УзытеплъэкъукI мыхъуну лэжьыгъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек яIущIащ рес­публикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйст­вэмкIэ министр Журавлев Андрей сымэ.

Мы зэманым республикэм къыщрагъажьэ ухуэны­гъэ­­щIэ­хэр, апхуэдэуи щрагъэ­кIуэкI щэнхабзэм, зи школ кIуэ­гъуэ мыхъуа цIыкIухэм ща­­дэлажьэ, егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, ­ЖКХ-м пыщIа IуэхущIапIэ­хэмрэ гъуэгухэмрэ къызы­хуэ­тыншэу зэгъэпэщыжыным, жылагъуэ зэхуэсыпIэхэр зэIу­зэпэщ щIыным, цIыхухэр къы­­зэрырашэкI транспор-тым къыхэгъэхъуэным, нэ­гъуэщI куэдми ехьэлIа лэжьыгъэшхуэхэр.
А псори лъэпкъ проектхэмрэ щIыналъэ программэ­хэмрэ япкъ иткIэ ягъэзащIэ.
Дызэрыт илъэсым пащэ лышх уз зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерыщIэм, ЩIалэ­гъуалэ зэчиифIэхэм я уардэунэм, Бахъсэн псы зэбгры­тыкIыпIэм я ухуэныгъэшхуэ­хэми. 
Апхуэдэуи «Коммунальнэ IэнатIэр егъэфIэкIуэн» къэ­рал проектым хыхьэу объект 12-м елэжьынущ, щIэуэ зэрахъуэкIынуми зэрагъэпэщы­жынуми псы зэрыкIуэ бжьамийуэ километр 35,2-рэ къы­зэщIаубыдэу.
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ проектымкIэ елэжьынущ цIы­хухэм я зэхуэсыпIэ 35-мрэ нэгъуэщI проектышхуи­щымрэ - Налшык и «Экстрим-парк», Шэ­джэм и «Къалэм укъиутIып­щыр­къым», Май къалэм и «Парк Заря» жыхуиIэхэм.
КIуэкIуэ Казбек зыхуэфащэ IэнатIэхэм пщэрылъ ящи­щIащ лэжьыгъэхэм я фIагъымрэ ахэр ягъэува пIалъэхэм къызэритIасэмрэ ­набдзэгубдзаплъэу кIэ­лъып­лъыну. ЗэIущIэм ап­хуэдэу и гугъу щащIащ лъэпкъ проектыщIэ зыщIа­дзахэр гъэ­зэ­щIэныр зэрекIуэкIымрэ ухуэ­ныгъэ щхьэхуэхэм я Iуэху зыIутымрэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.09.2026 - 09:30

Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ.

15.09.2026 - 09:26

ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ.

15.09.2026 - 09:24

«Дыгъужьы­къуейм» и хьэщIэщыбжэр зэIуех

Аушыджэр (Дыгъужьы­къуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъап­сэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ.

14.09.2026 - 09:26

Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ.

14.09.2026 - 09:24

Республикэр хуэхьэзырщ хэхыныгъэхэм

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ республикэм и Хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и Президиумым и япэ бжьы­хьэ зэIущIэр.