ЗэпыщIэныгъэм и джэлэс

ЩIышылэм и 30-м Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и киноконцерт гъэлъэгъуапIэм Iэтауэ къыщызэIуахащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр. Абы къыщыхагъэщащ ди къэралым лъэпкъыу 200-м щIигъу зэрыщыпсэур, КъБКъУ-м бзэкIэ зэтемыхуэ 45-м я щIэблэ зэрыщеджэр. Аращ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщхьэм, Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и орденыр зыхуагъэфэщам мы Iуэхур щIыщрагъэжьари. ИлъэсыщIэм универ­ситетым щаубзыхуащ лъэпкъ щэнхабзэмкIэ «ЩIэин» студент клубым и лэжьыгъэр щIагъэхуэбжьэну, лъэпкъ ­къу­дамэщIэхэр къыщызэIуахыну, ар къэралым зыхуигъэувыж къалэнхэр гъащIэм зэрыхапщам и щапхъэ хъунущ. 

ГуфIэгъуэ пшыхьыр къызэIуахащ Уэрэдымрэ къафэмкIэ «АмикС» театрым и артистхэм ягъэзэщIа Урысей ГимнымкIэ. КъБКъУ-м и Попечительскэ советым и унафэщI, УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ комиссэм хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий ­утыкум къыщрагъэблагъэм жиIащ: «ЛIэщIыгъуэ куэд зи ­ныбжь Урысейм и тхыдэр лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и тхыдэщ, дэтхэнэми езым и хабзэхэр ехъумэ. 2026 гъэр Зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу УФ-м и Президентым къыщыхилъ­хьэм жиIащ ди къарур ди зэрыIыгъыныгъэм зэрыхэлъыр. Ар наIуэ къещI къэралым ис лъэпкъ псоми я къуэхэр зылI и бы­-ну зэкъуэту Хэкур нобэ зэрахъумэм. Ди къэралыгъуэм и бы­дапIэр псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэхэрщ». 

КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулэт къыхигъэщащ университетым къалэн хэ­ха и пщэ зэрыдэлъыр: «Но­бэ мы еджапIэ дахэм Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым щIэ­дзапIэ щыхудощI. Ди къэ­ралым и къулеягъыр зы­хэлъыр щIыкIэ, щIыуэпс х­ъугъуэфIыгъуэхэмкIэ зэрыбейракъым, атIэ щэнхабзэ, хабзэ ахъырзэманхэр зезы­хьэ лъэпкъхэрщ. Мы илъэ­сым IуэхуфIхэр къыщыддэхъуну, псори дызыщIэхъуэпс ТекIуэныгъэм и илъэс хъуну сынывохъуэхъу».
«Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ «Вече» щIыналъэ жы­лагъуэ зэгухьэныгъэм и уна­фэщI Литвинов Роман теп­сэлъыхьащ лъэпкъ лъапIэныгъэхэм: «Зэкъуэты­ныгъэм и илъэсыр щхьэпэ­нущ дызэрызэмыщхьым, ди ­хъу­эп­сапIэхэм, ди хабзэ куп­щIафIэхэм ди къарур зэры­хэлъыр къыдгурыIуэнымкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­п­сэухэм лъэпкъхэм я зэ­ныбжьэгъугъэр ди адэжьхэм къытхуагъэна дуней теты­кIэщ». 
КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI, Къэрал Ду­мэм и депутатым и дэIэпыкъуэгъу, Балъкъэр щэнхабзэ цент­рым и унафэщI Бейтуганов Исмэхьил цIыху ­щэ­джа-­       щитIым я лъэпкъ зэ­ныбжьэгъугъэм и тхыдэ щапхъэ къихьащ: «Мы – горской песни два крыла», - итхыгъащ КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын хуэгъэзауэ. ИгъащIэ псокIэ, зауэмрэ мамырыгъэмрэ я илъэсхэм пхаха а зэныбжьэгъугъэр ди зэхуэдэ цIыхугъэ гъуазэщ. Дызэрыгушхуэн, зызэд­гъэ­щ­хьын, тхыдэ уардэрэ къэ­кIуэнышхуэрэ диIэщ». 
ЗэIущIэм щыжаIа псалъэ ­Iущхэм щыхьэт техъуэжырт уэ­рэдрэ къафэкIэ гъэнщIа концертыр. Къэбэрдей­-Бал­ъ­къэ­рым ис лъэпкъхэм я бзэ­хэмкIэ «АмикС» гупым жаIа уэ­рэдхэр, «ЩIэин» клу­бым, «Ка­листо» ансамблым ягъэ­зэщIа къа­фэхэр, хамэ къ­э­­рал­хэм щыщ студентхэм я зы­­къэ­гъэлъэгъуэныгъэхэр м­а­­хуэш­хуэм и джэрпэджэж хъуат. 
Киноконцерт гъэлъэгъуа­пIэм и гупэм къит пэIущIэм щрагъэувэкIат лъэпкъ пщIа­н­тIэхэр. Абдеж хьэщIэ­хэм щра­гъэлъэгъуащ лъэпкъ фа­щэхэр, декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ студентхэм я IэдакъэщIэкIхэр. 
Тхыгъэри сурэтхэри НэщIэпыджэ Замирэ ейщ. 

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.04.2026 - 09:01

Гъуэгу захуэ тету къежьахэт...

2026 гъэм мазаем и 1-м щегъэжьауэ Урысейм щагъэлъагъуэ ВГТРК-м (Россия-1) и ­журналист Медведев Андрей къыдигъэкIа «Предательство» документальнэ фильмыр.

13.04.2026 - 09:00

Кхъэр ягъэкъабзэ

IутIыж махуэшхуэм и пэ къихуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэ хэха щыхуащI кхъэхэм кIэлъыплъыным. ЦIыхухэр зэрылъэIуам къыхэкIыу, Прохладнэм дэт кхъэжьым и щытыкIэр къапщытащ къулыкъущIэхэм.

12.04.2026 - 12:25

«Iуащхьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр»

КъБР-м и Музыкэ Къэрал театрым мэлыжьыхьым и 9-м къыщызэIуахащ «Iуащхьэма­хуэ и щыгу щагъэзащIэ къа­фэхэр» лъэпкъхэм зэдай Iуэ­рыIуатэ фестивалыр. 

11.04.2026 - 15:02

Парламент зэдэлэжьэныгъэм зрагъэужь

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Парламентым и лIыкIуэ гуп.

11.04.2026 - 09:03

ЩIыхэр зэрагъэзахуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр ды­гъуасэ КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щрагъэкIуэкIащ.