Лэжьыгъэмрэ хъуэпсапIэмрэ щызэтехуэкIэ…

ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щы­гъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къы­зэ­щIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ ­Радиом и дунейпсо махуэр. Ар 1946 гъэм, япэ дыдэу ­«Радио ООН»-р эфирым къихьауэ щыщытам, трагъэ­хуащ, ауэ езы махуэшхуэр, къапщтэ­мэ, зэрагъэлъапIэрэ куэд щIакъым, илъэс пщыкIущ хъууэ аращ.
Бжыгъэ технологиехэм я лIэщIы­гъуэм цIыхухэм я зэпыщIэныгъэм и Iэмал нэхъ ин дыдэу радиор къонэж, иджырей IэмалыщIэхэм дэгъуэгурыкIуэу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и радиовещанэм и тхыдэр къыщежьэр 1923 гъэрщ. Абы щыгъуэм Налшык щаутIыпщат «Радиоволна» жыхуа­Iэр. 1927 гъэм накъыгъэм и 1-м Къэбэрдей-Балъкъэрым езым и радиовещательнэ станц («Малый Коминтерн») игъуэтащ. Республикэ псом макъ зыгъэIуу 18 щагъэуват. Накъыгъэм и 19-м къуажэ­хэмрэ станицэхэмрэ япэу щIыпIэ къыхуеджэныгъэхэр къыщыIуащ икIи дикторым «Псалъэр Налшыкщ» и япэ макъыр зэхахащ. Абдеж щегъэжьауэ адыгэбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи, урысыбзэкIи щIэх-щIэхыурэ къэпсэлъэн щIадзащ. Радиом и тхыдэм игъащIэкIэ къыхэнащ япэ дикторхэу Безрокъуэ Хужь, Багъэтыр Аркадий, Ра­хаевэ ­ФатIимэ сымэ, нэгъуэщI­хэри.
Нобэ абыхэм я лъэужьым ирокIуэ радиожурналист ныбжьыщIэхэр. Илъэсиблым нэблэгъауэ «Къэбэр­дей-­Балъкъэр» радиом жыджэру щылажьэхэм ящыщщ ­КъБКъУ-м журналистикэмкIэ и къудамэр къэ­зыуха ­Сыжажэ Алинэ. Абы нэтын зэмылIэужьыгъуэхэр ирегъэкIуэкI, волонтёрхэм, ухуа­кIуэхэм къыщы­щIэдзауэ зы­плъыхьакIуэхэм я деж щы­щIэкIыжу радиом иригъэ­бла­гъэу, мыхьэнэ зиIэ Iуэ­ху­­­гъуэш­хуэхэр къаригъэ­Iэту.
Нобэ радиом и Iуэху зы­Iутым, зэрызаужьым тедгъэ­псэлъыхьыну Алинэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. Псом япэу езыр радиом пыщIа зэрыхъуам теу­хуауэ къыджеIэ:
-  Сигу къэкIыртэкъым зэгуэр радиом и лэжьакIуэ сыхъуну, уеблэмэ журналистикэ къудамэм сыщыщIэс­ми. Ауэ сыт щыгъуи сыщIэ­хъуэпсу щытащ дохутыр IэщIагъэм. Иджы лэжьыгъэ схуэхъуари си хъуэпсапIэри зы лъэны­къуэкIэ зэтехуэжауэ къызолъытэ, згъэхьэзыр «Интервал QT» нэтыныр медицинэм теухуауэ щытщи. Радиом сыщылажьэурэ, махуэ къэс цIыху гъэщIэгъуэнхэр къэзгъэпсалъэурэ мы IэнатIэр гукIи псэкIи фIыуэ слъэгъуащ, икIи сэркIэ лъапIэщ. 
- Сыт хуэдэ нэтынхэр ­ебгъэкIуэкIрэ? Сыт ахэр зытеухуар?
- «Дуней тетыкIэ», «ФIымрэ уахъты зимыIэмрэ» къыдэ­кIыгъуэхэр согъэхьэзыр. Апхуэдэуи си лэжьэгъухэм я гъусэу, радиомкIэ къыдот «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» хъыбарыщIэхэр, «ПщIэну щхьэпэщ» нэтыныр. Псом хуэмыдэжу сфIэфIыр цIыхум и узыншагъэр зэрихъумэным теухуауэ зи гугъу сщIа «Интервал QT» нэтыным медицинэм и IэщIагъэлI нэхъыфI дыдэхэр къыщезгъэблагъэрщ. Къысхуэмыгъэсу дэтхэнэми сыпоплъэ, езым, и IэнатIэм, сэбэп зэрыхъум теу­хуауэ интервью зэрыдезгъэ­кIуэкIынум. Дытопсэ­лъыхь Iуэхугъуэ щхьэпэ куэдым: цIыхум япэ дэIэпыкъуныгъэ зэрептынум, узыншагъэм утеплъэкъукI зэрымыхъунум, узыфэр пасэу къы­зэрыпхутэфыну Iэмалхэм, нэгъуэщIхэми. 
Нэтыныр зытедухуэнур къыдэдаIуэхэм къыщыджаIи щыIэщ, «мыпхуэдэ Iуэху­гъуэм фытепсэлъыхьарэт» жа­Iэу. КъыкIэлъыкIуэ нэты­ным ахэр зыщIэупщIа Iуэхум и жэуапыр щыщызэхахкIэ, сыт хуэдэу гуапэ ящыхъурэ. Языныкъуэхэр, уеблэмэ къо­псалъэ, радионэтыным и фIыгъэкIэ я гъащIэм зэ­хъуэкIыныгъэ зэрыхалъхьар къыхагъэщу. Апхуэдэхэм деж зыхыбощIэ цIыхум зыгуэркIэ щхьэпэ узэрыхуэ­хъур, абы нэхъыфIыжу уи IэщIагъэр уегъэлъагъу.
- Уи эфирым и хьэщIэхэм я гугъу уэзгъэщIынут?
-  Абы зы е зыбжанэ къы­хэбгъэщхьэхукIыфынукъым. Гъэ­щIэгъуэнщ дэтхэнэми удэлэжьэну. ПщIэшхуи яхузощI, ахэр зыIут IэнатIэхэр зэрырагъэфIакIуэм папщIэ. Ди нэтынхэр зэрызэмы­щхьым и зы щапхъэ къып­хуэсхьынщ. Къалэ сабий гъэсапIэхэм ящыщ зым и гъэсакIуэм интервью къеIыс­хырт. Дыщызэпсалъэм, сы­щымыгуфIыкIынкIэ Iэмал имыIэу, абы и дэтхэнэ псалъэми къыхэщырт и лэжьыгъэми сабийми яхуиIэ лъа­гъуныгъэр.
Апхуэдэ дыдэу дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэми сепсэлъэну сфIэфIщ. ФIыуэ дызэрылъагъуным, гуапэу дызэхущытыным, зыхузэ­фIэ­мыкIым дэIэпыкъуэгъу дыхуэхъун зэрыхуейм мы­хьэнэшхуэ зэриIэр ягу къыдогъэкIыж апхуэдэ ди нэтынхэмкIэ. Зыщыдгъэгъупщэ ­хъунукъым языныкъуэми псалъэ къудейкIэ зыгуэрым дызэрыдэIэпыкъуфынур.
- Ди зэманым радиом и мыхьэнэр сыт хуэдэу ­плъагъурэ?
- Япэрауэ, нэхъыжьхэм деж­кIэ радиом едэIуэныр ­нэхъ тыншщ. ЕтIуанэрауэ, радиом къалэн куэд егъэ­защIэ: узэредаIуэм хуэдэу, уи Iуэху зепхуэжынуи абы ­Iэмал ­къует. 
- ХъыбарегъащIэ Iэмалхэм кIуэ пэтми зэрызаужьым къыхэкIыу, радио лэжьакIуэм и IэщIагъэр жьы хъункIэ утешыныхьыркъэ, Алинэ?
- Абыи семыгупсысауэ сху­жыIэнукъым. СыкъызытеувыIар мыращ: къэхъунум сыхуэмыпIащIэу, иджыпсту сфIэгъэщIэгъуэным селэ­жьы­нырщ.
- Алинэ, уэ езым зэры­жыпIащи, къывэдаIуэхэм фи чэнджэщхэр куэдрэ ­къагъэсэбэп. Абы теухуауэ жэуаплыныгъэ зэрыфхьри зыхэпщIэу къыщIэкIынщ?
- Ар шэч зыхэмылъщ. Си дежкIэ, си лэжьэгъухэми хуэдэу, мыхьэнэшхуэ зиIэр къыдата хъыбар псори пэжу, щхьэпэу щытынырщ. Эфирым фIыуэ зыхэдмыщIыкI, хъыбар нэпцI зэи дгъакIуэркъым. Мы зэманым радиом и лэжьакIуэхэр псори зэгъу­сэу догупсыс иджыри къы­хэд­гъэхьэну нэтын щхьэпэ­хэм. 
- Уи IэщIагъэм къищы­нэмыщIа, сытым иджыри удихьэхрэ?
- ЛэжьапIэм сыщымыIэмэ, зыгуэр Iэмал имыIэу сопщэфI, псом хуэмыдэу тхьэ­вым къыхэщIыкIауэ. Лъэпкъ, щэнхабзэ зэхуэмыдэхэр щы­зэхэухуэна унагъуэм сыкъыщалъхуну си насып къихьати, иджы шхыныгъуэ зэмы­лIэужьыгъуэхэр зэрапщэ­фIыр сфIэгъэщIэгъуэну зы-­­
зо­гъащIэ. 
- Упсэу Алинэ. Тхьэм уригъэфIакIуэ!
Епсэлъар 
БАГЪЭТЫР  Луизэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.08.2026 - 11:48

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

14.08.2026 - 14:11

Тыгъэ екIу, купщIафIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ра­лыгъуэр илъэси 100 зэрыри­къум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэп­сэ­ху­пIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI Кисловодск къалэм и сурэтыщI Лангуровэ

14.08.2026 - 11:10

ГуащIэщ къекIуэкIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэр

Щэбэт кIуам щIидзащ Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу командэ нэхъ лъэщхэр зыхэт еща-            нэ дивизионым щекIуэкI           зэхьэ­зэхуэм и етIуанэ               

14.08.2026 - 09:54

Хадэм и дахагъэр зи теплъэ

«Сигу ирохь» студием гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ: IуэхущIапIэр зей Хьэ­цIыкIу Милэрэ Жэбалы Заирэрэ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ, «Жыг хадэм» фIэщыгъэр хуащI­ри.

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.