Иджыри зы щIалэгъуалэ къудамэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым къыщызэIуахащ къэралым и щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зы - «Урысей зэкъуэтым и ЩIэблэ гвардие» урысейпсо жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и къудамэщIэ.

ЗэIущIэм хэтахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБКъУ-м и проректор ГъукIэпщокъуэ Мурат. Абы къыхигъэщхьэхукIащ университетым ныбжьыщIэхэм щагъакIуэ илъэсхэр къэухьым, къарум, лъэ быдэкIэ увыным я зэману зэрыщытыр. «Комсомол лэ­жьыгъэм нэхъыщхьэу къыхэсхар цIыхухэр зэпсэлъэфу, зым адрейр зэхихыу зэрыщытыпхъэрщ. Ар цIыхур жылагъуэм хэзыгъэзагъэ, жэуап­лыныгъэр зыхезыгъащэ дуней тетыкIэщ. Зэманым зе­хъуэж, ауэ зимыхъуэжу къонэ Хэкур фIыуэ лъагъуныр, нэхъы­жь­хэм пщIэ яхуэ­щIыныр, къыщалъхуа щIыналъэм хуэпэжыныр. Но­бэ псом хуэ­мыдэу гулъытэшхуэ зыхуэщIыпхъэр щIэблэм я гум хэкупсагъэр илъхьэнырщ, ахэращ къэкIуэну гъунэгъум адэ-анэ, Iэ­щIагъэлI, щэнхабзэмрэ хабзэмрэ я хъумакIуэ хъунур. Дэ нэ­гъуэщI­хэм я дуней тетыкIэм зыкIэрытщIэн хуейкъым. Дэ ды­зэрыхуейуэ, ди щэнхабзэмрэ хабзэмрэ декIуу дыпсэуныр нэхъ пэжщ», - къыхигъэщащ ГъукIэпщокъуэм. Абы къэралым и шынагъуэншагъэр къызэзыгъэ­пэщхэм фIыщIэ яхуищIри, щIалэгъуа­лэр еджэну, еплъыкIэщIэхэр, хэкIыпIэщIэхэр къагъэщIыну, къэ­кIуэнур яухуэну хуитыныгъэ ин зэраIэр яжриIащ. 
Студентхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и еханэ зэхуэсыгъуэм и депутат, «Уры­сей зэкъуэтым и ЩIэблэ гвардием» и лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым хэт, зэгухьэныгъэм и щIыналъэ штабым и уна­фэщI Абазэ Альбэч. Ар тепсэлъыхьащ зэщIэхъееныгъэм и му­радхэмрэ и лэ­жьыгъэмрэ, КъБКъУ-м япэ къудамэ къы­щызэIухыныр республикэм и студент щIалэгъуалэм я гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ Iуэ­хугъуэу зэрыщытыр къыхигъэщу. Абазэм зэрыжиIамкIэ, ЩIэблэ гвардиер «Урысей зэкъуэт» партым и щIалэгъуалэ къудамэщ, псэукIэр егъэфIэкIуэным ехьэлIа IуэхухэмкIэ, волонтёр жэр­дэмхэмкIэ, хуэныкъуэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу ­хъууэ.
«2022 гъэм ди зэгухьэныгъэращ хуит къащIыжа щIыналъэхэм япэ дыдэу волонтёрхэр зыгъэкIуар, гугъуехь пэщIэхуа цIыхухэм ядэIэпыкъун папщIэ», - жиIащ абы. Абазэ Альбек ехъуэхъуащ ­къудамэщIэм и унафэщIу хаха Балъкъыз Альберт ехъулIэныгъэхэр иIэну, икIи жриIащ щIыналъэ штабым университетым щыIэну ­къудамэм сыт и лъэныкъуэкIи зэрызыщIигъэкъуэнур. 
Зэхыхьэм и кIэухыу «Урысей зэкъуэтым и ЩIэблэ гвардие» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и япэ къудамэр университетым къыщызэIухыным теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ. 

Шыпш Даянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.