|
|
ЩIэблэм нэхъапэ щыIэкъым
14 февраля, 2026 - 06:03
ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым. Дапщэщи япэ ит лIэужьыр хущIокъу гъащIэм къарита акъылымрэ гупсысэмрэ къыкIэлъыкIуэ лIэужьым зэрабгъэдилъхьэжын, емрэ фIымрэ зэрызэхагъэкI Iэмалхэм щигъэгъуэзэн, екIумрэ емыкIумрэ зэрызэщхьэщагъэкI хэкIыпIэхэр иригъэлъагъун, псапэмрэ гуэныхьымрэ зэрызэпэшачэ щIыкIэхэм и нэIэ трыригъэдзэн. Иужьрей илъэсхэм къэралым щекIуэкI щIалэгъуалэ пэхуэщIэхэр зэрыщыту ижь лъандэрэ къекIуэкI а хабзэхэм къапызыщэщ, щIэблэр зэраузэщI, гъуэгу захуэ зэрытрагъэувэ хэкIыпIэхэр къэзылъыхъуэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэщ. Апхуэдэщ наркотикхэм япэщIэтын, щIапхъэхэр къахутэн папщIэ, Налшык къалэм къыщызэрагъэпаща пэхуэщIэ щIагъуэр.
Iуэхугъуэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щеджэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ зэришэлIащ, псори зэхэту цIыху миниплIым щIигъу зэщIигъэуIуащ. Апхуэдэу абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, щэнхабзэ икIи спорт лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр. ПэхуэщIэм жэрдэмщIакIуэ хуэхъуар Къэбэрдей-Балъкъэрым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэм наркотикхэм пэщIэтынымкIэ и IэнатIэмрэ Налшык къалэм егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм зи ныбжь нэмысахэм якIэлъыплъынымкIэ и къудамэмрэщ.
Егъэджэныгъэ IуэхухэмкIэ къалэ къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэ Теммоевэ Фаризэт зэIущIэр къыщызэIуихым, къыхигъэщащ цIыхугъэмрэ гъэсэныгъэмрэ нэхъыщхьэ зэрыщымыIэр, абыхэм къагъэув Iуэхугъуэхэр зыгъэзащIэм къэрал хабзэхэр къызэрызэпимыудынури, ищIэмкIэ жэуап ихьыжу дунейм хуиту зэрытетынури.
- Егъэджэныгъэм пыщIа IэнатIэщ сыщылажьэри, солъагъу щIалэгъуалэр дунейм къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм тыншу икIи псынщIэ дыдэу зэрызыIэпишэри, дахагъэм зэрыдихьэхым хуэдэу, я гъащIэр адэ-анэхэр зыщымыгугъа лъэныкъуэкIэ упэмыплъэххэу екIуэкIынкIэ зэрыхъунури. Аращ абыхэм ядедгъэкIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэр зэи щIызэпымыур, зэ жытIам къытедгъэзэжурэ псалъэмакъхэр, зэIущIэхэр, зэхуэсхэр, зэхьэзэхуэхэр щIызэхэтшэр. ЦIыхур цIыху щIыжщ, жаIащ пасэрейхэм. Дэ ди къалэным хуохьэ къытщIэхъуэ щIэблэр зыгъэщхьэрыуэ шынагъэхэр зыхуэдэр я тхьэкIумэ идмыгъэкIыу дытепсэлъыхьыныр, абыхэм къарикIуэнкIэ хъуну гузэвэгъуэхэм я гъащIэр икъутэнкIэ, яхуэмыузэхужын щIэпхъаджэхэр къишэнкIэ зэрыхъунур ягурыдгъэIуэну. Дызытет дунейр апхуэдизкIэ щытыкIэ къызэрымыкIуэхэмкIэ гъэнщIащи, ущыджэлэнури ущыщхьэрыуэнури пщIэркъым. Наркотикыр узыфэ къудейкъым, ар Iэщэщ, щIэблэр ирагъэкIуэду, лъэпкъхэр ирагъэунэхъуу. Дэ ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм игъащIэми щIэблэ узыншэ къащIэхъуэн и IуэхукIэ хузэфIэкI къимыгъанэу гъэсэныгъэ лэжьыгъэ бэлыхь ирагъэкIуэкIыу щытащ. Иджырей ныбжьыщIэхэм я гъащIэм и нэхъыбэр щекIуэкIыр еджапIэращ, унагъуэм екIуэлIэжами, щIэныгъэ нэхъыбэ зригъэгъуэтын папщIэ, курс щхьэхуэхэм кIуэн хуей мэхъури, еджэныгъэм пыщIауэ махуэр егъакIуэ. Дауи, апхуэдиз лэжьыгъэм сабийр щыпэмылъэщи къохъу, къыщичу «жьы Iурыхьэгъуэ» зригъэгъуэтыну щыхуежьи къыхокI. Апхуэдэ «жьы Iурыхьэгъуэр», жагъуэ зэрыхъунщи, дызытепсэлъыхь Iуэхугъуэ бзаджэм щришалIэ къыхокI. Аращи, егъэджакIуэм, и лэжьыгъэм къытрилъхьэ хьэкъым и мызакъуэу, и нэIэ зытет ныбжьыщIэхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм пэджэж Iуэхугъуэ щхьэпэхэр ядригъэкIуэкIын хуейщ, адэ-анэхэми IэфIагърэ нэгум зезыгъэужь жэрдэмхэмкIэ быным гулъыти хуищIыпхъэщ. Псори зэлъытар цIыхухэр «дыщэ зэхуакукIэ» дызэджэращ. Дауи, гурыIуэгъуэщ, сабийм хущIэмыхьэмэ, мыхъумыщIагъэм пэIэщIэ хуохъу, ауэ мардэм ущхьэдэбэкъухакъэ - къапэплъэ шынагъэхэм япхъуэтэныр зыхуэIуа щыIэкъым. Дызэхуэсакъыжыныр, зым адрейм и нэIэ тригъэтыныр ди лъэпкъ хабзэхэми къищтэ зы щытыкIэ дахэщ, щхьэж и IуэхущIафэхэм теухуауэ дэтхэнэми жэуап зэрихьыр ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэми тегъэщIапIэ хуэщIыпхъэ гупсысэщ. ДызэгурыIуэмэ, зифI къэтлъыхъуэ ди бынхэм щхьэкIэ унафэщIхэри, егъэджакIуэхэри, адэ-анэхэри дызэкъуэувэмэ, гъуэгу махуэ дытехьауэ аращ, – жиIащ Теммоевэ Фаризэт.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэм наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм щхьэхуэу къыхагъэщащ наркотикхэкIхэр зыхъумэхэр, зэбгрызыгъэкIхэр, зэзыхьэлIэхэр жэуапым ткIийуэ зэрырашалIэр, къэрал хабзэхэр къызэпызыудхэм тезыр зэрытралъхьэр.
ПэхуэщIэм ипкъ иткIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м щыпсэу муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и лэжьакIуэхэу Сыжажэ Алимрэ Мисиров Хъызыррэ, Налшык къалэм и чыристан лэжьакIуэ нэхъыщхьэм щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и дэIэпыкъуэгъу Артуновэ Иринэ сымэ.
- ФIэщхъуныгъэ зиIэ цIыхур Тхьэм фIолIыкI, гуэныхь къызэримыхьыным, и щхьэпэ цIыхухэм зэраригъэкIыным иужь итщ. ФIэщхъуныгъэ зиIэр захуагъэм Iэмалыншэу хущIэкъунущ. ФIэщхъуныгъэ зыхэлъ цIыхум щIэпхъаджагъэм зыпыIуидзынущ, а гъуэгум хуэкIуэри бзаджагъэм щихъумэну иужь итынущ. Дунейм цIыхуу тетыр балигъыпIэ зэриувэу ищIэр щIищIэмрэ ар зыхуишэнкIэ хъунумрэ къыгурыIуэну акъыл егъуэт. Зэрыщытыну щIыкIэ псори къыхэзыхыжыр езы цIыхуращ. Ауэ абы къикIыркъым щхьэрыуэнкIэ хъунум уеущиени, Iущыгъэ щIэбгъэдэIуни хуэмейуэ. Мыпхуэдэ зэхуэсхэр щIэфIыр мыхъумыщIагъэхэр зэрыщыIэм, абыхэм ящыщ куэдыр щIэпхъаджагъэм зэрыпэмыжыжьэр цIыхухэм зэхахыну Iэмал къызэритращ. Адэ-анэ псоми я хьэкъщ быныр гъуэгу захуэ зэрытеувэн гъэсэныгъэ бгъэдалъхьэну, ауэ апхуэдэ хьэкъыр жылагъуэми зыми щхьэщихыркъым, уеблэмэ ар абы и япэ пщэрылъхэм ящыщщ. Си щхьэкIэ мы зэIущIэр жылагъуэ хьэкъыр зэрыдгъэзащIэ лъэбакъуэ узыншэу къысщохъури, и щхьэпэ къызэрыкIуэнум шэч къытесхьэркъым, – жиIащ Сыжажэ Алим.
ЗэIущIэм къекIуэлIахэм фIэхъус псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ «ЗауэлI зэшхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и гъэзэщIакIуэ гупым я унафэщI Абэнокъуэ Владимир, КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Улымбащ Алихъан сымэ.
Апхуэдэу жэрдэмыр екIуу къызэгъэпэща хъун папщIэ, я гуащIэрэ я акъылрэ халъхьащ дунейм ашихара-каратемкIэ и чемпион Щыхьмырзэ Щыхьмырзэ, Европэмрэ Урысеймрэ я чемпион Тэнащ Идаррэ Петрунин Аскэррэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Бечеловэ Людмилэрэ Мисиров Жэмалрэ. Ахэр Iуэхум зэрыхэтамкIэ къыхалъхьа Iуэхугъуэхэм гулъытэ пыухыкIа ягъуэтащ, абыхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэр IэпкълъэпкъкIи псэкIи зэрыузыншэм, граждан Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтым къызэрыхэкIар хэти хьэкъ щащIащ.
Къыхэгъэщын хуейщ ныбжьыщIэхэри зэхуэсым жыджэру зэрыхэтар. Ахэр щIэупщIэ къудейтэкъым, атIэ хущIэкъурт я Iуэху еплъыкIэхэри къыхалъхьэу езыхэм я ныбжьхэр зэгупсысхэм, ялъагъухэм, ахэр къазэрыщыхъухэм тепсэлъыхьын. IитIыр зэрымытхьэщIмэ, зэрыщIэркъым, жаIэ. ЗэIущIэр лъэныкъуитIым я уэршэр дахэкIэ зэрызэфIэкIам къигъэлъэгъуащ жэрдэмщIакIуэхэм я къалэн куэд зэщIа зэрыхъуар, ныбжьыщIэхэм я деж нахьэсыну зыхущIэкъу гупсысэ куэд абыхэм зэрыхапщэфар.
Зэхуэсыр къыщызэщIакъуэжым, къызэгъэпэщакIуэхэм къыхагъэщащ наркоманием пэщIэтыныр, абы ебэныныр къулыкъущIапIэхэми, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми, еджапIэхэми, адэ-анэхэми я зэхуэдэ къалэну зэрыщытыр, дапщэщи гулъытэ хуэщIын зэрыхуейр.
ШУРДЫМ Динэ.
|
|
16.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к |
|
|
16.03.2026 - 09:12 Черкесск къалэм дэт 9-нэ гимназием сыт щыгъуи иIэщ ехъулIэныгъэхэр. Абы щоджэ лъэпкъ куэдым къахэкIа, ауэ хьэлэмэту зэгурыIуэрэ зэхэзагъэу къызэдэгъуэгурыкIуэ щIэблэ. |
|
|
16.03.2026 - 09:11 Японием (Токио) щыщ къэфакIуэ икIи блогер, илъэс 20 зи ныбжь Нозаки Тайга Интернетым и социальнэ сайтхэм цIэрыIуэ щыхъуащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм зэрыдихьэхымкIэ. |
|
|
15.03.2026 - 09:03 «Бзэр лъэпкъым и псэщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Абы зегъэужьыным, и пщIэр къэIэтыным, щIэблэм егъэщIэным темылажьэ зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым.
|
|
|
15.03.2026 - 09:03 «Урысейм и гугъапIэхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубз зэгухьэныгъэм хэтхэм «Жако» фабрикэм къыщыщIагъэкI IэфIыкIэхэкIхэм ящыщ Белгород уIэгъэщым щылажьэ цIыхубз дохутырхэмрэ техникэ лэжьакIуэхэмрэ идж |
|