«Си лъахэ - Къэбэрдей-Балъкъэр» фестивалым

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мазаем и 8-м щекIуэкIащ «Си лъахэ - Къэбэрдей-Балъкъэр» республикэ фестиваль-еп­лъы­ныгъэр зэрызэхуащIыж концертыр. Ар трау­хуащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсым. 

IуэхущIапIэм и пэIущIэ пэшым щагъэуват фестивалым хэт гупхэм я лэжьыгъэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ ятеухуа гъэлъэгъуэныгъэ. Концертым къекIуэлIахэр абдежым лъэпкъ макъамэкIэ щрагъэблагъэрт.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ рай­онхэмрэ я уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гуп щэ бжыгъэхэр фестивалым и иужьрей Iыхьэм щызэхуэсащ, республикэм и щэнхабзэ ­хъугъуэфIыгъуэхэр, лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр ягъэлъэгъуэн папщIэ. 
- ЦIыхубэ творчествэм и махуэшхуэм хэтхэмрэ абы къекIуэлIахэмрэ фIэхъус гуапэ фызох! Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я дахагъэм ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ зэ­ры­дахьэхым, театреплъхэм я пащхьэм я зэ­фIэкI­хэр зэрыщагъэлъагъуэм удахьэх, - жи­Iащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр ­Къумахуэ Мухьэдин пшыхьыр къыщызэIуихым. - Фестивалым хэта дэтхэнэри текIуауэ къы­долъытэ, щIыналъэм щыпсэухэм я гур зэрыхэвгъахъуэм, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэ­хэр утыкум зэрыщывгъэлъагъуэм папщIэ!
Министрым фестивалым и буклетхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ яритыжащ Бахъсэн, Дзэ­лыкъуэ, Лэскэн, Май, Прохладнэ, Тэрч, Аруан, Шэджэм, Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ щIыналъэ­хэм, Бахъсэн, Налшык, Прохладнэ къалэхэм щыщу зэфIэкI зиIэ гупхэм. Ансамблхэм зэ­рыхуэупса дамыгъэхэр я щыхьэтщ ахэр гъуазджэм зэрыхуэпэжым, я зэфIэкIым зэрыха­гъахъуэм, республикэм и цIыхубэ щэнхабзэр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымрэ хэлъ­хьэ­ныгъэ зэрыхуащIым.
Пшыхьым гукъинэжу зыкъыщагъэлъэ­гъуащ фестивалым и кIэух концертыр зыгъэдэха артистхэм. Ар и щыхьэтт лъэпкъ хабзэхэр хъумэным, ахэр щIэблэм я деж нэ­хьэсыным мыхьэнэшхуэ зэраIэм, цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр зэрагъэбыдэм, щIыналъэм исхэм я щэнхабзэм зэрыригушхуэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ. 
Сурэтыр  Къарей Элинэ  трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.09.2026 - 09:30

Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ.

15.09.2026 - 09:26

ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ.

15.09.2026 - 09:24

«Дыгъужьы­къуейм» и хьэщIэщыбжэр зэIуех

Аушыджэр (Дыгъужьы­къуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъап­сэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ.

14.09.2026 - 09:26

Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ.

14.09.2026 - 09:24

Республикэр хуэхьэзырщ хэхыныгъэхэм

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ республикэм и Хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и Президиумым и япэ бжьы­хьэ зэIущIэр.