«Бахъсэн щIыналъэм и анэшхуэ нэхъыфI дыдэ» зи фIэщыгъэ зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэн Бахъсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ) иджыблагъэ щекIуэкIащ.
Унагъуэм епха лъапIэныгъэхэр къыдэкIуэтей щIэблэм яхэпщэнымрэ лъэпкъ хабзэхэр хъумэнымрэ хуэунэтIауэ къызэрагъэпэща зэпеуэр зи жэрдэмыр Бахъсэн щIыналъэм и тхыдэ-лъахэхутэ музейрщ. Абы хэтащ щIыналъэм хиубыдэ къуажибл. Зэпеуэр Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэнщIат. Абы и къэпщытакIуэхэм я пащхьэ къихьа анэшхуэ гумызагъэхэм адыгэ шхыныгъуэхэр зэрапщэфIым къыщегъэжьауэ лъэпкъ Iущыгъэхэм зэрыщыгъуазэр ягъэлъэгъуэн хуейт. Гулъытэ хэха игъуэтат унагъуэ кIуэцIым щызэрахьэ хабзэхэр иджырей дунейм зэрырагъэкIу щIыкIэхэм, гуащэ къалэныр зыгъэзащIэ анэшхуэхэм я Iуэху еплъыкIэм, быныр лэжьыгъэм хуэмыщхьэхыу къэтэджын папщIэ яIэ гупсысэхэм, лIэужьхэр зэгурыIуэн, я зэхуакум лъагъуныгъэрэ нэмысрэ дэлъын щхьэкIэ щIапхъэхэм.
– ЗэрытщIэщи, гъэсэныгъэр къыщежьэр унагъуэращ, унагъуэр зэтезыIыгъэри гъащIэм и пIалъэр зыщIэ нэхъыжьыфIращ. Жьэгум и псэу унагъуэм и гупсэр зэрыанэшхуэм зыми шэч къытрихьэркъым. Ар зэрыгумащIэм, бынырылъхухэмкIэ зэрыгуапэм, унагъуэр зыхуей хуэгъэзэн и IуэхукIэ зэрыгумызагъэм къыдэкIуэу, къикIуа гъуэгуанэм къыхихауэ дуней лъагъукIэ телъыджэ иIэщ, лъэданэ инауэ быныр гъащIэм зыщрихьэлIэ Iуэхугъуэхэр зэригъэкIыжынкIэ чэнджэщ щхьэпэ хъууэ. Анэшхуэм и псалъэр щыубзэщхъу къэхъуркъым, сыту жыпIэмэ абы и гур зыхуэщIар быныр щымыуэнырщ, гъуэгу захуэ тетынырщ, къалъытэу, езыхэми цIыхухэм пщIэ хуащIу къэгъэтэджынырщ. Анэшхуэр хъугъуэфIыгъуэ куэдым я хъумакIуэщ. Лъым и джэ макъыр зэрыиныр, нэхъыжьхэм къагъэна Iущыгъэ псори гувэ-щIэхми къызэрызэщыунур анэшхуэр бынымрэ абыхэм я лъхужхэмрэ зэрахущыт щIыкIэм наIуэ къещI. Абы быныр зыщIигъэдэIу IуэрыIуатэхэм гъунэ яIэкъым, и псалъэ Iущхэм нэхъ щхьэпэ щыIэкъым, ипщэфI шхыныгъуэхэм нэхъ IэфI бгъуэтынкъым. Анэшхуэ псори бынкIэ зэхуэдэщ. Мор нэхъыфIщ е мыр нэхъыкIэщ, жытIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къыхэтлъхьа зэпеуэр зыхуэунэтIар унагъуэ лъапIэныгъэхэр хъумэнымкIэ анэшхуэм игъэзащIэ къалэныр къызэрымыкIуэу зэрыиныр къыхэдгъэщыжынырщ, урипсэункIэ Адыгэ Хабзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хуэдэу фIыгъуэ куэд зэрыщымыIэр иджыри зэ къэдгъэлъэгъуэжынырщ, – жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людмилэ.
Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтащ Бахъсэн щIыналъэм щэнхабзэмкIэ и лэжьакIуэхэр. Абыхэм къыхагъэщащ утыкум ита анэшхуэхэм дэтхэнэми зэфIэкIышхуэ зэрыбгъэдэлъыр, щIэблэм гъэсэныгъэ етынымкIэ, гъуэгу захуэ тегъэувэнымкIэ, щалъхуа лъахэм хуэпэжу къэгъэтэджынымкIэ акъыл хэхыпIэ пщIы хъун Iуэху еплъыкIэ щIагъуэхэр зэраIэр. КъэпщытакIуэхэм я пащхьэм зыщызыгъэлъэгъуа цIыхубзхэм яхузэфIэкIащ щIалэгъуалэр зыщIэбгъэдэIу хъун гъэсэпэтхыдэ гъэщIэгъуэнхэр я утыку псалъэм хаухуэнэн, куэдкIэ нэхъ мащIэу къэдгъэсэбэп хъуа псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ псэщIэ халъхьэн, анэшхуэм и гущэкъу, дзапэ уэрэдхэм я щIэжьыуэр нэхъ хьэлэмэту къызэрагъэкIын.
Зэхьэзэхуэр ягъэдэхащ Бахъсэн щIыналъэм и уэрэджыIакIуэхэмрэ «Лэгъупыкъу макъхэр» ансамблымрэ. Апхуэдэу куэдым гукъинэж ящыхъуащ «Гуащэнабдзэ мелуанхэр» («Миллион алых роз») уэрэдыр бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэрыжаIар.
Зэпеуэхэмрэ гъэунэхуныгъэмрэ зэфIэкIа нэужь, «Бахъсэн щIыналъэм и анэшхуэ нэхъыфI дыдэ» цIэ лъапIэр хуагъэфэщащ Кыщпэк (Тыжьей) къуажэм щыщ БжэныкIэ Людмилэ.
«Лъэпкъ Iущыгъэхэм я хъумакIуэ» унэтIыныгъэм нэхъыфIу къыщалъытащ Куба (Хьэсэнбийкъуажэ) щыщ Мэлбахъуэ Ленэ.
«Гущэкъу уэрэд нэхъыфI дыдэ» унэтIыныгъэм къыщыхэжаныкIащ Бахъсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ) щыщ Нартокъуэ Светланэ.
«Унэгуащэ Iэзэ» унэтIыныгъэм екIуу зыщигъэлъэгъуащ Кременчуг-Константиновскэ къуажэм щыщ Бэчмыкъуэ Надеждэ.
«Унагъуэ лъапIэныгъэхэм я хъумакIуэ» унэтIыныгъэм къыщыхэщащ Ислъэмей къуажэм щыщ Бэч Iэсият.
«ЦIыхубэ макъ» унэтIыныгъэм пажэ щыхъуащ ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм щыщ Беслъэней Нинэ.
«Нысашэ хъуэхъу» унэтIыныгъэм нэхъыфI дыдэу къыщалъытащ Къулъкъужын Ищхъэрэ (Къуэнхьэблэ) щыщ Нартокъуэ Ритэ.
ТекIуахэми къыхэжаныкIахэми зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэгуапэ тхылъхэмрэ тыгъэ лъапIэхэмрэ иратащ.
БЕСЛЪЭН Берд.