Сыт хуэдэ Iуэхуми къытрегъэзэж, сыт хуэдэ гупсысэри щIэрыщIэу утыку къохьэж, жиIэгъат пасэрей гупсысакIуэ гуэрым. Языныкъуэхэм щIэныгъэр ухуэныгъэм ирагъэщхь, къагъуэтыр лъагэу дращIейуэ, ауэ, ипэжыпIэкIэ жыпIэмэ, ар зэпымычу зэтралъхьэ-зэтрахыжу екIуэкI лэжьыгъэщ - къэхута хъуам щIэрыщIэу щыхэмыплъэж, щIэщыгъуэхэр щыхамылъхьэж куэдрэ къэхъуркъым. Арыххэуи, щIэныгъэр къэхутакIуэхэр зэи зытемыкI лъагъуэщ, зи кIэн къикIым, гъэщIэгъуэн къэзыгъуэтым и кIуапIэхэр гъуэгушхуэм хуишэжу.
КъытщIэувэ щIэблэм псоми яIэщ апхуэдэ Iэмал, гъуазэрэ унэтIакIуэрэ ягъуэтмэ, я гупсысэкIэм, Iуэху еплъыкIэм, дуней лъагъукIэм заубгъуфыну, лъагэу заIэтыфыну. Ар фIыуэ къызыгурыIуэхэм а щытыкIэм фащэ щатIагъэри, Налшык къалэм дэт ДыгъафIэ къалэм «ЩIэныгъэм и гъэлъэгъуэныгъэ-2026» зыфIаща Iуэху щхьэпэр ЩIэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым мазае мазэм къриубыдэу зи гугъу тщIы гъэлъэгъуэныгъэм ипкъ иткIэ щIэныгъэ-узэщIакIуэ Iуэхугъуищэм нэблагъэ щызэхашэнущ.
ДыгъафIэ къалэм къыщызэIуаха зэхуэсыр Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я гимнымкIэ ирагъэжьащ. Абы иужькIэ 8 - 11-нэ классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэм «Нэхъыщхьэм теухуа псалъэмакъхэр» жыхуиIэ дерс зэIухам и жьауэм щIэту «ЩIэныгъэм гъунэ иIэ?» упщIэм и жэуапыр къалъыхъуэу щIэнIуатэ шэщIа къыхалъхьащ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзоррэ УФ-ми КъБР-ми я Жылагъуэ палатэм хэт, Урысейм ЕгъэджэныгъэмкIэ и академием и академик, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым илъэс IэджэкIэ и унафэщIу щыта Къарэмырзэ Барэсбийрэ.
Япэ псалъэр зрата Къарэмырзэм ныбжьыщIэхэм захуигъазэри, щIэныгъэм и гъунэхэр я нэгу къыщыщIагъэхьэкIэ, Iэмалыншэу тхыдэм хуеплъэкIыжыну къыхуриджащ.
- XIX лIэщIыгъуэм щIэныгъэм гуащIафIэу щылэжьа къэхутакIуэ цIэрыIуэ куэдым я фIэщу къалъытэрт щIэуэ къыщIэбгъэщыжыни, а лъэхъэнэм щыIа щIэныгъэхэм ягъуэта зыужьыныгъэм адэкIэ бгъэкIуатэ хъуни щымыIэжу. Апхуэдэ еплъыкIэр псом хуэмыдэу щытепщэр физикэрат. АрщхьэкIэ XX лIэщIыгъуэр къэсри, дунейр зыгъэзджызджар жылагъуэ щыIэныгъэхэр зэблэзыхъу революцэхэм я закъуэкъым, апхуэдэ революцэхэр къыщыхъуащ щIэныгъэми - цIыхум и кIуэцIым гъуджэм хуэдэу уизыгъаплъэ рентген бзийхэр къахутащ, радиожыджэрагъ зэрыщыIэр къыщIагъэщащ, электрон пкъахуэхэм дуней щхьэхуэ зэраIэр зэхагъэкIащ. АтомкIэ зэджэм цIыхухэм хуаIэ еплъыкIэм зэпымычу зихъуэжащ, пасэрей гупсысакIуэ Демокрит деж къыщегъэжьауэ Резерфорд иригъэкIуэкIа опытхэм нэсыхункIэ атомым и зэхэлъыкIэмрэ и щыIэкIэмрэ ехьэлIауэ жамыIарэ утыку кърамылъхьарэ къэнэжакъым. ИкIэм-икIэжым, атомым нобэм худиIэ еплъыкIэр зэфIэуващ, ауэ абы и щхьэхуэныгъэ куэдым дызэрыщымыгъуазэр, абыхэм иджыри щIэныгъэр зэрапэплъэр псоми хьэкъ ящыхъуащ. Псори пщIэнкIэ Iэмал зэримыIэм хуэдэу, зы Iуэхугъуэм гъащIэм кърит зэхъуэкIыныгъэхэм елъытауэ, щхьэхуэныгъэхэри иIэнущи, зэпымычу зэ къэхута хъуам къытебгъэзэжынущ, ар къэбгъэщIэрэщIэжынущ, зэбгъэзэхуэжынущ. Абы къыхэкIыу, щIэныгъэм гъуни нэзи иIэкъым. Ар фIыщ, къызэрысщыхъумкIэ. Зытет дунейр цIыхум фIэгъэщIэгъуэныху, абы и щэхухэр къитIэщIыну иужь итыху, дэри нэхъыфIыIуэу зыкъыдоцIыху, дызыхэт щIыуэпсым щыдубыд увыпIэр зыхуэдизыр къыдохутэ, - жиIащ Къарэмырзэм.
ЩIэныгъэлIыр ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ зэхэщIыкIым и мыхьэнэм, абы и къэухьыр зэрылантIэм, зихъуэжыну зэрыхьэзырым, абы кърикIуэну фIагъхэм. Апхуэдэу Къарэмырзэм и гугъу ищIащ щIэныгъэми гъэсэныгъэ пхэмылъу узэрыхэмытыфынур, абдежми цIыхугъэ щызехьэн зэрыхуейр.
- Дунейм дыкъыщытехьам къыщегъэжьауэ зэпымычу зэхыдох емрэ фIымрэ, екIумрэ емыкIумрэ, щхьэпэмрэ щхьэпэджэмрэ ятеухуа ущиехэмрэ гъэсэпэтхыдэхэмрэ. Ахэр псори, зэрыгурыIуэгъуэщи, зыхуэунэтIар ди щыIэныгъэр зэтес щIынырщ, ди гъащIэм хэлъ зэIумыбзыр гъэмэщIэнырщ. Апхуэдэ дыдэуи, щIэныгъэм щыпщIэ хъунумрэ зызыпэIудзын хуеймрэ хабзэу щыгъэуващ. Къэхутэныгъэхэм мардэ яIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, егъэджэныгъэм дежкIэ нэхъыщхьэр ар къызэрыпIэт, щIалэгъуалэм зэрабгъэдэплъхьэ, гъащIэм зэрыхыупщэ щIыкIэхэрщ. Егъэджэныгъэм щIэныгъэр «гъэныщкIуауэ» къыббгъэдилъхьэми, угупсысэфу уигъэсэныр, а гупсысэкIэм къигъэщIыр жылагъуэм телажьэу гъэпсыныр IэнатIэм пэрытхэм я хьэкъщ. Ар зы лъэныкъуэкIэ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъыбгъэдыхьэмэ, егъэджэныгъэм бзыпхъэм иригъэзэгъа щIэныгъэр ныбжьыщIэхэм щабгъэдилъхьэкIэ, цIыхур къызыхэкIа лъэпкъкIэ, зэрихьэ динкIэ, зэрыпсалъэ бзэкIэ зэхэгъэж ищI хъунукъым. ИтIанэ ар щIэныгъэкъым, ар кIуэдыпIэм уизышэ Iэмэпсымэ шынагъуэщ. Абы зэрыхъукIэ зыщыдзеин хуейщ. ЩIэныпхъэр, е, нэгъуэщIу жыпIэмэ, методикэ жыхуаIэр щIэфIыр аращ - гъуэгугъэлъагъуэ зэрыхъурщ.
Ди нобэрей гъащIэм къызэрымыкIуэу псынщIэу зехъуэж. Дыгъуасэ хуэдэщ фи ныбжь ита цIыкIухэм зефхьэ телефонхэм хуэдэхэр яцIыхуххэу щыщымытар, интернет щамыIар, интеллект IэрыщIыр зищIысым щыщымыгъуэзар. Технологием къыщыхъуа революцэм и фIыгъэкIэ абыхэм гъащIэм щIыпIэшхуэ щаубыдащ. Ауэ иджы егупсысыпхъэщ зы Iуэхугъуэ: сыт хуэдиз щIыпIэ абыхэм ди дунейм щаIыгъын хуейр? УмыщIэр къэпщIэныр зы Iуэхущ, къызэрыпщIэ щIыкIэр нэгъуэщI Iуэхущ. Интеллект IэрыщIым упщIэ ептауэ жэуап зримытын щыIэкъым, ауэ абы и гъунэр дэнэ нэсрэ? Псоми къыдгурыIуэн хуейщ а интеллект IэрыщIым и жэуапхэр цIыхум къызэригъуэтар, дэIэпыкъуэгъу тщIыми, гъуазэ зедгъэщI зэрымыхъунур. Мардэр Iэмалыншэщ. Иджырей щIэныгъэми егъэджэныгъэми къызэрымыкIуэу Iуэхугъуэ куэд, жэуап ямыгъуэтауэ, цIыхухэм я пащхьэ кърегъэувэри, абыхэм я зэблэхыкIэ хъунум зыкъомкIэ елъытащ пщэдейрей махуэхэри. Абыхэм фегупсысыну фыкъыхузо-
джэ, - жиIащ Къарэмырзэм.
Академикым и къэпсэлъэныгъэм иужькIэ, ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ Езауэ Анзор.
- Нобэ лъэныкъуэ куэдкIэ фи кIэн къикIауэ къысщохъу. Япэрауэ, щIэныгъэ дунейм фIыуэ къыщащIэ цIыху и псалъэ федэIуащ, и гупсысэхэр зэхэфхащ. Ар куэдрэ къэхъу Iуэхугъуэкъыми, сыщогугъ зэхэфщIыкIыну, уасэ хуэфщIыну. ЕтIуанэрауэ, фэ щIэныгъэ дунейм и зы ныбз къэфIэтащ. ЩIэныгъэр сабиигъуэр зэрахъумэ зы Iэмалщ. Сабиигъуэм и нэщэнэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ абдеж цIыху цIыкIум псори къищIэну зэрыхущIэкъур, сытри щIэщыгъуэу къызэрыщыхъур, сыт хуэдэ упщIэми жэуап иIэн хуейуэ зэрыщытыр. Сэ шэч къытесхьэркъым мы пэш нэхушхуэм щIэс кэудым я гъащIэр щIэныгъэм зэрырапхынум. Дауи, псори щIэныгъэм хыхьэнукъым, ауэ фщIэну сыхуейщ, ар гъуэгуджэу зэрыщымытыр, фи псэм фыхуриджэ къудеймэ, фи гур а лъэныкъуэмкIэ щыIэмэ, фи лъэкIыныгъэхэм фызэраIэтынур. Гъуэгу дахэ фытетщ, ар бгъуэ хъуну, зывужьыну, жыжьэ фыкIуэну си гуапэщ, - жиIащ Езауэ Анзор.
Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым щIыналъэм щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ япыщIа пэхуэщIэ куэд дыдэ къыщызэрагъэпэщынущ, курыт еджапIэм щIэс цIыкIухэм папщIэ гъэлъэгъуэныгъэхэр, зекIуэхэр, щIэнIуатэхэр, Iэнэ хъурейхэр, зэпеуэхэр къыхалъхьэнущ. Илъэсыр купщIафIэ хъуну къулыкъущIэм дыкъегъэгугъэри, дыщогугъ ар ди щIэблэм яхуэщхьэпэну, гъуэгу занщIэ тригъэувэну.
ШУРДЫМ Динэ.