Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым блэкIа тхьэмахуэр хуабжьу купщIафIэу щекIуэкIащ. Мы тхыгъэм къыщызэщIэткъуэжынщ а махуэхэм къриубыдэу зэхэта зэхуэсхэм ящыщу нэхъ гъэщIэгъуэну щытахэр.
ЩIэныгъэм и тхьэмахуэр къыщызэIуахым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ проректор, химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАН-м и профессор, член-корреспондент Хьэ-шыр Светланэ къызэхуэсахэм къахуеджащ КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ Iуэхум хэтынухэм зэрызахуигъазэм. Абы къыхигъэщащ еджапIэ нэхъыщхьэр технологиещIэхэмрэ иджырей егъэджэныгъэ Iэмалхэмрэ нэхъ псынщIэу хуэкIуэн папщIэ «Университет 2.0» жыпхъэр егъэджэныгъэм зэрыхапщэр.
ДяпэкIэ гулъытэ хэха хуащI щIэуэ къежьэ Iуэхугъуэхэмрэ ахэр къэзыгъэсэбэпхэмрэ зэманым декIуу щытыным, егъэджэныгъэ Iуэхум и лантIагъым, ар нэхъ тынш, ауэ нэхъыбэ къызэщIэзыубыдэ щIыным. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIым и псалъэхэм къыхэщащ университетым щекIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэр зэрыиныр. КъБКъУ-м иIэщ щIэныгъэ центру 7-рэ студент щIэныгъэ зэгухьэныгъэу 14-рэ. Университетым щIэныгъэ унэтIыныгъэу тхум щолэжь. Иужьрей илъэсищым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, опытно-конструктор лэжьыгъэхэм къапэкIуэ хэхъуэм процент 58-кIэ хэхъуащ.
«УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр 2030» лъэпкъ программэм ипкъ иткIэ университетым щагъэзащIэ щIэныгъэм дуней псом щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм ятещIыхьа, мыхьэнэшхуэ зиIэ технологие проект. КъэхутакIуэ ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэIуахащ экспериментариумыр, абы екIуалIэхэр дэлэжьэфынущ Уры- сейм щIэныгъэхэмкIэ и академием Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ и Институтым.
Ректорым къызэрыхигъэщамкIэ, а тхьэмахуэр егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ я щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм и Iыхьэ хъуащ. Абы и къалэныр щIалэгъуалэр щIэныгъэм хэшэнырщ, я зэфIэкIхэмкIэ зэхъуэжэнырщ, щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм щаIэ ехъулIэныгъэхэр утыку къихьэнырщ.
«Зыми хузэфIэкIынукъым цIыхур щIэныгъэлI ищIыну, ауэ студент илъэсхэм дэтхэнэми бгъэдэлъ зэфIэкIыр, зэчийр наIуэ къищIыфынущ. ЩIэныгъэм и тхьэмахуэр, мис апхуэдэ щIэныгъэ зэфIэкIхэр къызыкъуэхынымкIэ сэбэп мэхъу. ЩIэныгъэм и тхьэмахуэм хэт псоми сехъуэхъуну сыхуейщ купщIафIэу лэжьэну, зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр, гупсысэщIэхэр, зыхуагъэувыжа мурадхэр гъэзэщIэнымкIэ ехъулIэныгъэхэр яIэну», - къыхигъэщащ КъБКъУ-м и ректорым и фIэхъус псалъэм.
А махуэм Темыркъаным и цIэр зезыхьэ Щэнхабзэ центрым щагъэлъэгъуащ дуней псом щыцIэрыIуэ щIэныгъэлIхэм я псэукIам, ящIа лэжьыгъэхэм ятеухуа «Россия - лаборатория мира» документальнэ фильмыр.
Тхьэмахуэ блэкIам университетым щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм ящыщт Инновацэхэр дэIыгъынымкIэ фондым и щIыналъэ къудамэм и лIыкIуэхэр университетым и медицинэ академием и студентхэм, ординаторхэм, аспирантхэм зэрахуэзари. Абыхэм лекцэ къахуеджащ Москва дэт физико-техникэ институтымрэ Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и Урысей университетымрэ я профессор Балакин Константин. Ди щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я къэхутэныгъэхэм кърикIуахэр утыку кърахьащ.
Апхуэдэ зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр езыгъэкIуэкIахэм яхэтт, КъБКъУ-р къэзыуха, къэралым ехъулIэныгъэшхуэхэр щызыIэрызыгъэхьа щIэныгъэлIхэри. Псалъэм папщIэ, РАН-м Теорие, экспериментальнэ биофизикэмкIэ и институтым и лабораторэм и унафэщI Попов Антон жиIащ щIэныгъэ гъуэгум техьэнымкIэ ди университетыр сэбэп зэрыхъуар. «Укъыщалъхуа щIыналъэм ущеджэныр фIыщ, Iыхьлыхэр гъунэгъущ, ахэр студентыгъуэ илъэсхэм хуабжьу къыбдоIэпыкъу. Ахэращ ипэкIэ укIуэтэну къару къозытыр. МыдэкIэ укъэIэбэмэ, КъБКъУ-м сащыхуэзащ щIэныгъэм сыдезыгъэхьэха егъэджакIуэхэм. Абыхэм дытрагъэгушхуэрт, ди къарум и инагъымрэ куэд зэрытхузэфIэкIынумрэ ди фIэщ ящIыфащ. Ауэ студент проектхэмрэ стартапхэмрэ иджыпсту хуэдэу куэду, зэIухауэ, сэбэп хъууэ щытакъым. Дэ диIа Iэмалхэр нэхъ мащIэщ. Апхуэдэу, лъабжьэ быдэ тхуэхъуащ ди егъэджакIуэхэм я гулъытэр. Сэ япэ курсхэм биомедицинэм нэхъ сыдихьэхырти, абы сыхэзышар си егъэджакIуэу щыта Гъуэгузокъуэ Тимур, Козьминов Сергей, Биттуевэ Мади-нэ, Пэрыт Анзор сымэщ. IэщIагъэ схуэхъуам, адэкIэ зэрызезгъэужьыфынум шэч къытрахьакъым Акки- зов Азэмэт, Хьэщхъуэжь Дианэ сы-мэ. ЕгъэджакIуэ псоми фIыщIэшхуэ яхузощI я гуащIэмрэ гулъытэмрэ папщIэ», - жиIащ абы.
Ди лъахэгъу Попов Антон нобэ дуней псом щыцIэрыIуэ щIэныгъэлIщ. Ар УФ-м и Президентым ЩIалэгъуалэр хамэ къэралхэм щегъэджэнымкIэ и стипендием и лауреатщ, и Iэзагъым щыхигъэхъуащ Европэм и щIэныгъэ центр нэхъыщхьэхэм. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием 2023 гъэм ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм папщIэ дыщэ медалыр къыхуигъэфэщащ Антон. 2022 гъэм щIалэм къызэригъэпэщащ Тераностикэмрэ ядернэ медицинэмкIэ лабораторэ, ар зытеухуар биомедицинэ материал-хэр зэхэлъхьэнырщ, лышх узыфэхэр зыпкърытхэм адрон терапиемкIэ зэреIэзэ IэмалыщIэхэр къэлъыхъуэнырщ. Сыт хуэдиз лэжьыгъэ пэрымытми, Антон япэу щеджа университетым хуиIэ пыщIэныгъэр игъэкIуэдыркъым. Ар щылажьэ институтыр (РАН-м и ИТЭБ) ARIADNA еджапIэ зэхэту Дубнэ щыIэм хеубыдэ. ЩIалэр щогуфIыкI а гупышхуэм КъБКъУ-ри щыщ зэрыхъуам, дяпэкIэ зэгъусэу проектхэр ящIынущ, зыкъом щIауи щIэныгъэ лэжьыгъэхэр зэдащI КъБКъУ-м Математикэмрэ естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и институтым и кафедрэм и доцент Аккизов Азэмэт-рэ абырэ.
Иджырей университетым и гугъу щищIым Попов Антон жиIащ: «Нобэ студентхэм я щIэныгъэ гупсысэхэм зрагъэужьынымкIэ, ахэр гъащIэм хапщэнымкIэ Iэмал нэхъыбэ яIэ хъуащ. Иджыпсту щытыкIэхэр ефIэкIуащ, студентхэр занщIэу пэрыхьэ хъунущ щIэныгъэ проектхэр гъэзэщIэным. Абы папщIэ фIыуэ зызыу-жьа унэтIыныгъэхэр иIэщ университетым». ЩIэныгъэм зи гъуэгу щызыублагъащIэ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм Антон чэнджэщ ярет егугъуу еджэну, ипэжыпIэкIэ ягу ирихь IэнатIэр къыхахыну, абы папщIэ уи зэфIэкIым укъигъэгугъэу уи мурадхэм ерыщу ухуэкIуэн хуейуэ аращ.
ЩIэныгъэм и тхьэмахуэм хыхьэу, Урысей щIэныгъэм и махуэм траухуэри, КъБКъУ-м АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым и студент проект нэхъыфIхэм я гъэлъэгъуэныгъи къызэIуахат. IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм лэжьыгъипщI хуэдиз утыку кърахьащ: лъэпкъ дамыгъэхэр къызытещ фэилъхьэгъуэхэм къыщыщIэдзауэ псэупIэ комплексхэмрэ жылагъуэ щIыпIэхэмрэ я макетхэм нэс.
«Гъэлъэгъуэныгъэм и мурад нэхъыщхьэр ди студентхэм я зэфIэ-кIыр цIыхубэм я пащхьэ итлъхьэ-нырщ. ЩIэныгъэм и тхьэмахуэм хиубыдэу еджакIуэхэр IущIэнущ республикэм и архитектор пажэхэм. Дэ дыхуейщ щIалэхэм IэщIагъэлIхэм я деж зыщагъэсэну, зэгъусэу проектхэр ирагъэжьэну», - жиIащ КъБКъУ-м АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым и унафэ-щIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Султановэ Аминат.
Институтым и егъэджакIуэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ студентхэм я IэдакъэщIэкIхэр къалъытащ икIи къыхагъэщащ я щIэныгъэ гупсысэхэр хъарзынэу гъуазджэм, дизайным, архитектурэм зэрыхапщэфыр. ЦIыхухэм гулъытэ хэха хуащIащ «Архитектурэ» унэтIыныгъэм и 2-нэ курсым щеджэ Кулиевэ Лимэ и проектым. Авторым «щэнхабзэ центр ищIат», и кIуэцIымкIи, и щIыбагъымкIи я теплъэр плъагъуу. Пщащэм жиIащ гъэлъэгъуэныгъэм езым и зэфIэкIыр утыку къыщрихьэну, нэгъуэщI еджакIуэхэм я лэжьыгъэхэм зыщигъэгъуэзэну Iэмал зэриIэм зэрыщыгуфIыкIыр. 4-нэ курсым щеджэхэу Жабоев Ахъмэтрэ Тэнащ Аскэррэ утыку кърахьащ студент зэпеуэм хуагъэхьэзыра, Белгород щIыналъэр инженеркIэ зэIузэпэщ щIыным теухуа проектыр. Мазэрэ ныкъуэм къриубыдэу, я егъэджакIуэхэм я нэIэ щIэту щIалэхэм проектыр зэрагъэпэщащ, абы лъабжьэ хуэхъунур яубзыхуащ. Абы я лэжьыгъэм щыболъагъу зыплъыхьыпIэхэр, унагъуэ зыгъэпсэхупIэхэр, спорт утыкухэр, амфитеатр хуэдэхэр.
- Белгород и уэрамыр зэIузэпэщ щIыным и дизайн-проектым и ухуэкIэр а хьэблэм щыпсэуа усакIуэ Есенин Сергей и цIэм епхащ икIи абы и усэхэр зытеухуа теплъэ гуэрхэр хэдгъэхьащ, - жеIэ Жабоев Ахъмэт. - Мыхьэнэ идот бульварым къыщызыкIухь дэтхэнэми Хэкум щыщ Iыхьэу зэрыщытыр зыхищIэным.
МенеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэ индустриемкIэ институтым стIол хъурей гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ, къэрал, муниципальнэ ухуэкIэхэмрэ щIыналъэр зегъэкIуэным пыщIа гугъуехьхэмрэ ятеухуауэ. Студентхэм я презентацэхэм хэтт Африкэ Ипщэ Республикэ, Германие, Шотландие хуэдэ къэралхэм я ухуэкIэр щызэпкърах лэжьыгъэхэр. «Муниципальнэ управленэ» унэтIыныгъэм и 3-нэ курсым щеджэ, дискуссие клубым хэт Куликовэ Валерие тепсэлъыхьащ БРИКС зэгухьэныгъэм хэт Африкэ Ипщэ Республикэм.
«А къэралым и зэхэлъыкIэр куууэ зджа нэужь, ЮАР-м теухуа си гупсысэм зихъуэжащ. Сэ къэсщIащ абы властым и системэр зэрыщызэхэлъыр, я хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ я гъэпсыкIэр. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар къалащхьищ зиIэ къэрал телъыджэщ: Преториер административнэщ, Кейптауныр хабзэубзыхущ, Блумфонтейныр судщ», - жиIащ пщащэм.
Къыхэгъэщыпхъэщ а институтым щызэхэт дискуссие клубыр 2023 гъэ лъандэрэ зэрылажьэр, студентхэм щIыналъэхэм я къэрал, муниципальнэ ухуэкIэмкIэ къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкI. Институтым и унафэщI Лыджыдэ Рэмэзан зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ къэхутэныгъэр псом хуэмыдэу сэбэпщ гъуэгуанэм теухуа блогхэр езыгъэкIуэкIыну, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я щхьэхуэныгъэхэм цIыхубэр щыгъуазэ зыщIыну зи мурадхэм я дежкIэ.
Тхьэмахуэм къриубыдэу пресс-конференцхэр, стIол хъурейхэр, семинархэр, лабораторэ зэIухахэр, зэпсэлъэныгъэхэр, мастер-классхэр екIуэкIащ. Абы хэтахэм Iэмал яIащ я зэфIэкIхэмкIэ зэхъуэжэну, мыхьэнэ нэхъ зиIэу къалъытэ щIэныгъэ Iуэхухэм тепсэлъыхьыну.
ШэрIужь Даянэ.