыхэкIыну мылъкур нэхъыжьхэм ядэIэпыкъунымкIэ фондым халъхьэнущ. Iуэхугъуэ дахэр къыхэзылъхьар ветеранхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ КъБР-м IэщIагъэрылажьэхэм я федерацэмрэщ.

КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Тогузаев ТIэхьир зэрыжиIамкIэ, щэбэт щIыхьэхур хуэунэтIащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм, зи щхьэгъусэ зыфIэкIуэдахэм, я ныбжь иримыкъуауэ гъэрэщым исахэм ядэIэпыкъуным, зыхэт гугъуехьхэр нэхъ мащIэ щIыным.

– Щэбэт щIыхьэхум хэтынухэм псапэхуэщIэу къыхалъхьэну ахъшэр зэрыщыту зи гугъу тщIахэм хуагъэхьынущ. КъБР-м и Iэтащхьэм 2013 гъэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, зауэхэм хэтахэм, ныкъуэдыкъуагъэ хэзыхахэм, зи щхьэгъусэ зыфIэкIуэдахэм илъэс къэс ахъшэкIэ ядоIэпыкъу, зы цIыхум сом мин 200 хуэзэу ираткIэрэ. Абы къищынэмыщIауэ, щIыхьэхум къыхэкIыну ахъшэм щыщу сом мин пщIырыпщI хуэдиз ди щIыналъэм щыпсэу цIыху 720-м хуагъэкIуэнущ. Абыхэм ящыщщ Хэку зауэшхуэм хэтахэмрэ я ныбжь иримыкъуауэ гъэрэщым исахэмрэ, – жиIащ Тогузаев ТIэхьир.

Апхуэдэу къулыкъущIэм къыхигъэщащ щэбэт щIыхьэхум мыхьэнэшхуэ зэрыритыр, ар цIыхубэр зэкъуэгъэувэным зэрыхуэунэтIар.

– Щэбэт щIыхьэхум хуэдэ Iуэхугъуэхэр къулыкъущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIэх-щIэхыурэ къыхалъхьэ. Ди щIыналъэм и къабзагъым хуэсакъыным и закъуэкъым ахэр зыхуэунэтIар, атIэ гулъытэ хэха зыгъуэтыпхъэ Iуэхугъуэхэми ятещIыхьащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, сабиигъуэр хъумэным, нэхъыжьхэм ядэIэпыкъуным, жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр зэгъэпэщыжыным хуэгъэзауэ псапэхуэщIэу цIыхухэр мымащIэу къызыхыхьэ щIыхьэхухэр Iэджэрэ йокIуэкI. Ди гуапэ зэрыхъунщи, жылагъуэм къахэтлъхьэ апхуэдэ жэрдэмхэр гулъытэншэу къанэркъым, цIыхухэр къыткъуоувэ, куэду къытхохьэ. Хуабэ кIапэ дытеуващ, дяпэкIэ жыгхэр къэтIэпIынущ, удзыщIэхэр къыхэкIынущ. КъызэщIэушэж дунейм хуэфащэ гуапэгъэкIэ IущIэныр дэтхэнэми ди къалэнщ. Ди гугъэщ жыгхэр духъуэнщIыну, гъэжьужьыр Iутхыну, щIым хия тхьэмпэ гъуахэр зэщIэтщыпэжыну. Зы махуэ лэжьыгъэм щIыпIэхэр зыкъомкIэ къыщIигъэщыжынущ. А къабзагъым къыдэкIуэу, ди гулъытэ хуэныкъуэ нэхъыжьыфIхэми дадэIэпыкъунущ. Арыххэуи, ди адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэри гъэзэщIа хъунущ, ди щIалэгъуалэми абыхэмкIэ гъуазэ дахуэхъунущ, – къыхигъэщащ гуапэу министрым.

Гъэрэ щIырэ щызэхэкIым ирихьэлIэу щIыналъэм щекIуэкIыну щэбэт щIыхьэхур къыщызэрагъэпэщынур щыхьэрым и закъуэкъым. Ар щызэхэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэми и къалэхэми.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.04.2026 - 09:01

Гъуэгу захуэ тету къежьахэт...

2026 гъэм мазаем и 1-м щегъэжьауэ Урысейм щагъэлъагъуэ ВГТРК-м (Россия-1) и ­журналист Медведев Андрей къыдигъэкIа «Предательство» документальнэ фильмыр.

13.04.2026 - 09:00

Кхъэр ягъэкъабзэ

IутIыж махуэшхуэм и пэ къихуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэ хэха щыхуащI кхъэхэм кIэлъыплъыным. ЦIыхухэр зэрылъэIуам къыхэкIыу, Прохладнэм дэт кхъэжьым и щытыкIэр къапщытащ къулыкъущIэхэм.

12.04.2026 - 12:25

«Iуащхьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр»

КъБР-м и Музыкэ Къэрал театрым мэлыжьыхьым и 9-м къыщызэIуахащ «Iуащхьэма­хуэ и щыгу щагъэзащIэ къа­фэхэр» лъэпкъхэм зэдай Iуэ­рыIуатэ фестивалыр. 

11.04.2026 - 15:02

Парламент зэдэлэжьэныгъэм зрагъэужь

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Парламентым и лIыкIуэ гуп.

11.04.2026 - 09:03

ЩIыхэр зэрагъэзахуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр ды­гъуасэ КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щрагъэкIуэкIащ.