Хьэмидейм и «Шабзэр»

Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэпеуэм. 

КъэфакIуэхэр илъэситI хъуауэ егъасэ Хьэпэ Артур. Узэрыгушхуэнщ зэман кIэ­щIым къриубыдэу апхуэдэ ехъулIэныгъэш­хуэ гупым зэрызыIэригъэхьар.
Къэралым и щIыналъэ куэдым къикIа-хэр зэхуишэсат а фестиваль-зэпеуэм. Абы хэтахэм я Iэзагъэр къыщагъэлъэгъуащ щэнхабзэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьы­гъуэхэм - циркым къыщыщIэдзауэ декоративно-прикладной гъуазджэм щыщIэкIыжу. 
«Шабзэ» гупым хэт хъыджэбз 16-м зэ­пеуэм щагъэлъэгъуащ ди лъэпкъ къэфэ-кIэ­хэм я дахагъэр. Абыхэм ягъэзэщIа ­«Лъапэрисэ» къафэрщ зэхьэзэхуэм «ЦIы­ху­бэ-утыку къэфэкIэ» и Iыхьэм пашэ щы­хъуар. КъэпщытакIуэхэр набдзэгубдзап­лъэу кIэлъыплъащ къэфакIуэхэм я утыку итыкIэм, зыIыгъыкIэмрэ Iэзагъэмрэ, фащэр къазэрыщыпсым.
«Шабзэ» ансамблым и унафэщI Хьэпэ Артур жеIэ хъыджэбзхэм зыIэрагъэхьа ­ехъулIэныгъэр дэтхэнэри Iуэхум егугъуу, жэуаплыныгъэ хэлъу зэрыбгъэдыхьам къы­­пэкIуауэ. 
Гупым зыщаплъыхьащ Галицкэм и цIэр зэрихьэу Краснодар щыIэ зыгъэпсэхупIэ цIэ­рыIуэми. Шэч хэлъкъым къэфакIуэ ­ныб­жьыщIэхэм мы гъуэгуанэр ягу къызэ­ри­­нэжынум. 
Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм къызэ­рыхагъэщщи, апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм щэн­хабзэм зрагъэужь къудейкъым, атIэ щIыналъэхэм я зэпыщIэныгъэри езыгъэ­фIа­кIуэщ. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.09.2026 - 09:03

Гугъуехьхэм къагъэдзыхакъым

Лъахэм къытепсыха гуауэм ­игъэхыщIат къэралышхуэм и цIыхухэр. Нэмыцэ зэрыпхъуа­кIуэхэр къежьат ди Хэкур зыIэрагъэхьэу, ди лъапсэм псы ирагъэжыхьыжын мурад яIэу.

16.09.2026 - 09:03

Куэд къызэщIаубыдэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Бахъсэн къалэ округым.

15.09.2026 - 09:30

Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ.

15.09.2026 - 09:26

ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ.

15.09.2026 - 09:24

«Дыгъужьы­къуейм» и хьэщIэщыбжэр зэIуех

Аушыджэр (Дыгъужьы­къуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъап­сэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ.