|
|
ЩIалэгъуалэм я зэхэщIыкIыр къаIэт
4 марта, 2026 - 06:03
Анэдэлъхубзэхэм я дунейпсо махуэм хуэгъэпса «Лъэпкъыр зымыгъэкIуэдыр и бзэрщ» Iуэхугъуэр щрагъэжьащ КъБКъУ-м. Ар къызэрагъэпэщащ ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ адыгэ щэнхабзэмкIэ центрымрэ Отаров Керим и цIэкIэ щыIэ балъкъэр щэнхабзэмкIэ центрымрэ.
Республикэм ис лъэпкъхэм я бзэр, я щIэинхэр хъумэным, ар лIакъуэкIэрэ зэIэпыхыным хуэунэтIа Iуэхухэр мазаем и 10-м къыщыщIэдзауэ гъатхэпэм и 14 пщIондэ екIуэкIынущ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм гулъытэ хэха хуащIащ зи юбилейхэр мы гъэм ягъэлъапIэ литературэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэ цIэрыIуэхэу Шортэн Аскэрбий, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Шахмурзаев Саид, Геттуев Мыхьэмэт сымэ я творчествэм.
Программэм хохьэ школакIуэхэмрэ студентхэмрэ папщIэ къэхутэныгъэ, творческэ лэжьыгъэхэмкIэ зэпеуэхэр, курыт еджапIэхэм анэдэлъхубзэхэмкIэ щезыгъаджэхэм я лекцэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр, мастер-классхэр. Апхуэдэуи дяпэкIэ бзэщIэныгъэлI, егъэджакIуэ хъунухэм ирагъэлъагъунущ куэд щIауэ лажьэ егъэджакIуэхэм я методикэр.
Япэ махуэм школакIуэхэм университетым зыщрагъэплъыхьащ, «Псалъэ гуапэр лъэпкъым и Iущыгъэщ» дерс драгъэкIуэкIащ.
Зэпеуэр IыхьитIу екIуэкIынущ, заочнэ (онлайн), очнэ жыпхъэхэм иту. Лэжьыгъэ нэхъыфI зыгъэхьэзырахэр ягъэпэжэнущ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и унафэщIхэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмкIэ. ТекIуахэр щагъэлъэпIэнущ гъатхэпэм и 14-м къызэрагъэпэщыну гуфIэгъуэ зэхыхьэм.
Мы Iуэхур хуэунэтIащ щIалэгъуалэм анэдэлъхубзэр джыным хуащI гулъытэр къэIэтыным, Урысейм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэнхабзэ бейхэр зэгъэцIыхуным, пщIэ хуэщIыным.
ШэрIужь Даянэ.
|
|
10.09.2026 - 09:19 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь |
|
|
10.09.2026 - 09:14 СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, гъэлъэгъуэныгъэ телъыджэ щокIуэкI. |
|
|
09.09.2026 - 09:03 Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIалэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теухуа зэIущIэхэр. |
|
|
08.09.2026 - 09:13 Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы хъуащ. |
|
|
08.09.2026 - 09:12 Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. |
|