ТекIуэныгъэ инхэм я лIыхъужьхэр

СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, гъэлъэ­гъуэ­ныгъэ гъэ­щIэ­гъуэн къы­щы­зэIуахащ, «Героям вели­ких побед посвящается» ­фIащауэ. Абы утыку къыщ­рахьа Iэдакъэ­щIэкIхэр, ­къанэ щымыIэу, езы IуэхущIапIэм и гъэтIылъыгъэхэм ящыщщ. 

- Псоми дощIэ «ЩыIэщ ап­хуэдэ IэщIагъэ – Хэкур хъу­мэн» псэлъафэр, ауэ щыIэщ абы нэхърэ мынэхъ мы­хьэнэншэ IэщIагъэ – Хэкум и хъумакIуэхэм зауэм щызыхащIэ гужьеигъуэ псори гъуазджэм и IэмалхэмкIэ ди деж къэхьэсыныр. ЦIыхубзхэми къалэн нэхъ мащIэ я пщэ къыдэхуэркъым зауэ зэманым, анэщ, щхьэгъусэщ, шып­хъущи, щIыбагъ быдэщ, - жиIащ зэIущIэр къыщызэ­Iуихым КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Му­хьэдин. – Мы гъэлъэгъуэныгъэр щхьэпэщ, зауэмрэ абы къихь гузэвэгъуэмрэ я дерсщи. Мамырыгъэ дыщремы­щIэ зэи, сабийхэр кърехъу узыншэу, губзыгъэу, гужьеигъуэр зи­щIысыр ямыщIэу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и депутат Бес­паловэ Наталье къыхигъэщащ ди тхыдэр цIыхуш­хуэ­хэмрэ текIуэныгъэ инхэмкIэ зэрыкъулейр, щIэблэщIэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ нобэрей Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэри- Iэр. Абы гъэлъэгъуэныгъэм ­кърихьэлIахэр къыхуриджащ гъуа­з­джэ IэдакъэщIэкIхэм къыт­хуаIуатэм фIыуэ егупсы­сыну, Хэкур зыхъумэхэм я Iуэху дахэ хъуну зэригуапэри жиIащ. 
Гъэлъэгъуэныгъэм IэмалыфI къует XVIII-XX лIэщIыгъуэхэм къриубыдэу Урысейм и дзэ хабзэхэм зэрызаужьам, ахэр щIэблэм зэIэпахыурэ къызэрыгъуэгурыкIуам укIэлъыплъыну. А псор наIуэу уи нэгу къыщIагъэхьэ графикэ, живопись, скульптурэ лэ­жьыгъэхэм, декоративно-прикладной гъуазджэм щыщ IэдакъэщIэкIхэм. Мыбдеж щып­лъагъунущ текIуэ­ны­гъэш­хуэхэмрэ Хэкур хъумэ­нымрэ къыгуэхыпIэ имыIэу зи цIэхэр епха императорхэм­рэ дзэзешэхэмрэ я сурэтхэм­рэ скульптурэхэмрэ. Гъэлъэгъуэныгъэм хэтщ зи статует­кэхэмкIэ, лъэпкъ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм я гъащIэм щыщ Iыхьэхэр, шыхэр, шыуейхэр зи лъабжьэ и IэрыкIхэмкIэ цIэрыIуэ Лансере Евгений и скульптурэ телъыджэхэр. 
Фарфорым къыхэщIыкIа хьэпшыпхэри пэшыр зэрагъэщIэращIэ къудейтэкъым, атIэ цIыхум и зэIузэпэщыгъэр къэзыгъэлъагъуэ, зэманым и «псэр», тхыдэ Iуэху­гъуэхэр, щэнхабзэ зыужьыныгъэр зыгъэнаIуэ къару гуэрт. 
Гулъытэ хэха выставкэм щыхуащIащ Хэку зауэшхуэр зи щхьэкIэ зыгъэунэхуа, абы хэта сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэм. Апхуэдэхэщ Третьяков Николай, Ваннах Михаил, Крымшамхалов Хьэмзэт, Трындык Николай, Дурнев Александр сымэ. Абыхэм я лэжьыгъэхэр сурэт къудейкъым, лIэщIыгъуэм и напэкIуэцIыр зэIухауэ къэзыгъэлъагъуэщ: зэуапIэм щащIа сурэтхэм, къэрэндащрэ фIамыщIкIэ къагъэщIа этюдхэм къагъэлъагъуэ псэ зэ­пылъхьэпIэ-гъэунэхупIэмрэ лIыгъэмрэ.
Хахуагъэмрэ Хэкум и ­хъумакIуэхэм хуащI фIыщIэ мыу­хыжымрэ хыдолъагъуэ зауэ нэужь лэжьыгъэхэм. Абы­хэм дыщеплъкIэ зыхыдощIэ гуапагъэ, а IэрыкIхэмкIэ щIэблэм хуахъумэ лIы­хъужьхэм я теплъэмрэ абыхэм я хахуагъэмрэ. 
ТхакIуэ, журналист, тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляровэ Марие игу къигъэкIыжащ иджыри ныбжьыщIэу япэ дыдэу мы музейм къы­щыщIыхьам абы и гъэтIылъыгъэ къулейр игъэщIэгъуауэ зэрыщытар. «СурэтыщI гъуаз­джэхэмкIэ музейм щахъумэ лIэщIыгъуэ блэкIахэм щыгъуэ ящIа IэрыкI телъы­джэхэр. Музейхэм, библиотекэхэми ещхьу, щахъумэр блэкIаракъым, атIэ къэкIуэнуращ, сыту жыпIэмэ абыхэм пщIэ хуэтщIмэщ лъэпкъым гъащIэ щиIэнур. Мыбы щы­волъагъу Хэку зауэшхуэм зэдыхэта усакIуэ цIэрыIуэхэу КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ я щIалэгъуэ су­рэтхэр. Крымшамхалов Хьэм­зэт и сурэтыр-щэ?! Iуэщ­хьэмахуэ лъапэ сыщыкIуэкIэ, Гундэлэн и деж сыкъыщоувыIэри, абы и «Скорбящий горец» IэдакъэщIэкIым сыбгъэдохьэ. АпхуэдизкIэ гуп­сысэ куэд къызэщIеубыдэ а скульптурэми, зэ Iэ дэзмы­лъэу сыблэкIыфыркъым. Жы­пIэнурамэ, мы гъэлъэ­гъуэ­ныгъэм хэлъ дэтхэнэ зы сурэтри гъащIэм и гимну «зэхыбох». Дунейм и дахагъэр къыфпкърыхьэу фи къэкIуэнум ар хэфхьэну сы­хуейщ»…
Гъэлъэгъуэныгъэм еплъыну хуейхэм апхуэдэ Iэмал фиIэщ гъатхэпэм и 22 пщIондэ.
ИСТЭПАН Залинэ. 
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.03.2026 - 09:14

Дрипсалъэ щхьэкIэ, къыдгурымыIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литерату­рэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, фи­лологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к

16.03.2026 - 09:12

ЗэгурыIуэрэ зэхэзагъэу

Черкесск къалэм дэт 9-нэ гимназием сыт щыгъуи иIэщ ­ехъулIэныгъэхэр. Абы щоджэ лъэпкъ куэдым къахэкIа, ауэ хьэлэмэту зэгурыIуэрэ зэхэзагъэу къызэдэгъуэгурыкIуэ щIэблэ.

16.03.2026 - 09:11

Ди бзэмрэ щэнхабзэмрэ ядж японхэми

Японием (Токио) щыщ къэфакIуэ икIи блогер, илъэс 20 зи ныбжь ­Нозаки Тайга Интернетым и социальнэ сайтхэм цIэрыIуэ щыхъуащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ­хэм я щэнхабзэм зэрыдихьэхымкIэ.

15.03.2026 - 09:03

Адыгэбзэм и IэфIыр зыхозыгъащIэ

«Бзэр лъэпкъым и псэщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Абы зе­гъэу­­жьыным, и пщIэр къэIэтыным, щIэблэм егъэщIэным темы­лажьэ зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым.
 

15.03.2026 - 09:03

Гулъытэ гуапэ

«Урысейм и гугъапIэхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубз зэгухьэныгъэм хэтхэм «Жако» фабрикэм къыщыщIагъэкI IэфIыкIэхэкIхэм ящыщ Белгород уIэгъэщым щылажьэ цIыхубз дохутырхэмрэ техникэ лэжьакIуэхэмрэ идж