Щхьэлыкъуэ и хьэщIэ лъапIэхэр

Урысей Федерацэм боксымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фархутдинов Виктор я пашэу тренер гуп иджыблагъэ щыIащ Щхьэлыкъуэ къуажэм и спорт базэм. ХьэщIэхэм зрагъэлъэгъуащ нэгъабэ а жылэм къыщызэIуаха, спорт лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ - гимнастикэмкIэ, боксымкIэ, дзюдомкIэ, нэгъуэщIхэмкIи - зэхьэзэхуэхэр щебгъэкIуэкI хъуну комплексымрэ волейболым, футболым, баскетболым хуэщIа стадионымрэ, ахэр Iэмэпсымэхэмрэ оборудованэхэмкIэ къызэрызэгъэпэщар.

А спорт IуэхущIапIэм сабий 400-м нэблагъэм нобэ зыщагъасэ, я ныбжькIэ илъэси 7-м къыщыщIэдзахэмрэ нэхъыжьхэмрэ. Фархутдинов Виктор яIущIащ спортсмен ныбжьыщIэхэм икIи ехъуэхъуащ къыхаха спорт лIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэхэр щаIэну, лъагапIэ нэхъ инхэр къащтэну, цIыху щыпкъэ хъуну. Апхуэдэуи, хьэщIэхэм боксымкIэ чэнджэщхэр цIыкIухэм иратащ, абы и щэхухэмкIи ядэгуэшащ.

Къыхэдгъэщынщи, Щхьэлыкъуэ къуажэм и гъэсэнхэм ящыщ куэд УФ-м боксымкIэ и командэ къыхэхахэм хагъэхьащ, иджыпстуи хэтщ. ЖыпIэнурамэ, къуажэм къыдэкIащ ди къэралым дунейпсо классымкIэ спортым и мастеру 2-рэ, спортым и мастеру 35-рэ. Иджыпсту зызыгъасэ ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ дуней псом, Европэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм медаль зэхуэмыдэу 10 къыщахьащ, УФ-м - 40-м нэблагъэ.

НАУРЫЗ Билал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.05.2026 - 09:03

ФымыцIыхухэм дзыхь яхуэвмыщI

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ телефонымрэ интернетымрэ къагъэсэбэпурэ щIэпхъаджагъэ зе­зыхьэхэм зэрапэщIэтым, абы и лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм щызрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм ятеухуа зэIущIэ.

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.