ЛIэ­щIыгъуэхэр блэкIми, Пушкиныр псэущ

УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIу­э­кIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэ­мыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэ­хэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр теплъэгъуэ­хэр, литературэ зэпеуэхэр. 

Къэрал Лъэпкъ библиотекэм хамэ къэрал литературэмкIэ и къудамэм щекIуэкIащ литературэм и сыхьэт. Абы кърагъэблэгъащ класс нэхъыжьхэм щIэс еджакIуэхэр. Пушкин Александр и гъащIэм, и тхыгъэхэм, и хъэтIым теу­хуауэ къэп­сэлъащ къудамэм и лэжьакIуэхэр. Ды­щэкIхэ Нателлэрэ ФатIимэрэ ныбжьы­щIэхэм гу лърагъэтащ Пушкиным и тхыгъэхэр нэгъуэщIхэм ейхэм къахэзыгъэщым. ШколакIуэхэм ирагъэлъэгъуащ «ЛIэ­щIыгъуэхэр блэкIми, Пушкиныр псэущ» зыфIаща тхылъ гъэ­лъэгъуэныгъэр. УсакIуэшхуэм теухуа видеотеплъэгъуэри гъэщIэгъуэн ящы­хъуащ къызэхуэсахэм. 
Кулиевым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет къалэ библиотекэ №10-м щызэхуэсащ усакIуэшхуэм и тхыгъэхэм дихьэххэр, и усэхэр зи гум щызы­гъа­фIэхэр, и тхыгъэхэр щIэзыджыкIхэр. Нэхъыщхьэу гулъытэ зыхуащIар усэхэрщ. ЗэIущIэм кърагъэблэгъа ныбжьыщIэхэр усэ къе­джэ­н­кIэ зэпе­уащ. Нэхъ дахэ дыдэу Пушкиным и сатырхэм къеджахэм иратащ «Урысей зэ­къуэт» политикэ партым и гвардие ныбжьы­щIэ­хэм я республикэ къудамэм, КъБР-м и волонтёр ротэм къаб­гъэдэкI щIыхь тхылъ­хэр. Усэ зэпеуэм щытекIуащ Апекъуэ­хэ Элинэрэ Iэминэрэ, етIуанэ хъуащ Орловэ Юлие, адэкIэ къыкIэлъокIуэ Бахъуэ Даниял. 
Пушкиным и цIэр зезыхьэ къалэ библиотекэ нэхъыщхьэм щекIуэкIащ усэмрэ уэрэд макъамэмрэ щызэщIэт пшыхь. Уэрэдхэр ягъэзэщIащ «Учи­тель» хорым. Библиотекэм къыщызэрагъэпэщащ «Зэчийри щыIэщ, езыри псэущ» тхылъ гъэлъэгъуэ­ныгъэр. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.07.2026 - 18:48

Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ УФ-м и Президен­тым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ феде­-ральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэ­дзэ - Къэзакъхэм я урысейпсо ­зэгухьэныгъэм

17.07.2026 - 09:03

Ди тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэ

Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м. 

17.07.2026 - 09:03

Хуиту дыбэуэжат

ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат ­лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм.

16.07.2026 - 08:40

Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъ

16.07.2026 - 08:35

ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я