КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хабзэгъэув IэнатIэм и зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.
Псом япэу депутатхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и административнэ-щIыналъэ ухуэкIэм и IуэхукIэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я статусымрэ гъунапкъэхэмрэ я IуэхукIэ» КъБР-м и Законхэм. Ахэр теухуащ зыри зыдэмысыж жылагъуэхэр зэрагъэкIуэдыжым.
Законопроектыр къыхилъхьащ Тэрч муниципальнэ районым щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ и советым. Абы теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъа Тэрч щIыналъэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Алъкъащ Виталий жиIащ КъБР-м и Тэрч муниципальнэ районым хыхьэ Новэ-Хьэмидей, Терекскэ, Плановскэ къуажэхэм я советхэм «Жылагъуэр гъэкIуэдыжыным икIи учётхэм хэгъэкIыным теухуауэ» къащта унафэхэм япкъ иткIэ, КъБР-м и Парламентым къызэрыхалъхьар Новэ-Хьэмидей къуажэм хыхьэ Акведук жылэр, Плановскэ къуажэм хиубыдэ Урыху гъуэгу зекIуапIэр, Терекскэ къуажэм щыщ Тэрч ЦIыкIу жылэр дэфтэрхэм зэрыхагъэкIыжыр.
- Тэрч ЦIыкIу къуажэм щыпсэухэр 2013 гъэм ягъэIэпхъуауэ щытащ цIыхухэр жьы хъуа унэхэм къыщIэгъэIэпхъукIынымкIэ щыIэ щIыналъэ программэмкIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, зи гугъу тщIы жылагъуэхэр зэбгъэпэщыжынуи зебгъэужьынуи мыхьэнэ зэримыIэр. Абыхэм цIыху дэсыжкъым, гъуэгу, электрокъару екIуалIэркъым, ухуэныгъэ дэткъым, уней мылъкуу зыри щытхакъым, - жиIащ къэпсэлъам. - Фигу къэзгъэкIыжынщи, мыпхуэдэ лэжьыгъэ йокIуэкI Урысей Федерацэм и Президентым «ЩIыпIэхэм я дэфтэрхэр» къэрал программэм хыхьэу къигъэлъэгъуа пщэрылъхэр гъэзэщIэным тету. Абы ипкъ иткIэ БгъэIэпхъуэ мыхъу мылъкухэм я къэрал реестрым мы гъунапкъэхэр къыщыгъэлъэгъуапхъэщ.
Депутатхэм зэдэарэзыуэ даIыгъащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм унагъуэ хуэмыщIахэм, зи закъуэу псэу цIыхухэм къэралыр зэрадэIэпыкъум теухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектыр. Абы къыщыгъэлъэгъуащ дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэмрэ «Къэрал дэIэпыкъуныгъэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 82-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуа нэгъуэщI цIыхухэмрэ «социальный контракт» жыхуаIэмкIэ дэIэпыкъуныгъэ зэрыратыр.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Тогузаев Тахир жиIащ зи гугъу ящI зэгурыIуэныгъэм хуэдэ иращIылIэу, лэжьапIэншэ е лэжьапIэ къэзылъыхъуэ ветеранхэм хьэрычэт Iуэху къызэIуахынымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуну Iэмал зэраIэр, къэбгъэлъагъуэмэ, зэ тыгъуэу сом мин 350-м нэскIэ абыхэм зэрызыщIагъэкъуэфынур. ДэIэпыкъуныгъэр иратынущ унагъуэм ику ит и хэхъуэр къамылъытэу, ауэ зэгурыIуэныгъэр ветераным иращIылIэн щхьэкIэ, «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым щагъэхьэзыра дэфтэр иIыгъыпхъэщ, къэралыр зыдэIэпыкъун хуейхэм зэращыщыр щыгъэбелджылауэ.
ЗэIущIэм къыщащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хьэрычэт Iуэхур жэуаплыныгъэ пылъу щегъэкIуэкIыным зегъэужьыным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектыр. Ар зэхагъэуващ Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и зэIущIэм къыщащта унафэхэм тету. КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис жиIащ законопроектым ипкъ иткIэ, щIыналъэ унафэщIхэм я пщэрылъу зэрагъэувыр «Хьэрычэт IуэхущIапIэм и фIагъым и индекс» (ЭКГ-рейтинг) жыпхъэр и лъабжьэу хьэрычэт Iуэхум къэралым зэрызыщрагъэужьынур. Апхуэдэу хьэрычэт IуэхущIапIэхэр къапщытэнущ лъэныкъуищкIэ: дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрихъумэмрэ технологие нэхъыфI дыдэхэр къызэригъэсэбэпымрэ; IуэхущIапIэм щат улахуэр, дэIэпыкъуныгъэр зыхуэдэмрэ псапэ зыщIэхэм зэрахэтымрэ; налог зэритымрэ щIыналъэм и зыужьыныгъэм хуищI хэлъхьэныгъэмрэ. Абыхэм тету къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIа нэужь, ЭКГ-рейтингым IуэхущIапIэр зэрыпхыкIар къагъэлъэгъуэнущ (абы хэтыну хуитыныгъэ яIэщ псоми). ЭКГ-рейтингым пхыкIахэм Iэмал нэхъыбэ яIэнущ заужьын папщIэ къэралыр къазэрыдэIэпыкъуну IуэхухэмкIэ.
ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Адвокат палатэм и квалификацэ комиссэм КъБР-м и Парламентым къыбгъэдэкIыу лIыкIуэхэр зэрыхах щIыкIэм и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым, «ЦIыхухэм я узыншагъэр хъумэныр къызэгъэпэщыным теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 2-м, КъБР-м и Парламентым и депутатхэм къагъэлъагъуэ хэхъуэхэм, мылъкум ятеухуа дэфтэрхэр зэрыпэжым кIэлъыплъ комиссэм теухуа Положенэм.
КъБР-м и Парламентыр Владимирскэ областым и Хабзэубзыху Зэхуэсымрэ Иванов щIыналъэ Думэмрэ зэрадэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэхэр зэрыращIылIэнум теухуа унафэхэри зэIущIэм къыщащтащ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.