Гуп гущIэгъулым и къызэгъэпэщакIуэ

Фызэрыщыгъуазэщи, «Хэкум и хъу­макIуэхэр» фондым иIэщ псэукIэмкIэ дэIэпыкъуэгъу хъу IэщIагъэлIхэр, чэнджэщэгъухэр. НобэкIэ а гупышхуэр цIыху мин зыбжанэм щIегъу, абыхэм ящыщу 1000-р дзэ Iуэху хэхам къикIыжа ветеранхэрщ е абыхэм я унагъуэхэм щыщхэрщ. 

2025 гъэм «Хэкум и хъумакIуэхэр» урысей фондым щыIэ социальнэ IэщIагъэлIхэм я бжыгъэр цIыху мини 5-м нэблэгъащ.
- Социальнэ координаторхэр ди фондым и псэщ. Къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэдгъэпэща къудамэхэм щолажьэ гущIэгъу зы­хэлъ, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI, псэ­емыблэж цIыхухэр. Ахэр сыт щыгъуи хьэзырщ ди лIыхъужьхэм ядэIэпыкъуну. Социальнэ координаторхэм я Iыхьэ плIанэр зауэлIхэмрэ абыхэм я Iыхь­лыхэмрэщ: анэхэр, адэхэр, щхьэгъусэхэр, шыпхъу­хэр, пхъухэр. Абыхэм зыми хуэмыдэжу ­къагуроIуэ ди лIыхъужьхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ къахукъуэкI гугъу­ехьхэр зыхуэдэр, ахэр псынщIэу зэры­зэ­фIа­хынури ящIэ. Ветеранхэм сыт щы­гъуи япыщIар а IэщIагъэлIхэрщ. 
Сэлэтхэмрэ абыхэм я Iыхьлыхэмрэ IэщIагъэм, спортым, гъуазджэм, хэкупсэ гъэсэныгъэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми я щхьэ Iуэху щыдагъэкIынымкIэ Iэмалхэр къахузэзыгъэпэщыр ахэращ. Апхуэдэ лэжьакIуэхэр гурэ псэкIэ щогуфIыкI IуэхукIэ зыпыщIа лIыхъужьхэм я дэтхэнэ ­ехъулIэныгъэми, ар гурэ псэкIэ къалэным зэрыбгъэдэтым и щыхьэт нахуэщ», - жиIащ УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ - статс-секретарь, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и унафэщI Цивилевэ Аннэ. 
ПсэукIэмкIэ дэIэпыкъуэгъу хъу IэщIагъэлIхэр дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэмрэ дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда лIыхъужьхэм я унагъуэхэмрэ упщIэ псори зэфIагъэкIыху ящIыгъущ. Къапщтэмэ, пщIэншэу психологие, юридическэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэ­тынымкIэ ядоIэпыкъу, зауэм и ветераным и удостоверенэр гъэхьэзырынымкIэ, хуагъэува льготэхэмрэ ахъшэхэмрэ зэрагъэпэщынымкIэ, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ, технологие лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр ягъуэтынымкIэ, санаторэ-курорт тхылъхэр къаIэ­ры­хьэнымкIэ, егъэджэным, лэжьапIэ гъэувыным ехьэлIа IуэхухэмкIи сэбэп мэхъу. 
Апхуэдэ лэжьыгъэм и щапхъэ наIуэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщ социальнэ координатор Гындыгъу Наталье и IуэхущIэкIэр. И лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, ар и жэрдэм­щIакIуэу къызэрагъэпэщащ «Дэ дызэ­гъусэщ» зэгухьэныгъэр икIи и унафэщIу мэлажьэ. Абы псынщIэу лэжьэн щIидзащ икIи Iуэхум фIыуэ зэрыщыгъуазэм къы­хэкIыу, я нэхъ упщIэ гугъуми и жэуа­пыр икIэщIыпIэкIэ къи­гъуэтыфу зэтриублащ лэжьыгъэр. 
Наталье я пашэу зэкъуэува гупым я деж зэхэщIыкIрэ гумащIагърэ щагъуэт дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда лIыхъужьхэм я анэхэм, я щхьэгъусэхэм, Iыхьлыхэм. Гузэвэгъуэ къызылъыса цIыхум и гуауэр дагъэпсынщIэ къудей мыхъуу, Iуэху пыухыкIахэмкIэ, чэнджэщ щхьэпэхэмкIэ зыщIагъакъуэ, псом нэхърэ нэхъыщхьэ­ращи, къалъыкъуэкIа нэщхъеягъуэм и хьэлъэр я щхьэ закъуэу ягъэвыну къа­гъанэркъым. 
- «Дэ дызэгъусэщ» зэгухьэныгъэр гуп гущIэгъулы къудейкъым, атIэ псоми зэхуэдэу къеуз «узым» зэкъуигъэува, зэдэIэпыкъуныгъэм зэришэлIа уна­гъуэщ. Ди къалэныр зы ани, зы щхьэгъуси и гузэвэгъуэм и закъуэу къыхуэдмыгъэнэнырщ. Псоми зэгъусэу зыдогъасэ лIыхъужьхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ къахуэсэбэпыну Iэмалхэр къэдгъуэтурэ дэтхэнэми и гугъуехьыр зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми щхьэщытхыфу, хэкIуэдам и фэеплъыр тхъумэу. Языныкъуэхэм деж «сэ къызгуроIуэ» е «сэ суригъусэщ» псалъэ къызэрыгуэкIхэм къарыкIыр куэдкIэ нэхъыбэщ дэIэпыкъуныгъэ нэрылъагъум нэхърэ», – жеIэ Гындыгъу Наталье.
Мы бзылъхугъэр зэрыIэщIагъэлI лъэ­рызехьэм и мызакъуэу, къуиплIым я анэщ, абыхэм ящыщу щым иджыпсту ­къалэн щагъэзащIэ дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм. Наталье лIыгъэшхуэ зыхэлъ, анэ лъагъуныгъэмрэ хэкум, лъэпкъым хуэлэжьэнымрэ зы зыщIа цIыхубзщ, и псэм и къарур бгъэщIагъуэу. Къыщалъхуа щIыпIэм зэрыхуэпэжыр и лэжьыгъэм занщIэу къыхощ, гузэвэгъуэ, зыгъэв унагъуэхэм ядоIэпыкъу. Социаль­нэ дэIэпыкъуныгъэр псом япэ зэры­ригъэщым, хабзэм и лъэныкъуэ псори ­куууэ зэрищIэм, цIыхум и псэр фIыуэ зэрызыхищIэм ар куэдым къахегъэ­щхьэхукI. 
- Абы къыдалъхуа хьэл-щэнхэмрэ и псэ хуабагъымрэ и IэщIагъэ телъыджэм ­докIу. Апхуэдэ IэщIагъэлIхэр гъуэты­гъуейщ икIи ехъулIэныгъэшхуэщ уиIэ­ныр», - жеIэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед. - Наталье и лэжьэкIэм и щэху нэхъыщхьэр - цIыхухэр зэрызэкъуигъэувэфырщ, зым и хьэлъэр адрей зэрыдигъэпсынщIэфырщ. Ар ипэжыпIэкIэ гупым и псэ, хэкIуэда лIы­хъужьхэмрэ ветеранхэмрэ я унагъуэхэр зыIэпызышэ цIыху щыпкъэщ. Бзылъхугъэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщащ зэпсэлъэнымкIэ, зэдэIэпыкъунымкIэ, гугъу­ехьхэр псынщIэу зэфIэхынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къару хъуа «Дэ дызэ­гъусэщ» гупышхуэр. Наталье районым и хэкупсэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ псоми я къызэгъэпэщакIуэщ икIи куэдым къацIыху, пщIэ хуащI. 
«Сэ си лэжьыгъэм къриубыдэу си унагъуэкIэ, си щхьэкIэ къызэхъулIэну сызы­хуейм хуэдэ нэгъуэщI унагъуэхэм яхуэсщIэу аращ: абыхэм цIыхухэр зэрахуэсакъыр, зэрагъэлъапIэр зыхащIэну сыхуейщ. Дэ ар дымыщIэмэ, хэт зыщIэнур?», - жеIэ езы Гындыгъум.
Наталье фондым и лэжьакIуэ къудейкъым. Ар зауапIэм Iутхэмрэ мыдэкIэ щыIэхэмрэ зэпызыщIэ цIыхущ, къалэнымрэ унагъуэмрэ, щхьэзакъуэ гузэвэгъуэмрэ псоми зэдагуэш нэщхъея­гъуэмрэ я джэлэсщ. Абы хуэдэ цIыхухэм я фIыгъэкIэ «социальнэ дэIэпыкъуныгъэ» жыхуаIэм псэ къыIуокIэ, хуабэу, гуа­пэу, анэ гумащIагъэкIэ къыппежьэу узыIэпешэ. 
Къыхэгъэщыпхъэщ социальнэ координатор къулыкъур дзыхь зыхуащIыр ­РАНХиГС-м щрагъэдж программэ хэхар къэзухахэр зэрыарар. Ахэр лэжьапIэ ува нэужь, IэщIагъэлIхэм я нэIэ щIэту мазищкIэ мэлажьэ. ИтIанэ дэтхэнэ лэжьа­кIуэщIэми езыр зи яужь итыну Iуэхухэр ­хуагъэбелджылы. ЛэжьэхукIэ, социальнэ координатор псоми я щIэныгъэм зэ­пы­мыууэ хагъахъуэ. 

НэщIэпыджэ  Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.04.2026 - 09:01

Гъуэгу захуэ тету къежьахэт...

2026 гъэм мазаем и 1-м щегъэжьауэ Урысейм щагъэлъагъуэ ВГТРК-м (Россия-1) и ­журналист Медведев Андрей къыдигъэкIа «Предательство» документальнэ фильмыр.

13.04.2026 - 09:00

Кхъэр ягъэкъабзэ

IутIыж махуэшхуэм и пэ къихуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэ хэха щыхуащI кхъэхэм кIэлъыплъыным. ЦIыхухэр зэрылъэIуам къыхэкIыу, Прохладнэм дэт кхъэжьым и щытыкIэр къапщытащ къулыкъущIэхэм.

12.04.2026 - 12:25

«Iуащхьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр»

КъБР-м и Музыкэ Къэрал театрым мэлыжьыхьым и 9-м къыщызэIуахащ «Iуащхьэма­хуэ и щыгу щагъэзащIэ къа­фэхэр» лъэпкъхэм зэдай Iуэ­рыIуатэ фестивалыр. 

11.04.2026 - 15:02

Парламент зэдэлэжьэныгъэм зрагъэужь

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Парламентым и лIыкIуэ гуп.

11.04.2026 - 09:03

ЩIыхэр зэрагъэзахуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр ды­гъуасэ КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щрагъэкIуэкIащ.