Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм блыщхьэ кIуам щрагъэблэгъащ Ярыгин Иван и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Красноярск къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIа, килограмм 74-рэ зи хьэлъагъхэм я деж нэхъапэм къэмыхъуауэ япэ увыпIищыр щызыубыда БищIо Тимур, ЗэкIуий Анзор, Шэрий Иналбэч (сурэтым) сымэрэ я тренерхэмрэ. Ахэр яIущIащ республикэм и журналистхэм икIи абыхэм я упщIэхэм жэуапхэр иратащ, зэхьэзэхуэм тепсэлъыхьащ.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам жиIащ ди щIалэхэм я ехъулIэныгъэм икъукIэ зэрыщыгуфIыкIар икIи зэрыригушхуэр, гуапэуи хьэщIэхэм ехъуэхъуащ.
«БэнэкIэ хуитым дихьэххэм ящIэ Ярыгин Иван и Кубокыр къэпхьыным дапхуэдиз пщIэрэ щIыхьрэ пылъми. Абы щытекIуахэм Iэмал ягъуэт Европэм и чемпионатым хэтыну. Ди спортсменхэм ехъулIэныгъэфI дыдэхэр щызыIэрагъэхьащ Красноярск къалэм, уеблэмэ нэхъ пщIэ зыпылъ, зэныкъуэкъур щынэхъыбэ, килограмм 74-рэ зи хьэлъагъ гупым. Псоми гуапэу сынывохъуэхъу ди щалэхэм къагъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэхэмкIэ», - жиIащ министрым.
Ди бэнакIуэхэм я тренер ЗэкIуий Арсен тфIэхьэлэмэту деупщIат, финалым щызэхуэза ди щIалитIым – БищIо Тимуррэ ЗэкIуий Анзоррэ – яжриIа псалъэхэмрэ езы зэIущIэр къызэрыщыхъуамрэ зэдгъэщIэну. Абы и жэуапыр мыращ:
«Сэ щIалитIри си гъэсэнщ, абы къыхэкIыуи, я Iуэхум сыхэIэбакъым, зыми сыкъыщхьэщыжакъым, лейуэ зыри тезгъэгушхуакъым. Абыхэм я зэIущIэм кIэлъыплъар, чэнджэщхэр езытар езыхэм я ныбжьэгъухэрщ. ЩIалитIми ящIэн хуейр ящIэж, япэу зэхуэзэу аракъым – утыкум ихьэхэри, иджыри зэ зэбэнащ».
КIэух зэхьэзэхуэм икIын ипэ къихуэу ЗэкIуий Анзор къыпэщIэтащ Олимп джэгухэм я чемпион, бэнакIуэ цIэрыIуэ Сидаков Заурбэч. Ди гуапэ зэрыхъущи, ди щIалэм ар къихьащ. А зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIамрэ абы иужькIэ осетин щIалэм зэрыхагъэщIар къызэрыщыхъуамрэ тедгъэпсэлъыхьыну ЗэкIуийм зыхуэдгъэзати, къыджиIащ:
«Заурбэч щэнейрэ себэнащ. Иджырейми, сызэрытекIуэным схущIэкъуащ икIи абы зыхуэзгъэхьэзыращ. Апхуэдэ бэнакIуэ лъэщыр хэбгъэщIэну икъукIэ гугъущ, ауэ зы Iэмал гуэркIэ къэзубыдын схузэфIэкIащ. А зэIущIэм щхьэкIэ ар згъэхьэзырат икIи, и кIэм деж, згъэзэщIэну къызэхъулIащ. Дэ зыщIэдгъасэр, утыку дыщIихьэр апхуэдэ спортсменхэм датекIуэн щхьэкIэщ.
ЗэIущIэ нэужьым къуэшым хуэдэу IэплIэ къысхуищIащ Заурбэч. ЕтIуанэ махуэми хъарзынэу дызэпсэлъащ. ИкъукIэ щIалэфIщ, цIыхухъу нэс жыхуаIэхэм хуэдэщ ар. Сыт щыгъуи гуапэу дызэхущытщ».
Финалыр БищIом зэрыфIихьам Сидаковым и зэран хэлърэ хэмылърэ, абы къару лей тригъэкIуэда жыхуэтIэу, зэдгъэщIэну дыщеупщIам, Анзор жиIащ, а текIуэныгъэм уеблэмэ къару лей къызэрыритар икIи зэрытригъэгушхуар, ауэ Тимур нэхъ лъэщу къыщIэкIащ а махуэм.
КIэух зэхьэзэхуэм и адрей Iыхьэ ныкъуэм щызэхуэзат БищIомрэ Шэриймрэ икIи зэрытемыгъэкIуауэ, бжыгъэр 1:1-уэ, иухат ар. Ауэ, иужьрей баллыр Тимур къызэрихьам къыхэкIыу, текIуэныгъэр абы иратат. ЩIалэхэм тIуми жаIащ лъэщу зэрызэпэщIэтар, зым адрейр къызэрыпимыкIуэтар, ауэ Iуэхур апхуэдэу хъуащ.
ЩIалитIым я зэхьэзэхуэм теухуауэ тренер ЗэкIуий Арсен къыхигъэщащ бэнакIуэ лъэщхэр, я IэзагъкIэ зэхуэдэу, щызэхуэзэм деж текIуэныгъэр къэпхьыну куэдкIэ зэрынэхъ гугъур. Абдежым къарури, техникэри, акъылри псори зэхэплъхьэн хуей мэхъу, уи хьэрхуэрэгъур щыбгъэуэн е и щыуагъэ IэщIэкIар къэбгъэсэбэпу ар къэбубыдын щхьэкIэ. ЗэфIэкI нэхъ мащIэ зиIэ спортсменхэм ущебэным дежщ зэIущIэм и бжыгъэр 10:0-хэм хуэдэу къыщыпхуэхьыр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуищ текIуэныгъэм и лъагапIэм и теувапIищми зы зэпеуэм къриубыдэу зэрыдэкIуеяр къазэрыщыхъуамкIэ щIалэхэм дащеупщIам, БищIом жиIащ, абы фIэкIа а Iуэхум гъэщIэгъуэну нэгъуэщI гуэри зэрыхэмылъыр, сыту жыпIэмэ, езы спортсменхэм я дежкIэ адрей текIуэныгъэхэм ар къащхьэщыкIыркъым.
ЗэкIуий Арсен къыхигъэщащ Красноярск ежьэн ипэ къихуэу егъэджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэсу тIу зэрырагъэкIуэкIар, ерыщу абы зэрызыхуагъэхьэзырар. Абы къыхэкIыуи, щIыпIэ министерствэм фIыщIэ хуищIащ сыт и лъэныкъуэкIи къазэрыдэIэпыкъум, лъэIухэр гулъытэншэ зэримыщIым папщIэ.
Апхуэдэуи Арсен жиIащ УФ-м бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Владикавказ къалэм мыгувэу щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм, зи ныбжьыр илъэс 21-м щIимыгъуахэр щызэпеуэнум, зэфIэкI зыбгъэдэлъ ди щIалэ зыбжанэ зэрыхэтынур. Тренерым къыхигъэщащ зэман кIэщIкIэ ахэри ди командэ нэхъыщхьэм къыхыхьэну, нобэ ягъэлъапIэхэм къакъуэувэну, уеблэмэ я зэфIэкIхэмкIэ ящхьэщыкIыну зэращыгугъыр.
Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ бэнэкIэ хуитым и Iуэхур республикэм зыщыIутым, абы зэрызиужь щIыкIэм икIи къыхагъэщащ фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызытхъуэжым ди гъунэгъу шэшэнхэм, дагъыстэнхэм, осетинхэм гу зэрылъатар.
«БэнэкIэ хуитымкIэ ди командэм иджыпсту зиIэтащ. ТхузэфIэкIри дызыхунэмысари долъагъу, зэлэжьыпхъэхэри етхьэкIыркъым. КъБР-м БэнэкIэ хуитымкIэ и федерацэр куэд щIакъым къызэрызэрагъэпэщыжрэ икIи, си гугъэщ, дызэгъусэу куэд тхузэфIэкIыну», - жиIащ министрым.
ЗэIущIэм и кIэухым КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм къыбгъэдэкIыу Хьэсанэм фIыщIэ тхылъхэр яритащ ягъэлъэпIа спортсменхэм я тренерхэм.
Сурэтри тхыгъэри
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег ейщ