ЩIалэгъуалэм я унэм

ЩIалэгъуалэм я унэ Налшык дэтым щекIуэкIащ интернационалист – зауэлIхэм я махуэм теухуа зэIущIэ. Абы кърагъэблэгъащ Венгрием щызэуа Беслъэней Борис, Куба щекIуэкIа дзэ Iуэхухэм хэта Алиев Вячеслав, Афганистаным щызэуа Габоев Азрет - Алий. ХьэщIэхэм яхэтащ СВО-м къулыкъу щезыхьэкI Джэрий Аслъэн, Бахъуэ Алим, Дыджэш Азэмэт сымэ. Республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэмрэ хамэ къэралхэм зауэлI къалэн щезыхьэкIахэмрэ зэпсэлъащ Афганистаным щекIуэкIа зауэм ди цIыхухэр зэрыщыIам, абыхэм ягъэзэщIа къалэныр зыхуэдэм, зауэлIхэр лIыгъэщIапIэ зэрихуам, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми теухуауэ.
Афганистаным щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ махуэм и щIыхькIэ щIалэгъуалэм я унэм щызэхуэса студенхэр хэтащ «ЛIыхъужьым деж письмо» урысейпсо Iуэхум. ЩIалэгъуалэм письмо хуатхащ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди зауэлIхэм. Я тхыгъэхэмкIэ фIыщIэ хуащIащ хэкум и хъумакIуэхэм. 

 

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2026 - 09:35

Гушхуэныгъэ къозыт япэ лъэбакъуэхэр

Лъэпкъыр ину зыIэтын хъыбар щызэхэпхым деж умыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къыхаха гъуэгум Iэижь хуэ­хъуауэ, ехъулIэныгъэфIхэр щызрагъэгъуэтауэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм къахэкIыр мащIэкъым.

18.05.2026 - 09:33

Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищ­хъэ­рэ къэрал институтым накъыгъэм и 14-м щыпащащ ­«Кинокавказ-2026» V кинофестивалым.

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы