|
|
Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр
12 февраля, 2026 - 06:03
Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъумакIуэхэм.
Малкэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м фэеплъ щыхуагъэуващ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм хэта Ажий Исмэхьил.
Адрей школхэм фэеплъхэр къыщыхузэIуахащ нобэрей лIыхъужьхэм – Украинэм щекIуэкI Iуэху хэхам хэкIуэдахэм. Малкэ дэт курыт еджапIэ №1-м Дыгъужь Ислъам, Дзэлыкъуэкъуажэ и езанэ курыт еджапIэм – Агъу Русланрэ Къущхьэ Ризуанрэ, Къамылыкъуэ школым – Хьэщхъуэжь Артуррэ Шыбзыхъуэ Анзоррэ, Приреченскэм – Джэрыджэ Расул, Белокаменскэм – Беслъэней Тимур, Каменномост дэт ещанэ курыт еджапIэм – Шыбзыхъуэ Азэмэт, Сэрмакъ курыт еджапIэ №1-м – Пыл Алим сымэ.
Курыт еджапIэхэм щекIуэкIа Iуэхухэм хэтащ СВО-м къулыкъу щызыщIэхэр, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым республикэм щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр.
КъызэIуаха фэеплъ пхъэбгъухэм гъэсэныгъэ мыхьэнэ яIэщ. Пщэдджыжь къэс лIыхъужьхэм я сурэтхэр зылъагъу еджакIуэхэм ягу илъынущ мамырыгъэм и мыхьэнэр, Хэку лъагъуныгъэм и къарур, хэкупсагъэм лъэщ узэрищIыр, къуэшыгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ лъытэн зэрыхуейр. ЕджапIэхэм щыфIадза фэеплъ пхъэбгъухэр лIыгъэм и щапхъэщ.
Тхыгъэри сурэтхэри
ГУГЪУЭТ Заремэ
ейщ.
|
|
16.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к |
|
|
16.03.2026 - 09:12 Черкесск къалэм дэт 9-нэ гимназием сыт щыгъуи иIэщ ехъулIэныгъэхэр. Абы щоджэ лъэпкъ куэдым къахэкIа, ауэ хьэлэмэту зэгурыIуэрэ зэхэзагъэу къызэдэгъуэгурыкIуэ щIэблэ. |
|
|
16.03.2026 - 09:11 Японием (Токио) щыщ къэфакIуэ икIи блогер, илъэс 20 зи ныбжь Нозаки Тайга Интернетым и социальнэ сайтхэм цIэрыIуэ щыхъуащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм зэрыдихьэхымкIэ. |
|
|
15.03.2026 - 09:03 «Бзэр лъэпкъым и псэщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Абы зегъэужьыным, и пщIэр къэIэтыным, щIэблэм егъэщIэным темылажьэ зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым.
|
|
|
15.03.2026 - 09:03 «Урысейм и гугъапIэхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубз зэгухьэныгъэм хэтхэм «Жако» фабрикэм къыщыщIагъэкI IэфIыкIэхэкIхэм ящыщ Белгород уIэгъэщым щылажьэ цIыхубз дохутырхэмрэ техникэ лэжьакIуэхэмрэ идж |
|