Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Патрушев Дмитрий иригъэ­кIуэкIа зэIущIэм хэтащ   Урысей Федерацэм граждан зыхъу­мэжыны­гъэм­кIэ, къы­зэры­мыкIуэ щы­тыкIэ гугъу­хэмрэ дуней къэхъу­къащIэ шынагъуэхэм кърикIуэхэр гъэзэкIуэжынымкIэ и министр Куренков Александррэ УФ-м щIыуэпсым и хъу­гъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Козлов Александррэ. 
Зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэ­хэр псыежэххэр къиункIэ, мафIэсхэр къэхъеинкIэ нэхъ щышынагъуэ лъэхъэнэм ­зы­хуэгъэхьэзырын зэрыхуей щIыкIэхэрщ, дызэрыт илъэс­­ми абы ипэкIи гъатхэм псыежэххэм зэрызаубгъу щIыкIэм, мафIэсхэр нэхъ къыщыхъу лъэхъэнэм елъы­тауэ, абыхэм зэрапэщIэт ­гидротехникэ Iэмэпсы­мэ­хэм­рэ къинэмыщI Iэмалхэмрэ зэрагъэхьэзырыпхъэм къы­хэкIыу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым псыр къиункIэ шынагъуэу щыщытыр мэлыжьыхьымрэ фокIадэмрэ я зэхуакурщ. Илъэс блэкIам апхуэдэ щытыкIэ гугъухэм республикэр щахъумэну Iэмал зрагъэгъуэтащ. Дызэрыт илъэс­ми республикэм и псыежэх псоми псыр къиункIи зэрыхъунум хуэгъэза лэжьы- гъэ щрагъэкIуэкIынущ. Абы къы­зэ­щIиубыдэнущ километри 9-м нэс. 
Илъэс блэкIам мэзхэм ящыщу зыри мафIэсым зэ­щIищтакъым. Иджыпсту гъэм и кIуэцIкIэ мафIэ­сым щыхуэсакъыпхъэ зэ­маным зыхуагъэхьэзыр, ар къамыгъэхъун папщIэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, район, къалэ псоми мафIэсым зэрыпэщIэувэ Iэмэпсымэхэр хьэзыру щаIыгъ зэпытщ. Мэзыр мафIэм зэщIищтэ хъумэ, къагъэсэбэпыну техникэр зэ­пэщщ, лэжьакIуэхэр я IэнатIэм Iутщ. 
ЦIыхухэм мэз лъапэхэм зыщыщагъэпсэхукIэ, мафIэм иримыджэгуну, абы нэхъ набдзэгубдзаплъэу ­хуэсакъыным хуэгъэхьэзы­рын зэрыхуейми и гугъу ящIащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.