Республикэм и ехъулIэныгъэхэр щагъэлъэгъуэну щIыпIэщ

«Урысей» Лъэпкъ центрым и къудамэ къы­зэгъэпэщыным теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

КъБР-м и Правительствэм и ­Уна­фэщI Му­суков Алий, абы и япэ къуэдзэ Къу­ныжь МуIэед, КъБР-м экономикэ зыу­жьыныгъэм-кIэ и министр Рахаев Борис, ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Журавлёв ­Андрей, щэнхабзэмкIэ ми­нистр ­Къумахуэ Му­хьэдин, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Пра­вительст­вэмрэ я Iуэхухэр зэкIэлъызы­гъакIуэ Ащхъуэт Азэмэтджэрий зыхэта зэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Урысей» Лъэпкъ центрым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэ­­рым къы­щы­зэIуахынум и проектхэм ящыщ зым.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, щIы­налъэ ­къу­­­дамэхэр къызэрагъэпэщ Урысейм и ­Президент Путин Владимир пщэрылъ ­къа­­з­эрыщищIам тету икIи ар  2023 гъэм ­щэ­кIуэгъуэм и 4-м къыщыщIэ­дзауэ 2024 гъэм бадзэуэгъуэм и 8 пщIондэ ­Москва и ВДНХ-м щызэхэта «Урысей» дунейпсо гъэ­лъэгъуэныгъэ-форумым пызыщэу щытщ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр абы жыджэру хэ-тащ икIи ягъэлъэгъуахэм цIыху куэд дыдэ яфIэгъэщIэгъуэну еплъащ.
«Урысей» центрым и къудамэ зи ухуэны-гъэр и кIэм нэблэгъар «ЩIалэгъуалэ зэчиифIэм я уардэунэм» хэтыну яубзыхуащ. Гъэлъэгъуэныгъэм унэм и илъабжьэ къатыр зэ­рыщыту иубыдынущ - метр зэбгъузэнатIэ 5000-м щIигъу хухахынущ. Абы утыку къыщ­рахьэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым унэ­тIы­ныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щызыIэригъэ­хьа ехъулIэныгъэхэр.
КъимыдэкIэ, зэIущIэм и гугъу щащIащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр накъыгъэм и 17 - 19-хэм екIуэкIыну Кавказ инвестицэ зэхуэ­сыш­хуэм зэрыхэтыну щIыкIэми. Абы хэIущIыIу ­щащIыну Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэу щытынущ туризм IэнатIэм и ефIэкIыныгъэхэр, ­къапщтэмэ, зыщыбгъэпсэхуну, узыншагъэр щебгъэфIэкIуэну зихуэдэ щымыIэ «Налшык» курортым и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэ-хэр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.04.2026 - 09:01

Гъуэгу захуэ тету къежьахэт...

2026 гъэм мазаем и 1-м щегъэжьауэ Урысейм щагъэлъагъуэ ВГТРК-м (Россия-1) и ­журналист Медведев Андрей къыдигъэкIа «Предательство» документальнэ фильмыр.

13.04.2026 - 09:00

Кхъэр ягъэкъабзэ

IутIыж махуэшхуэм и пэ къихуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэ хэха щыхуащI кхъэхэм кIэлъыплъыным. ЦIыхухэр зэрылъэIуам къыхэкIыу, Прохладнэм дэт кхъэжьым и щытыкIэр къапщытащ къулыкъущIэхэм.

12.04.2026 - 12:25

«Iуащхьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр»

КъБР-м и Музыкэ Къэрал театрым мэлыжьыхьым и 9-м къыщызэIуахащ «Iуащхьэма­хуэ и щыгу щагъэзащIэ къа­фэхэр» лъэпкъхэм зэдай Iуэ­рыIуатэ фестивалыр. 

11.04.2026 - 15:02

Парламент зэдэлэжьэныгъэм зрагъэужь

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Парламентым и лIыкIуэ гуп.

11.04.2026 - 09:03

ЩIыхэр зэрагъэзахуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр ды­гъуасэ КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щрагъэкIуэкIащ.