ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъумыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр.
Сыт хуэдизрэ тепсэлъыхьми, гу лърагъатэми, абыхэм я хъым ихуар мин бжыгъэ мэхъу. Мы Iуэхум псом хуэмыдэу тоунахъуэ иджырей технологиехэм мащIэу фIэкIа хэзымыщIыкI нэхъыжьыIуэхэр, гупсысапIэ кърамыту къызытегушхуэ курыт ныбжьым итхэр, балигъыпIэ имыува, жепIэр зи фIэщ хъу ныбжьыщIэхэр.
Апхуэдэ Iуэху мыщхьэпэм хэкIыпIэ къыхуагъуэтыну яужь ихьащ Бахъсэн къалэ администрацэм и лэжьакIуэхэр. Абыхэм ящыщ зыбжанэ я фIэфIыныгъэкIэ зэгухьэри, дружинэ къызэрагъэпэщащ. ЛэжьакIуэ гупым яхэтщ Урысейм и МВД-м и полицэм и участковэ уполномоченнэхэр.
Зи гугъу тщIыхэм уэрамхэм щрагъэкIуэкIащ телефонкIэ, интернеткIэ гъэпцIагъэ зезыхьэхэм зэрапэщIэт, киберщIэпхъаджагъэм жылагъуэр щыхъумэным теухуа Iуэху. ГъэпцIакIуэхэм зэрызыщахъумэ щIыкIэхэм цIыхухэр нэхъ куууэ щыгъэгъуэзэным щIэх-щIэхыурэ йолэжь гупыр. Акцэр щрагъэкIуэкIыну цIыху зэхуэсыпIэхэр къыхахащ, Бахъсэн къалэм щыпсэу нэхъыбэ къызэщIаубыдэн папщIэ.
Гупым хэтхэмрэ полицейхэмрэ зэпкърыхауэ цIыхухэм яхутепсэлъыхьащ интернетымрэ мобильнэ телефонхэмрэ къагъэсэбэпу щIэпхъаджащIэхэм ялэжь гъэпцIагъэ Iэмал нэхъ ин дыдэхэм, бзаджащIэхэм зэрызыщахъумэнум. Гулъытэ хэха хуащIырт банк картэхэм кърадыгъукIхэмрэ уи хъыбархэр хъумэн зэрыхуей щIыкIэхэмрэ.
ЛэжьакIуэхэм хъыбарегъащIэ тхылъымпIэхэмрэ буклетхэмрэ ягуэшащ, зи гугъу тщIы Iуэхум теухуа чэнджэщ щхьэпэхэр иту. Акцэм хэтхэм къыхагъэщащ хьэпшыпхэр къэщэхуным е Iуэхутхьэбзэхэр уасэ пудкIэ яхуэщIэным теухуауэ «фейдэ зыпылъ», гурыщхъуэ уэзыгъэщI жэрдэму къыхуагъэлъагъуэхэм зыщадзеймэ зэрынэхъыфIыр. Къалэдэсхэм быдэу жраIащ банк картэхэм тет бжыгъэхэмрэ реквизитхэмрэ зыми ирамыгъэщIэну, уголовнэ, административнэ законодательствэм и статьяхэм къыщыхьа мыхъумыщIагъэхэр къэмыхъун папщIэ.
Дарий Дахэнур.