Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр. Коллегием и зэIущIэм кърихьэлIащ Урысей Федерацэм и Прокуратурэ нэхъыщхьэм Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэмкIэ и Управленэ нэхъыщхьэм - КИФЩI-м щиIэ управленэм и унафэщI Болдыревэ Еленэ.
Коллегием и лэжьыгъэм хэтащ республикэм и прокурорым и къуэдзэхэр, щIыналъэ прокуратурэм и IэнатIэхэм я унафэщIхэр, оперативнэ гупыр, къалэхэмрэ районхэмрэ я прокурорхэмрэ абыхэм я къуэдзэхэмрэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурор Хабаров Николай зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ щIыналъэм законымрэ хабзэмрэ ехьэлIа щытыкIэр зыщыхуэдэр, ахэр зэпIэзэрыту щытыным прокурор кIэлъыплъыныгъэм щигъэзащIэ къалэным. Абы къыхигъэщащ я лэжьыгъэм и унэтIыныгъэхэр УФ-м и Прокурор нэхъыщхьэм япэ игъэщыпхъэу къахуигъэувахэмрэ тету, республикэм и социально-экономикэ щытыкIэм кърикIуахэмрэ зэпалъытыжу зэраубзыхуар.
Прокурорхэм зэфIагъэувэжащ республикэм щыпсэухэм ящыщу мини 6,6-м щIигъум я хуитыныгъэхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэри хыхьэу. Гулъытэ хэха хуащIащ лэжьапщIэр зэратым. Сыт щыгъуи прокуратурэм и нэIэ ятетщ щIыхуэ зытелъ IуэхущIапIэхэу банкроту къалъытахэм, апхуэдэуи щIыналъэм и IэнатIэ нэхъ инхэм. ЛэжьапщIэ щIыхуэу сом мелуан 72-м щIигъу ирагъэпшынащ, лэжьакIуэ мин 1,5-м я хуитыныгъэхэр зэфIагъэувэжащ. Балигъ мыхъуахэм я хуитыныгъэхэр хъумэным пыщIа Iэмал псори къагъэсэбэпащ.
ПсэупIэ хуэныкъуэхэр къызэгъэпэщыным хухах щIыналъэ бюджетым сом мелуан 52,5-рэ хагъэхъуэныр пхагъэкIри, ар мелуани 173,4-рэ хъуащ. Абы и фIыгъэкIэ, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэ темыту къэнахэмрэ псэупIэхэр, апхуэдэуи федеральнэ, щIыналъэ псэупIэ сертификатхэр яIэрыхьащ.
Болдыревэ Еленэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ я хуитыныгъэхэр, цIыхухэм я социальнэ хуитыныгъэхэр, пенсэм, псэупIэм, лэжьыгъэм ехьэлIахэри хыхьэу, хъумэныр я къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу зэрыщытыр. Гулъытэ зыхуэщIыпхъэу къигъэлъэгъуащ лэжьапщIэмрэ пособиемрэ зэрыратыр, псом хуэмыдэу балигъ мыхъуахэм ехьэлIахэр, льготэ зиIэхэм хущхъуэхэмрэ зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэхэмрэ яIэрыхьэныр.
Апхуэдэуи жиIащ цIыхухэр фIагъ зиIэ коммунальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ къызэгъэпэщыным, инфраструктурэ объектхэр егъэфIэкIуэным, фэтэр куэду зэхэт унэхэр зыхуей хуэгъэзэным, лъэпкъ проектхэр пхыгъэкIыным Iэмал имыIэу хэкIыпIэхэр дыщIыгъун зэрыхуейр.
Коллегием и лэжьыгъэм кърикIуахэм япкъ иткIэ къащтащ прокуратурэм и кIэлъыплъыныгъэр егъэфIэкIуэным ехьэлIахэр къыщыгъэлъэгъуа унафэ, - къет КъБР-м и прокуратурэм и пресс-IуэхущIапIэм.
Зыгъэхьэзырар ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэщ.