НыбжьыщIэхэм яIущIащ

Къармэхьэблэ (Каменномост) къуажэм дэт етIуанэ курыт еджапIэм иджыблагъэ ирагъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым органическэ химиемрэ высокомолекулярнэ пкъыгъуэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Малкандуев Исуф, а кафедрэм и доцент, Къармэхьэблэ етIуанэ курыт еджапIэм щеджа Къуэкъуей (Алмэ Анетэ), университетым математикэмрэ естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и институтым неорганическэ физикэм щыхуеджэ студент Федоренкэ Владислав сымэ. «ЩIэныгъэм и тхьэмахуэ» зыщрагъэкIуэкI еджапIэм и класс нэхъыжьхэм щIэсхэм зэIущIэр гукъинэж ящыхъуащ. 
Курыт еджапIэм и унафэщI Маргъущ ФатIимэ хьэщIэхэр гуапэу къригъэблэгъащ, еджакIуэхэм папщIэ зэIущIэр зэрыщхьэпэр, щIэныгъэм и цIыхухэр ныбжьыщIэхэм щапхъэ зэрахуэхъунур къыхигъэщащ. 
Малкандуев Исуф тепсэлъыхьащ и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм, ахэр къызэрысэбэпым, щIэныгъэм и мыхьэнэм. Университетым и къудамэ езыр зыщылажьэм ущIэтIысхьэн папщIэ щыIэ Iэмалхэм ныбжьыщIэхэр щигъэгъуэзащ. 
Къуэкъуей Анетэрэ Федоренкэ Владиславрэ къытеувыIащ химием, математикэм ди гъащIэм щаубыд увыпIэм, абы теухуа щIэныгъэхэр къыщысэбэп Iуэхугъуэ куэд гъащIэм дызэрыщыIууэм. Анетэ ныбжьыщIэхэм яригъэлъэгъуащ КъБКъУ-м теухуауэ траха видеороликыр, тепсэлъыхьащ езым курыт еджапIэр къыщиухым зыщIэтIысхьэну къудамэр къызэрыхихам, и IэщIагъэр, зыпэрыт IэнатIэр фIыуэ зэрилъагъум. 
Федоренкэ Владислав КъБКъУ-м и студент къудейкъым. Ар каратэмкIэ дунейпсо чемпионщ. IэщIагъэу къыхихам къуит Iэмалхэм тепсэлъыхьа нэужь, къытеувыIащ спортым и мыхьэнэми. 
ХьэщIэхэм жэуап иратащ 9-11 классхэм щеджэхэм я упщIэ гъэщIэгъуэнхэм. Абыхэм ныбжьыщIэхэм чэнджэщ иратащ, сыт хуэдэ IэщIагъэ къыхахми, ерыщу еджэну, щIэныгъэм и гъуэгум тетыну. 
 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.