Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрыхъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Уэрэзей Аслъэн и IэдакъэщIэкIхэр. КъызэрыгуэкI фIэщыгъэм - «Итхъахэр» («Линии») - щIигъэува лэжьыгъэхэр ауи къызэрыгуэкIкъым, ухэзыгъаплъэщ, узыгъэгупсысэщ. Плъагъумрэ нэкъыфIэщIымрэ къагъэуш гурыщIэр зэпащIэ итхъахэм, теплъэ зэмылIэужьыгъуэ зиIэ лэжьыгъэхэм, скульптурэхэм…
ЦIыхум и гуащIэмрэ и гъащIэмрэ къэзыгъэлъагъуэ гуэрщ Аслъэн и итхъахэр. Ар къыщыщIидзэмрэ щиухымрэщ мыхьэнэ зиIэр, жыпIэнурамэ гум и щытыкIэр кърахутэу трах кардиограммэм и фэгъущ, ар каллиграфие жыпхъэм хуэгъэкIуауэ хубогъэфащэ. Абы и зыхъуэжыкIэр уи нэгу къыщIигъэхьэу итхъахэр зэмылIэужьыгъуэщ: псэр дэхуабэу щхъуэкIэплъыкIэщ, укъигъэуIэбжьрэ уигъэгупсысэу хужь-фIыцIафэщ. Языныкъуэхэм и деж сурэтхэр IупщIщ, адрейхэм уи акъылым къигъэщI-къигупсы-сыр дэщIыгъупхъэщ.
СурэтыщIым и лэжьыгъэхэм къахэщ итхъахэр точкэм щегъэжьауэ гъадэщIыдэм хыхьэж гуэрщ, гум щыщIэмрэ дунеймрэ, псэм зыхищIэмрэ абы икIэм-икIэжым игъэнэхъапэмрэ, къыфIэщIымрэ зыхуэпабгъэмрэ зэпищIэу.
Уэрэзейм и IэдакъэщIэкIхэм итхъар нэгъуэщI хуэмыныкъуэ, зи бзэ зиIэж Iэмэпсымэщ. ЗэщIэжьыуэмрэ абыхэм я къызэтеувыIэмрэ «игъэджэгуурэ» сурэтыщI гъуазджэм и нэхъ къызэрыгуэкI дыдэу къыпщыхъу-ну Iэмалым (итхъам) щIэлъ гупсысэр къетIэщI IэщIагъэлIым.
Хужьрэ фIыцIэу щIа сурэтхэм уеплъурэ уздрикIуэм, абыхэм къапоувэ нэгъуэщI плъыфэхэр къызыщIэувэ IэдакъэщIэкIхэр. Итхъам дыщIагъу къудейкъым плъыфэхэр, атIэ хужьымрэ фIыцIэмрэ хуэдэу щхьэхуэу, абы щыгъуэми абыхэм ягуэту гупсысэ къаIуатэ. Гукъыдэжыр къриIэтын, и псэ щытыкIэр абы еплъхэм я деж нихьэсын папщIэ къигъэсэбэп Iэмалхэм ящыщ зыщ ари.
Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iыхьэщ Аслъэн и скульптурэ лэжьыгъэхэр. ЦIыху теплъэ зиIэхэмкIэ и Iэзагъэр къигъэ-лъагъуэмэ, гъуаплъэ, жэз, нэгъуэщI гъущхэкIхэмрэ алэрыбгъумрэ зэрызригъэкIумкIэ тегушхуэныгъэри абы щIегъуж. СурэтыщIым къехутэф зэрылажьэ Iэмалхэм я зэфIэкI щэхухэр, аращ ахэр щIэщыгъуэ зыщIыр.
Уэрэзей Аслъэн и гъэлъэгъуэныгъэм гупсысэ нэхъыщхьэу къыхэсхар езым еиж, зыми емыщхь дуней зэриIэрщ, ар нэгъэсауэ, IупщIу и гъуазджэ IэрыкIхэр зылъагъухэм я деж зэрынихьэсыфырщ. КъызэрысщыхъумкIэ, абы и дунейр махуэ къэс дызыхэпсэу-кIым къыщхьэщокI, нэгъуэщI щIыпIэкIэ къызэрыщеплъыр хьэкъ пщищIу.
ИСТЭПАН Залинэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.