2025 гъэм и пэщIэдзэм ирагъэжьа «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЛIыхъужьхэр» щIэныгъэ программэр илъэсым и кIуэцIкIэ ехъулIэныгъэ-хэр иIэу ирагъэкIуэкIащ. КъБР-м и Iэтащхьэм и администрацэмрэ «Эльбрус» корпоратив университетымрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща Iуэхум и къалэн нэхъыщхьэр дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм, СВО-м и ветеранхэм IэщIагъэ егъэгъуэтынырщ, унафэщI къулыкъум хуэгъэхьэзырынырщ.
2026 гъэм нэхъри зрагъэубгъуну я мурадщ мы лэжьыгъэм. Нэгъабэ Iуэхум хэтахэр IыхьитIу гуэшауэ ирагъэджащ, зауэлIхэм къадэлэжьащ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрыт цIыху 70-м щIигъу. Ахэр я лIыкIуэщ РАНХиГС президент академием, хабзэгъэув, гъэзакIуэ къулыкъущIапIэхэм, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ фондхэм.
Программэм хэтахэм IэщIагъэм зыщыхагъэгъуэзащ министерствэхэм, къалэ, щIыналъэ администрацэхэм. Апхуэдэуи жыджэру хэтащ гъэлъэгъуэныгъэхэм, жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ зэIущIэхэм. Ахэр махуэ къэс ящIыгъуащ зрагъэгъуэт щIэныгъэр лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпынымкIэ сэбэп къахуэхъу гъэсакIуэхэм.
«Эльбрус» корпоратив университетым и унафэщI Айбазовэ Тамарэ ящIа лэжьыгъэр къыщызэщIикъуэжым, жиIащ 2026 гъэм программэм и зэхэлъыкIэр нэхъ купщIафIэу зэрыщытынур. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, мы гъэми егъэджэныгъэр IыхьитIу зэхэлъынущ, стажировкэ ягъэкIуэнущ, нэгъабэ къыщхьэщыкIыу, «еджакIуэхэм» Iэмал яIэнущ езыхэм я жэрдэм гъащIэм хапщэну.
«Дэ дыхэтащ дунейпсо, урысейпсо зэхуэсхэм, дыщыIащ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэ телъыджэхэм. ДяпэкIэ абыхэм нэхъри зедгъэубгъуну ди мурадщ», - жиIащ Тамарэ.
Къыщалъхуа къэралым и мамырыгъэр яхъумэу зауэ губгъуэм ит щIалэгъуалэм гулъытэ хэха хуащI республикэ унафэщIхэм. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми фIыуэ къыгуроIуэ щхьэж ихь жэуаплыныгъэр зыхуэдизыр. Ахэращ Урысейм и иджырей тхыдэр зытхыр, къэралым и щIыхьыр зыхъумэр, и шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщыр. Апхуэдэ щэныфIхэр зиIэ сэлэтым хэкупсагъэкIэ, щIыналъэм, къэралым и къэкIуэнумкIэ ущыгугъ хъунущ. Абыхэм я зэфIэкIым, хахуагъэм, пашагъэм нэхъри зиужьынымкIэ сэбэп мэхъу программэр. Дзэ Iуэху хэхам къикIыжахэм ирагъэлъагъу икIи гурагъаIуэ унафэщI къулыкъум и щхьэхуэныгъэмрэ щэхухэмрэ, цIыхухэм зэрахэтын, зэрепсэ-лъэн хуей щIыкIэхэр.
Куэд зи нэгу щIэкIа, гъащIэм, зыхэт Iуэхум нэхъ быдэ, Iущ, набдзэгубдзаплъэ ищIа щIалэхэм IэщIагъэлI, къулыкъущIэ пажэхэр къазэрищIыкIынум шэч къытрахьэркъым мы программэр къызэзыгъэпэщахэм. Нэгъабэ ирагъэкIуэкIа Iуэхум нэры- лъагъу къищIащ зэпеуэм пхыкIахэм куэдкIэ уащыгугъ зэрыхъунур. Абыхэм щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуащIыфынущ я акъыл, щIэныгъэ, Iэзагъэм къихьу унафэщIхэм яхэувэфмэ.
Зи гугъу тщIы программэр егъэджэныгъэ курс къудейкъым, атIэ зыщыбужьын, уи къэухьым, Iэзагъым щыхэбгъэхъуэн щIыпIэ телъыджэщ. Абы хэтыну къыхаххэр Iуэхум, лэжьыгъэм, гъащIэм и пIалъэр фIыуэ зыщIэ щIалэхэрщ.
КъБР-м и Жылагъуэ Советым хэт Мэзукъэбз Аслъэн зэрыжиIамкIэ, нэгъабэ еджа щIалэхэм я щIыбагъ къыдэлъыр зэхэуэ гуащIэхэм зэрыхэтам и закъуэкъым, атIэ жылагъуэ Iуэхуми яхузэфIэкI халъхьэу щытащ зауэм мыкIуэ щIыкIэ. «Абыхэм ящыщ куэдым щIэныгъэ нэхъыщхьэу тIу е нэхъыбэ яIэщ. Апхуэдэхэращ ди щIыналъэми, къэрал псоми сэбэпынагъ къахуэзыхьыфынур. Ахэращ хэкупсагъэмрэ лIыгъэмрэ зищIысыр ягъэлъагъуэу утыку итынур, къыдэкIуэтей щIэблэм щапхъэ зытрахынур, Хэкур фIыуэ лъагъуныр псалъэ къудей мыхъуу, IуэхукIэ зыгъэлъэгъуэфынур, - жеIэ Аслъэн.
Нэгъабэ ирагъэджа щIалэхэм дзэ Iуэху хэхар зэрекIуэкI пIалъэм къриубыдэу Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ «И хахуагъэм папщIэ», «И лIыгъэм папщIэ» II нагъыщэ, «ХэкIуадэхэр къызэрыригъэлам папщIэ», къэрал дамыгъэ лъапIэхэр, ЛIыгъэм и орденыр, Жуковым, Суворовым, Крымский Лука я цIэхэр зезыхьэ медалхэр, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и II нагъыщэр, Георгий Щихъым и орденым и IV нагъыщэр, нэгъуэщIхэри зыхуагъэфэща-
хэр яхэтщ.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЛIыхъужьхэр» щIэныгъэ программэм мы гъэм хэтыну зи мурадхэм гъуэгуанэ купщIафIэ къапэщылъщ, дэтхэнэ зыми и хъуэпсапIэр нэхуапIэ ищIыфыну Iэмалхэр яIэщ.
НэщIэпыджэ Замирэ.