ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэпеуэм и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъсэнёнкэ къуажэм и къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ унафэщIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.
Зэхьэзэхуэм хэтащ къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ гупи 158-рэ, илъэси 3-м щыщIэдзауэ 35-рэ ныбжьым итхэр.
«Къэсей-гуп» ансамблым лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр ящыгъыу къэпщытакIуэ гупым хэтхэм я пащхьэм щагъэлъэгъуащ «Къафэ», «Гуащэ гъасэ», «ЩIалэгъуалэ къафэ» теплъэгъуэхэр. Абы къыхуагъэфэщащ Гран-при саугъэт нэхъыщхьэр, етIуанэ нагъыщэ зиIэ лауреат зэрыхъуам щыхьэт техъуэ щIыхь тхылъитI щIыгъуу. Мыр ансамблым и япэ текIуэныгъэщ. Фестиваль-зэпеуэр иухмэ, гупыр ирагъэблэгъэнущ Сочэ къалэм бадзэуэгъуэм и 20-м щыщIэдзауэ 25-рэ пщIондэ щекIуэкIыну кIэух зэхыхьэм.
- Къытхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр ансамблым хэт дэтхэнэ зыми и фIыгъэщ. АдэкIи пытщэнущ ди лъэпкъым и къафэ хабзэхэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ, - жиIащ Хьэкъул Ибрэхьим.
БЖЬЫХЬЭ Розэ.