«Кавказ» ансамблым и саугъэт лъапIэхэр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым лъэпкъ къафэхэмкIэ и «Кавказ» ансамблыр лъэпкъхэм зэдай зэпеуэм и лауреат хъуащ. Ар къызэригъэпэщащ ныбжьыщIэхэм къафэмкIэ я зэхьэзэхуэ езыгъэкIуэкI IуэхущIапIэм, къэфакIуэхэм я фондымрэ къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм  папщIэ щыIэ «Звезда» фондымрэ и дэIэпыкъуэгъуу.

Зэпеуэм и «ЦIыхубэ къафэ» унэ­тIыныгъэм «Кавказ» ансамблыр япэ нагъыщэм и лауреат щыхъуащ, «Самайя» куржы къафэм папщIэ. Япэ нагъыщэм и лауреат цIэр къыщыхуагъэфэщащ «КъагъэщIэрэщIэжа цIыхубэ къафэ» унэтIыныгъэм хыхьэу ягъэзэщIа адыгэ уэркъ «Къафэм» папщIи. А къафэ дыдэм къэпщытакIуэхэм къыхуагъэфэщащ Гран-при саугъэт нэхъыщхьэри. 
Гупыр зэпеуэм и зэфIэкI щеплъы­жыныр и жэрдэмщ абы и унафэщI, Гъуа­зджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэ­рал институтым къафэмкIэ и кафед-рэм и доцент, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и цIыху Марзоевэ Iэсият.
Зэхьэзэхуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтащ Ва­гановэ Аннэ и цIэр зезыхьэ Урыс балетым и Академием (Санкт-­Петербург) щезыгъаджэ Агаровэ Ан- нэ, къэфакIуэ, балетым и артист, иджырей къафэхэм хуезыгъаджэ Калужный Юрий (Москва), къэфакIуэ, ­къафэ шоухэр зыгъэув режиссёр, дунейпсо зэпеуэхэм я лауреат, Гран-при саугъэт нэхъыщхьэр зыхуагъэфэща Шако Татьянэ (Симферополь), Белорус­сием щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и къэрал институтым и доцент Ключевская Юля (Минск), театрымрэ кином- рэ я актёр, къафэмкIэ театрым и уна­фэщI, дунейпсо зэпеуэхэм я лауреат Шафутлинов Ренат (Къэзан), Узбекистаным къафэмкIэ и академиер къэзыуха Тахаровэ Талия (Ташкент).

ТЕКIУЖЬ  Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.09.2026 - 09:03

Гугъуехьхэм къагъэдзыхакъым

Лъахэм къытепсыха гуауэм ­игъэхыщIат къэралышхуэм и цIыхухэр. Нэмыцэ зэрыпхъуа­кIуэхэр къежьат ди Хэкур зыIэрагъэхьэу, ди лъапсэм псы ирагъэжыхьыжын мурад яIэу.

16.09.2026 - 09:03

Куэд къызэщIаубыдэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Бахъсэн къалэ округым.

15.09.2026 - 09:30

Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ.

15.09.2026 - 09:26

ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ.

15.09.2026 - 09:24

«Дыгъужьы­къуейм» и хьэщIэщыбжэр зэIуех

Аушыджэр (Дыгъужьы­къуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъап­сэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ.