КъБР-м Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм щызэхуэсащ абы хэтхэр, кърагъэблэгъащ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым информполитикэмкIэ и къудамэм и унафэщI, КъБР-м и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, «Мечты сбываются» фондым и унафэщI Магомедовэ ФатIимэ.
Зэхуэсым хэтхэр тепсэлъыхьащ Фатимэ «Город лысых» зыфIища, рассказитIу зэхэт тхыгъэм. Ар «Литературная Кабардино-Балкария» журналым къытехуащ.
Зи рассказхэр цIыхухэм щIэщыгъуэ ящыхъуа бзылъхугъэм итхащ усыгъэрэ прозэрэ щызэхуэхьэса тхылъищ. Зэгухьэныгъэм хэтхэр зытепсэлъыхьыну къыхаха рассказитIыр зэманым пэджэжу, цIыхухэр куэдрэ зрихьэлIэ Iуэхугъуэхэр къызэпкърахыу гъэпсащ. Аращ ахэр щIэзыджыкIахэм зи IэдакъэщIэкI тхакIуэр къыщIрагъэблэгъар.
Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм Магомедовэм иратащ художественнэ тхыгъэм и гупсысэр зэрыхуэкIуам, усыгъэмрэ прозэмрэ нэхъ пэгъунэгъум, и рассказхэм къыщиIэт Iуэхугъуэхэм я къежьапIэм, и художественнэ лIыхъужьхэм ярит шыфэлIыфэхэм, тхэну гукъыдэж къезыт Iуэхугъуэхэм яятеухуа упщIэхэр. Къызэхуэсахэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ ФатIимэ и нэIэ щIэт псапащIэ фондым и лэжьыгъэм, кином и техыкIэм, художественнэ тхыгъэм тхакIуэмрэ щIэджыкIакIуэмрэ зэрызэпищIэм теухуауэ жиIахэр.
Тхыгъэри сурэтри
ГЪУЭТ Синэ ейщ.