ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр. Къэрал псом щыщ IэщIагъэлIхэр абы щызэхъуэжащ цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным зегъэужьыным и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу къалъы­тэ­хэмкIэ, егъэджакIуэхэм я ­зэ­фIэкIхэм хэгъэхъуэным, ­Iуэ­ху бгъэдыхьэкIэщIэхэр ­щIыналъэм и егъэджэныгъэ Iэ­натIэм щыхэпщэнымкIэ щы­­Iэ Iэмалхэм зэреплъымкIэ. Зэхуэсым и программэ иным - мастер-классхэм,  зэ­псэлъэныгъэхэм, лэ­жьэ­кIэ­щIэхэр утыку къыщ­ра­хьам - хэтахэм Iэмал ягъуэ­тащ методикэ пэрытхэм зыщагъэгъуэзэну, егъэ­джа­кIуэ­хэм я зэпыщIэныгъэхэр ягъэбы­дэну. 

КъБКъУ-м къыбгъэдэкIыу зэ­хуэсым щыIащ университетым ПедагогикэмкIэ, психо­логиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и унафэщI Михайленкэ Ольгэрэ ЩIэныгъэ-къэху­тэ­ныгъэ лэжьыгъэмрэ информатизацэмкIэ институтым и унафэщIым и къуэдзэ Багъ Риммэрэ. ТIури къыщыпсэ­лъащ унагъуэм егъэджэ­ныгъэ Iуэхум щиIэ мыхьэнэр щы­зэпкъраха утыкухэм ящыщ зым - «Iуэхум хэгъуэза адэ-анэхэр: пашэныгъэр къэбгъэ­сэбэпу щIэныгъэ щрагъэ­-гъуэт IуэхущIапIэм зэгурыIуэ­ныгъэ зэрепщIылIэнур». 
Гулъытэ хэха къыхуащIащ Михайленкэ Ольгэ «Псоми я Iуэху еплъыкIэм и къарур: ­зэгъусэу унафэ къэщтэным     и сэбэпынагъыр. ЕджапIэмрэ унагъуэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм къихьыр: зэфIэувэным пыщIа гугъуехьхэмрэ зыу­жьы­ныгъэм и хэкIыпIэхэмрэ» зы­фIища и докладым. Ольгэ и къэпсэлъэныгъэм тегъэщIапIэ хуищIащ, еджапIэмрэ ­унагъуэмрэ яку дэлъ иджырей зэпыщIэныгъэ нэпцIым къытекIыу, зэпсэлъэныгъэ зэIухам, сабийм зегъэужьынымкIэ лъэныкъуитIми яхь жэуап­лыныгъэр зэхагъэкIыу, щхьэж и къалэныр гъэзэщIэным хуэ­кIуэн зэрыхуейр. 
Доклад зыщIам зэпкъры­хауэ утыку кърихьащ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ зэтеублэным ­зэ­ран хуэхъу лъэпощхьэпо-хэр: адэ-анэхэм я психологие щIэ­н­ыгъэр зэрымащIэр, жьы ­хъуа гъэсэныгъэ щапхъэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, нэ-гъуэщIхэри. Абы къыдэкIуэу Михайленкэ Ольгэ къыхилъ­хьащ а гугъуехьхэр къызэ­нэ­кIыным ухуэзышэфыну тегъэ­щIапIэ пыухыкIахэр - зэпсэ­лъэныгъэм папщIэ школ ­медиа-платформэхэр къы­зэгъэпэщыным къы­щы­щIэ­дзауэ сабийм и зэфIэкIым теу­хуауэ зэгъусэу унафэ къэщтэным нэсыху. 
Багъ Риммэ и къэпсэлъэ­ныгъэр теухуат «Адэ-анэхэм психологие чэнджэщ етыныр и сэбэпщ абыхэми я Iэза-гъым хэгъэхъуэным, КъБР-м ис цIыхубэм зегъэужьыным» зыфIища къэхутэныгъэ-лэ­жьыгъэм кърикIуахэм. Къэп­щы­тэныгъэм къигъэлъэ­гъуащ: школакIуэхэм я адэ-анэхэм я Iуэху зехьэкIэр щы­хьэт тохъуэ абыхэм я пси­хологие щэнхабзэр зэ­ры­лъахъшэм, езыхэм я саби­игъуэм къыхаха гъэсэныгъэ Iэмалхэр жьы зэрыхъуам, егъэ­джэныгъэ ухуэкIэм къы­щыхъу ныкъусаныгъэхэр я щхьэм зэрырагъажэр.  А Iуэхугъуэхэм наIуэ къащI адэ-анэхэм зэпымыууэ ядэлэжьэ­ныр егъэджэныгъэр егъэфIэ­кIуэным мыхьэнэшхуэ зиIэ и Iыхьэу зэрыщытыр. 
«КъБКъУ-р «Урысейм и егъэджакIуэхэр» урысейпсо фо­румым зэрыхэтар цIыху-бэм щIэныгъэ егъэгъуэты-ным IэмалыщIэхэр щызэтегъэувэным хэлъхьэныгъэ ин хуэхъуащ - еджапIэмрэ уна­гъуэмрэ сабийм и зыужьыныгъэм и къару лъэщу зэ­рыщытыр къигъэлъагъуэу. КъБКъУ-р хьэзырщ педагогикэм ехьэлIа и ехъулIэныгъэ­хэмкIэ адрейхэм ядэгуэшэну, апхуэдэ дыдэуи нэгъуэщIхэм я Iуэху зехьэкIэхэр щапхъэу къищтэну. Гъэсэныгъэм и джэлэсхэр кIуэ пэтми нэхъ ­гугъу щыхъу лъэхъэнэм зэIухауэ, зэхуэдэу, жэуаплыныгъэ пылъу зэпсэлъэнырщ крити-кэ гупсысэкIэ яIэу, гъащIэр егъэфIэкIуэным хуэпабгъэу щIэблэр къэгъэхъуным лъабжьэ хуэхъуфынур», - къызэ­щIикъуэжащ и Iуэху еплъы­кIэхэр Михайленкэ Ольгэ.
 ШэрIужь  Даянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.

10.08.2026 - 09:30

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ

Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм иджы­благъэ щызэхэтащ «КъБР-м и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ» хэкупсэ лагерыр.

09.08.2026 - 11:22

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

АДЫГЕЙ. «Адыгэ хасэ - Шэрджэс парламент» жылагъуэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм хуэгъэпса стIол хъурей. 

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ