НэхъыфIхэр ягъэпажэ

 Кикбоксинг

Къэбэрдей-Балъкъэрым КикбоксингымкIэ и федерацэм зэIущIэ щригъэкIуэкIащ Налшык къалэм и Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм. Абы щыхэплъэжащ нэгъабэ и спортсменхэр зыхэта зэхьэзэхуэхэм щахузэфIэкIам икIи къыхэжаныкIахэр щагъэлъэпIащ.

Федерацэм и тхьэмадэ Къудей Алим къыхигъэщащ илъэс блэкIар я дежкIэ гугъуу щытами, ехъулIэныгъэфIхэр зэраIар. ЖыпIэнурамэ, нэгъабэ щIышылэм Ставрополь щIыналъэм и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Кисловодск къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм КъБР-м и командэм етIуанэ увыпIэр щаубыдащ.

Мазаем Черкесск къалэм щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэм и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ икIи «КI», «фулл-контакт» унэтIыныгъэхэмкIэ ди республикэм и спортсменхэм медалу 38-рэ абы къыщахьащ.

А мазэ дыдэм Налшык къалэми щрагъэкIуэкIащ «лоу-кик», «лайт-контакт» унэтIыныгъэхэмкIэ КИФЩI-м и зэхьэзэхуэ. Абыи КъБР-м и спортсменхэм медаль 38-рэ къыщахьащ. Зэпеуэм хэтащ цIыху 623-рэ. Зэхьэзэхуэхэм къарикIуахэм япкъ иткIэ республикэм и спортсмени 4 хэтащ УФ-м и чемпионатым, 19-р – пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэIущIэм.

Мэзкуу областым и Наро-Фоминск къалэм щекIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм медаль 12 къыщахьащ, абы щыщу 3-р дыщэу, 3-р дыжьыну, 6-р домбеякъыу.

Къудей Алим къызэрыхигъэщамкIэ, ди щIалэхэм ящыщу 6-м Iэмал ягъуэтат дунейпсо зэпеуэхэм хэтыну, ауэ ди къэралым къращIылIэ дэкъузэныгъэхэм къыхэкIыу, зэхьэзэхуэхэм ахэр хагъэхьакъым.

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 щрикъу илъэсыр ягъэлъапIэу Налшык къалэм нэгъабэ щрагъэкIуэкIащ УФ-м и студентхэмрэ еджакIуэхэмрэ я чемпионату щыта 3-нэ Урысейпсо джэгухэр. Абы кърихьэлIащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 31-м я лIыкIуэу 700-м щIигъу.

Мэкъуауэгъуэм ди республикэм щыIащ дуней псом щыцIэрыIуэ спортсменхэу Косовэ Светланэрэ Усаченкэ Викториерэ. Ахэр щыхьэщIащ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ спортсменхэм щадэлажьэу Нарткъалэ къыщызэIуаха къудамэм. Ар зи нэIэ щIэтыр дунейпсо зэхьэзэхуэхэр тIэу къэзыхьа БейцIыкIу Ибрэхьимщ. Апхуэдэ секцэ Налшыки къыщызэIуахын мурад щыIэщ.

«Спортыр террорым и бийщ» фIэщыгъэр зэрихьэу Лэскэн щIыналъэм и Анзорей къуажэм жэпуэгъуэм щрагъэкIуэкIащ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ КъБР-мрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я спортсмени 135-рэ. Ар къызэрагъэпэщат эктремизмэм пэщIэтынымкIэ республикэ программэм ипкъ иткIэ.

Бжьыхьэ кIуам КъБР-м и кикбоксерхэр хэтащ урысейпсо зэхьэзэхуэ зыбжанэм. Дон Iус Ростов къалэм щекIуэкIа «Дон и Кубокыр» зэпеуэм медалу 15, Мэзкуу къалэм щызэхэта МГСФО-м и Кубокым медалу 8 къыщахьащ, Черкесск къалэм и зэхьэзэхуэ зэIухам КъБР-м и командэр етIуанэ щыхъуащ.

Дагъыстэным и Каспийск къалэм щызэхаша УФ-м и чемпионатым Блашэ Темырланрэ Гъубжокъуэ Рустамрэ дыжьын медалхэр къыщахьащ, Мамбэт Мухьэмэдрэ Ржевская Еленэрэ ещанэ щыхъуахэщ.

2025 гъэм и кIэхэм Налшык щекIуэкIащ КъБР-м и чемпионат. Абы хэтащ республикэм и клуб 19-м я спортсмену 324-рэ.

Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм клубитI къыхыхьащ, Бахъсэн къалэм къудамэ къыщызэIуахащ. Кикбоксингым псори зэхэту цIыху 800-м щIигъум нобэ зыхуагъасэ.

Къудей Алим фIыщIэ яхуищIащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм, тренерхэмрэ адэ-анэхэмрэ къазэрыдэIэпыкъум, зэрызыкъыщIагъакъуэм щхьэкIэ икIи жиIащ илъэс блэкIар ипэ итахэм нэхърэ нэхъыфIу зэрыщытар, нэхъыбэ зэрахузэфIэкIар.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хьэжь Заур икIи къыхигъэщащ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэм спортсменхэмрэ тренерхэмрэ я гуащIэ куэд зэрыхэлъыр. Апхуэдэуи, адэ-анэхэм фIыщIэ яхуищIащ я гулъытэхэм щхьэкIэ икIи жиIащ гъэсэныгъэмрэ еджэныгъэмрэ зэрызэпыщIар, мыхьэнэ ини къызэрыбгъэдэкIыр.

Хэжьым жиIащ спортсменхэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ министерствэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэрыригъэкIуэкIыр: залыщIэхэр еухуэ, зэхьэзэхуэм хэтыну ежьэхэм мылъкукIэ защIегъакъуэ, нэгъуэщIхэри.

ЗэIущIэм и кIэм спортсмен пажэхэр, тренерхэр, федерацэм и жэрдэмщIакIуэхэр ягъэлъэпIащ.

БОЛЭ Билал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.04.2026 - 09:01

Гъуэгу захуэ тету къежьахэт...

2026 гъэм мазаем и 1-м щегъэжьауэ Урысейм щагъэлъагъуэ ВГТРК-м (Россия-1) и ­журналист Медведев Андрей къыдигъэкIа «Предательство» документальнэ фильмыр.

13.04.2026 - 09:00

Кхъэр ягъэкъабзэ

IутIыж махуэшхуэм и пэ къихуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэ хэха щыхуащI кхъэхэм кIэлъыплъыным. ЦIыхухэр зэрылъэIуам къыхэкIыу, Прохладнэм дэт кхъэжьым и щытыкIэр къапщытащ къулыкъущIэхэм.

12.04.2026 - 12:25

«Iуащхьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр»

КъБР-м и Музыкэ Къэрал театрым мэлыжьыхьым и 9-м къыщызэIуахащ «Iуащхьэма­хуэ и щыгу щагъэзащIэ къа­фэхэр» лъэпкъхэм зэдай Iуэ­рыIуатэ фестивалыр. 

11.04.2026 - 15:02

Парламент зэдэлэжьэныгъэм зрагъэужь

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Парламентым и лIыкIуэ гуп.

11.04.2026 - 09:03

ЩIыхэр зэрагъэзахуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр ды­гъуасэ КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щрагъэкIуэкIащ.