Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым цIыхубэм IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ зэрарит и программэхэр щыIэ егъэджэныгъэ пщалъэхэм хуэкIуэу зэрызэхалъхьэ щIыкIэхэм, лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщ Iэмалхэм зыбжанэ щIауэ гулъытэ ин щагъуэт дунейпсо утыкум. Абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэр мащIэкъым, ауэ нэхъ нэрылъагъухэм ящыщщ и IэщIагъэлIхэр къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я университетхэм, щIэныгъэхутэ институтхэм, лъэпкъ центрхэм дунейпсо еджэныгъэ пщалъэхэр зэрагъэзащIэр къапщытэну, абдеж щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм я фIагъыр къалъытэну зэрырагъэблагъэр.
Зи гугъу тщIы ехъулIэныгъэхэр КъБКъУ-м къыхуэзыхьхэм ящыщщ абы щэнгъасэмкIэ, психологиемрэ спорт щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм и доцент, физикэмрэ есэп щIэныгъэхэмкIэ кандидат Табыщ Тимур. Иджыблагъэ абы Таджикистаным и Лъэпкъ университетым егъэджэныгъэ-щIэныгъэ Iуэхухэр иригъэкIуэкIыну хуит зыщI аккредитацэр етынымкIэ дунейпсо къэпщытакIуэ гупым и унафэщIу лэжьыгъэшхуэ кърихьэлIащ. Тимур иригъэкIуэкI лэжьыгъэр зытеухуам, университетым и фIагъыр къэпщытэным къикIым тедгъэпсэлъыхьыну «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым иджыблагъэ къедгъэблэгъащ. Ди гуапэу едгъэкIуэкIа псалъэмакъыр щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ идолъхьэ.
- Тимур, иджырей университетхэм я лэжьэкIэм хэлъ фIагъ псори къызэрапщытэ пщалъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыщыIэм дыщыгъуазэщ. Мы Iуэхум нэхъ убгъуауэ укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт.
- Пэжщ, иджырей еджапIэ нэхъыщхьэр лэжьэн папщIэ, и фIагъыр къызэралъытэ пщалъэхэр мымащIэу щыIэщ. Егъэджэныгъэм и къызэгъэпэщыкIэм къищынэмыщIауэ, абыхэм хохьэ ирагъэкIуэкI щIэныгъэ лэжьыгъэри, дунейпсо утыкум щаIэ пщIэри, щIыналъэм и экономикэм зиужьыным хуащI хэлъхьэныгъэри къэхутэныр. Университет щыхъукIэ, дауи, егъэджэныгъэр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ар пщалъэ нэхъыщхьэщ. Iуэхугъуищ къызэделъытэ абы: япэрауэ, студентхэм я щIэныгъэмрэ зрагъэгъуэта есэныгъэхэмрэ здынэсыр, ахэр лэжьапIэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъур; етIуанэрауэ, щIэныгъэ степень зиIэ егъэджакIуэхэм я бжыгъэр фIагъыр къэзыIэт пщалъэхэм я зы ныбзу къоув; ещанэрауэ, иджырей егъэджэныгъэ технологиехэр къызэрагъэсэбэпыр, пэIудза курсхэр, интерактив Iэмалхэр, онлайн еджэныгъэхэр лэжьыгъэм зэрыхалъхьэми къэпщытакIуэхэм я нэIэ трагъэт.
Къыхэгъэщын хуейщ иджырей университетхэр жыджэру щIэныгъэ лэжьыгъэм хэша зэрыхъури. ФIагъыр къыщалъытэкIэ, йоплъ университетым и лэжьакIуэхэм къытрадза щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я бжыгъэм, ахэр тегъэщIапIэ зэращIыр зыхуэдизым, патентхэр къызэрыдахым, къэхутэныгъэ пэхуэщIэ инхэм зэрыхыхьэм, щIэныгъэмкIэ дунейпсо грантхэр къызэрахьым, къэрал программэхэр зэрагъэзащIэм.
АдэкIэ дунейпсо щIэныгъэ икIи егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм зэрапыщIамрэ зэрадэлажьэмрэ къалъытэ, университетым и фIагъхэр къыщыхагъэщкIэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, QS World University Rankings, Times Higher Education жыхуаIэ дунейпсо пщалъэхэм еджапIэр хиубыдэныр пщIэшхуэщ. Студентхэмрэ щIэныгъэ лэжьакIуэхэмрэ пIалъэкIэ е программэ гуэрхэмкIэ (псалъэм щхьэкIэ, Erasmus+, DAAD, нэгъуэщIхэри) университетхэр зэхъуэжыныр хамэ къэралхэм щыхабзэщ. Зи фIагъыр къалъытэ университетым апхуэдэ зэфIэкI иIэмэ, жыжьэ зэрынэсар къегъэлъагъуэ.
Университетхэр дунейпсо щIэныгъэм кIэлъыщIыхьэн папщIэ, я лэжьэкIэр къызэзыгъэпэщ инфраструктурэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Апхуэдэу университетыр лъэщапIэхэмкIэ, библиотекэхэмкIэ, щылажьэ аудиториехэмкIэ, спорт пэшхэмкIэ нэсу къызэгъэпэщауэ щытыныр Iэмалыншагъэщ. Иджырей дунейр зэрыщыту бжыгъэрылъанэ Iэмалхэм хуэкIуащ. Арыххэуи, бжыгъэр зи лъабжьэ библиотекэхэр, пэIудза еджэныгъэр зэрырагъэкIуэкI Iэмалхэр, нэрылъагъу Iэмэпсымэхэр университетхэм яIэпхъэщ. IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ зэзыгъэгъуэт ныбжьыщIэм еджапIэр къызэринэкIын ипэ къихуэу, IэнатIэм хэлъ щэхухэм хэзыгъэгъуазэ технопаркхэм, хьэрычэтыщIэ инкубаторхэм, студент стартапхэм я лэжьыгъэри я гъащIэм щыщ Iыхьэу хэтын хуейщ.
Псори зэкIуэлIэжыр, зэрыгурыIуэгъуэщи, жылагъуэм и экономикэм епха зыужьыныгъэрщ. Иджырей университетхэм яхузэфIэкIын хуейщ цIыхубэр зыхуэныкъуэ пэхуэщIэхэр къыхалъхьэрэ зэфIахыныр, волонтёр жэрдэмхэм жыджэру хэтыныр, щIыналъэ хасэхэмрэ зэгухьэныгъэхэмрэ ядэлэжьэныр. КъимыдэкIэ, университетхэр къэрал къулыкъущIапIэхэми хьэрычэтыщIэ IэнатIэхэми ядэлэжьэныр я хьэкъщ. ИкIэм-икIэжым, нэхъыщхьэращи, экономикэм и лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм хэзыщIыкI, Iуэхухэм я кIуапIэхэр къызыгурыIуэ IэщIагъэлIхэр игъэхьэзырыфын хуейщ. Мы псор зэхэплъхьэжрэ уехъулIэмэщ, иджырей университетыр фIыуэ щыжыпIэфынур, щIыналъэ экономикэм и зыужьыпIэу, лъэпкъ зэхэщIыкIым и зы пкъыгъуэу, дунейпсо утыкум и зы джэлэсу къыщыплъытэнур, щIэныгъэ нэхъыщхьэмрэ щIэныгъэ-техникэ зыужьыныгъэмрэ хуищIэ хэлъхьэныгъэр щыплъагъунур.
- Иужьрей илъэсхэм университетхэм я гъэпсыкIэм, я лэжьэкIэм зэхъуэкIыныгъэ куэд щокIуэкI. Сыт ахэр зытеухуар? Сыт къызыхэкIыр апхуэдиз зэхъуэкIыныгъэр?
- Егъэджэныгъэ IэнатIэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэ псори зытеухуар, шэч хэмылъу, абы и фIагъыр къэIэтынырщ, еджапIэ нэхъыщхьэхэр зэрылажьэ программэхэр зэхьэзэхуэрэ гъащIэм лъэужь къыщызынэ жэрдэмхэр зыгъэнэхъыбэхэр къахэхынырщ, экономикэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ лэжьэкIэр убзыхунырщ. Арыххэуи, зэхъуэкIыныгъэхэр Iуэхугъуэ зыбжанэм ятещIыхьащ. Япэрауэ, университетхэм я гъэпсыкIэм зехъуэж. Факультетхэмрэ кафедрэхэмрэ зэхохьэж, щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэпылъыпIэм къэхутэныгъэхэр щезыгъэкIуэкI центрхэмрэ лъэщапIэхэмрэ нэхъыбэ мэхъу, зы щIэныгъэ унэтIыныгъэм къызэщIиубыдэ къудамэхэр щызэхэт еджапIэхэр зэхашэ, псалъэм щхьэкIэ, Гуманитар щIэныгъэхэм я еджапIэр къызэрагъэпэщ. Иджырей технологиехэр къыхэзылъхьэ икIи IэщIагъэлIхэр зыгъэхьэзыр Iэмалхэм зрагъэужьын папщIэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм пэхуэщIэ гуэдзэхэр хаухуанэ, есэныгъэ щхьэхуэхэмкIэ центрхэмрэ лъэщапIэхэмрэ къызэIуах. Ещанэрауэ, корпорацэхэм зрагъэужь. Иджырей университетхэр лъэ быдэкIэ гъащIэм хэтыну хуеймэ, экономикэм щиубыд увыIэпIэр нэхъ псынщIэу езыгъэгъуэт бизнес IуэхущIапIэшхуэхэм ядэлэжьэну къалэн иIэщ. ЕджапIэхэр зэрылажьэ программэхэм бизнес IэнатIэхэм я еплъыкIэхэр халъхьэ, уеблэмэ я программэ щхьэхуэхэр хаухуанэ. ЕплIанэрауэ, иджырей университетыр зэрыщыту бжыгъэр зы лъабжьэ дунейм хуокIуэ. ЕджапIэм и инфраструктурэр псори студентхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я тыншыгъуэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэрагъэпэщ: уэ лажьэ, къэхутэ, къыхэлъхьэ, сэ Iэмалхэр уэстынщ, жыхуиIэщ.
КъинэмыщIауэ, езы еджэныгъэми хуабжьу зехъуэж. Апхуэдэу студентхэр зэрырагъаджэ щIыкIэм модуль гъэпсыкIэ егъуэт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, студентым езыр зыхуей щIэныгъэ дерсхэр хуиту къыхех, зыхуэныкъуэ есэныгъэхэм куууэ хэзыгъэгъуазэ унэтIыныгъэхэм зытреухуэ, зэреджэ программэхэр зэрыхуэныкъуэм хуэдизкIэ езым лантIэу егъэпс. Иджырей университетым пэхуэщIэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхэлъхьэныр жэрдэм куэдым япэ ирегъэщ. Абыхэм къызэщIаубыдэ бизнес IэнатIэхэмрэ компание ехьэжьахэмрэ зыхуэныкъуэ Iуэхугъуэхэр, ахэр къазэрехъулIэну Iэмалхэр, абы щхьэкIэ щIапхъэхэр. Къапщтэмэ, студентхэр гуп лэжьыгъэм есэу, щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм псынщIэу зыхуагъэпсу мэхъу. Къыхэгъэщын хуейщ университет еджэныгъэр шэщIауэ лекцэхэм трагъащIэу зэрыщымытыжыр, щхьэзакъуэ лэжьыгъэр ипэ ит зэрыхъуар. Иджы егъэджакIуэхэр унэтIакIуэ е ущиякIуэ мэхъу, зэреджэ программэхэм хагъэгъуазэу, хузэпкърахыу апхуэдэщ.
Сыт хуэдэ еджэныгъэми методикэ щхьэхуэхэр иIэщ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм гулъытэ хэха иджы зыхуищIыр студентыр зэджэм нэхъыфIу хэзыгъэгъуазэ, ар куууэ къыхузэпкърызых, щIэхыу къыгурызыгъаIуэ бгъэдыхьэкIэхэрщ. Абыхэм ящыщщ кейс-Iэмалхэр, джэгукIэхэр, интерактив дерсхэр, гуп зэныкъуэкъухэр.
Арыххэу, еджапIэ нэхъыщхьэм - университетхэмрэ институтхэмрэ - я къалэн куэд зыгъэзащIэ центр, егъэджэкIэм бгъэдыхьэкIэщIэхэр хэзылъхьэ IуэхущIапIэ мэхъу, а гъэпсыкIэри псынщIэу зызыхъуэж дунейм поджэж. ЩIэныгъэм и щэхухэр нобэкIэ къызэрыпхуэтIэщIынури, гъэсэныгъэ лэжьыгъэ зэрыпхуегъэкIуэкIынури, IэщIагъэлIхэр зэрыпхуэгъэхьэзырынури, жылагъуэм узэрыдэлэжьэфынури апхуэдэ Iэмал зэхэухуэнахэмкIэщ.
- Тимур, курыт еджапIэр къэзыухахэм я нэхъыбэр хуейщ цIэрэ щхьэрэ зиIэ университет е институт щIэтIысхьэну. Дауи, кърат щIэныгъэм и фIагъри, дунейпсо пыщIэныгъэу яIэри, иужькIэ лэжьапIэкIэ къызэрызэрагъэпэщри щIалэгъуалэм къамылъытэу хъуркъым. Урысейми дуней псоми къыщалъытэу сыт хуэдэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я цIэхэр къипIуэнт, ахэр сыткIи къахэщрэ?
- ЕджапIэр къыщыхахкIэ, щIалэгъуалэр нэхъыбэу зэплъыр абы жылагъуэм щиIэ пщIэрщ. УщIэмытIысхьауэ, щекIуэкI еджэныгъэм ухэмысыхьауэ, абыхэм я зэфIэкIыр здынэсымрэ ипэжыпIэкIэ ныбжьыщIэхэм къарит щIэныгъэм и мыхьэнэмрэ къыпхуэщIэнукъым. ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм щекIуэкIын хуей лэжьыгъэмкIэ къыхэщ къудей мыхъуу, дунейм зи цIэр нэхъыбэрэ къраIуэ центрышхуэхэм нэхърэ зымащIэкIи мынэхъыкIэу Урысейм университет, институт, академие зыбжанэ иIэщ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, Ломоносов Михаил и цIэр зезыхьэ Мэзкуу къэрал университетыр. ЕджапIэ нэхъ жьы дыдэхэм ящыщщ, ауэ дунейпсо пщIэ иIэщ, абдеж щызрагъэгъуэт щIэныгъэри программэ лъэщхэм ятещIыхьащ. Бытырбыху къэрал университетыр пашэхэм хабжэ, естественнэ икIи гуманитар щIэныгъэхэмкIэ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщщ. Новосибирск къэрал университетыр (НГУ) совет лъэхъэнэми ди нобэми есэпымрэ физикэмкIэ, биологиемрэ информатикэмкIэ щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэмкIэ пэрыту къалъытэ. Абы дэт академие къалэ цIыкIум и пщIэр апхуэдизкIэ лъагэщи, абдеж щыпхагъэкIа кандидат икIи доктор диссертацэхэм монографие къару яIэщ. Къэзан къэрал университетым (КФУ) тхыдэшхуэ иIэщ, классикэ еджэныгъэмрэ иджырей технологиехэмрэ зи лэжьэкIэм щызэхэухуэна еджапIэ нэхъыщхьэщ. Анэдэлъхубзэхэмрэ лъэпкъ щэнхабзэхэмрэ хъумэн икIи егъэфIэкIуэн зэрыхуеймкIэ мы университетыр щапхъэщ. НэгъуэщI куэдми я цIэр къыпхуебжэкIынущ.
ЕджапIэр къыщыхахкIэ, щIэныгъэ зэрызрагъэгъуэтыну IэщIагъэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр къэлъытэн, абыкIэ стажировкэ щыIэн-щымыIэным еплъын, университетым щекIуэкI гъащIэр зыхуэдэм Iэмалыншэу зыщыгъэгъуэзэн хуейщ. Зи цIэ къитIуахэр нэхъыфI дыдэу къалъытэхэр аращ. Ауэ абы къикIыркъым щIыналъэхэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэр мыхьэнэншэу е зэрылажьэ программэхэм иджырей технологие Iэмалхэр къамылъытэу. Хьэуэ. Зи Iэмалхэр нэхъыбэ, къэралым гулъытэ хэха зыхуищI еджапIэхэм зэракIэлъыщIэмыхьэращ, армыхъумэ абыхэми егъэджакIуэ лъэщхэри яIэщ, дунейм щыцIэрыIуэ щIэныгъэлIхэри къахокI, ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэри къэмыланджэщ. Къуэладжэ-къуэладжэкIэ зыщыплъыхьи, ущалъхуа хэку щетIысэхыж, жаIэ. Си еплъыкIэщ жысIэнур: ущалъхуа щIыналъэм и еджапIэр нэхъыфIщ, узыщыщ лъэпкъым и дуней лъагъукIэм гъунэгъу узэрыхуищI, иджырей технологие шэщIахэр нэхъ гъэтIысауэ къызэрыббгъэдилъхьэ къудейм щхьэкIэ.
- Тимур, еджапIэ нэхъыщхьэм и мыхьэнэр ехуэхауэ жаIэу зэныкъуэкъухэм Iэджэрэ урохьэлIэ. Уэ сыт жыпIэн абы теухуауэ?
- Интеллект IэрыщIымрэ нейропрограммэхэмрэ гъащIэм щIыпIэшхуэ щаубыдащи, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIэ захуумыгъазэми, илъэситхукIэ е нэхъыбэкIэ зэбгъэгъуэт щIэныгъэм пемыуэу пIэрэ жыпIэну жэуап гъэтIысахэр къыуатыж. Зи гугъу сщIа технологиехэм я къэгъэсэбэпыкIэр Iуэхугъуэ щхьэхуэщ, ауэ еджапIэ нэхъыщхьэр щыIэным е щымыIэным теухуауэ упсалъэмэ, Iуэху еплъыкIитI щыIэщ. Ахэр нэхъ зэпкърыхауэ къэзгъэлъэгъуамэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм езыхэм зыгуэрым траубыдэжынщ.
ЕджапIэ нэхъыщхьэм и мыхьэнэр мащIэ хъуауэ къэзылъытэхэм трагъащIэ щIэныгъэр нэгъуэщI IэмалхэмкIи зэбгъэгъуэтыф зэрыхъуам. Апхуэдэу пэIудза еджэныгъэхэр къызэрагъэпэщ МООС жыхуаIэ курсхэр (Massive Open Online Courses) зэхашэ, вебинархэр ирагъэкIуэкI. Ахэр нэхъ псынщIэу къызэрагъэпэщ, зэман нэхъ мащIэ токIуадэ икIи фIыуэ нэхъ пудщ. Ар зыуэ. ЕтIуанэрауэ, языныкъуэ IэщIагъэхэр зыхуэныкъуэ есэныгъэхэр фIыуэ нэхъ мащIэщ, ахэр узыпэрыс Iэнэм нэхъ псынщIэу щызэбгъэгъуэтыфынущ, илъэс бжыгъэкIэ уеджэу зэман бгъэкIуэд нэхърэ. Апхуэдэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, IT-IэщIагъэхэр, пэхуэщIэ щхьэхуэхэмкIэ портфолио зыгъэхьэзырхэм я IэщIагъэхэр, нэгъуэщIхэри. Мы IэнатIэхэм IэпэIэсагъыр фIыуэ щынэхъапэщ еджапIэр къэбуха нэужь къыуатыжыну тхылъым нэхърэ. Ещанэрауэ, университет куэдыр зэрылажьэ программэхэр хэпщIыкIыу тIорысэ хъуащ, гъащIэм къигъэув IуэхугъуэщIэхэр жыжьэуи къилъытэркъым. ЕплIанэрауэ, еджапIэ нэхъыщхьэм щIэныгъэ щызэбгъэгъуэтыныр Iуэху пудкъым. Илъэс къэс и уасэм хохъуэ, хэплъхьэ мылъкур къыщыщIэмыкIыжи щыIэщ. Етхуанэрауэ, интернетым и хъугъуэфIыгъуэ псор зэщIэзыша щIалэгъуалэм гу лъамытэу къанэркъым егъэджакIуэ куэдым я щIэныгъэр зэрыримыкъум, еджапIэхэм щекIуэкI бюрократиер, унафэщI щхьэхуэхэм я лэжьэкIэ зэкIэлъымыкIуэр.
Апхуэдэу щыт пэтми, еджапIэ нэхъыщхьэр щыIэн хуейуэ, абы и фIагъхэр нэрылъагъуу къэзылъытэ Iуэху еплъыкIэри щыIэщ, абы и телъхьэхэри мащIэкъым. Абыхэм къыхагъэщ еджапIэ нэхъыщхьэм гупсысэкIэм зэрызригъэужьыр, цIыху хэтыкIэмрэ дунейпсо щэнхабзэмрэ узэрыхуигъасэр. Студентым къыIэрыхьэ информацэр зэригъэзэхуэфу, зэпилъытыфу, къигъэсэбэпыфу зыгъасэр цIыхущ, армыхъумэ IT Iэмалхэракъым. ЕтIуанэрауэ, еджапIэ нэхъыщхьэм щIалэгъуалэм Iэмал ярет къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм хыхьэну, стажировкэхэмрэ студент зэхъуажэхэмрэ хэтыну. Ар IэщIагъэмкIэ зэрызыбузэщIын IэмалыфIщ. Ещанэрауэ, еджапIэ нэхъыщхьэ къэзыуха цIыхум жылагъуэм пщIэ щегъуэт, и зэфIэкIхэмрэ и щIэныгъэмрэ Iулыдж яIэщ. Нэхъыщхьэр университетыр къызэрыбухамкIэ къыпIэрыхьэ тхылъракъым, атIэ ерыщу зи ужь уита щIэныгъэр зэбгъэгъуэтауэ, абы кърикIуэхэм узэрыщыгуфIыкIыжырщ.
- Сыт къызыхэкIар еджапIэ нэхъыщхьэр цIыхухэм къызэралъытэ щIыкIэм зихъуэжыныр?
- Псом япэрауэ, щIэныгъэр зэхуэхьэса мэхъу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, IэщIагъэхэм я нэхъыбэр щIэныгъэмрэ IэпэIэсагъэмрэ теухуа мэхъу, абыкIэ щыIэ есэныгъэхэр къэгъэщIэрэщIэжын фIэкIа, пэублэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ уимыIэми, ягъэ мыкIыну къалъытэу хуожьэ. ЕтIуанэрауэ, техникэ революцэ екIуэкIащ. IэнатIэхэм я нэхъыбэр автоматизацэм хуокIуэ, а щытыкIэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ къилъы-
хъуэркъым, ар зыщIэупщIэр IэщIагъэрылажьэщ. Ещанэрауэ, дунейпсо экономикэр зэтескъым, ар зэпымычу хьыжькуийм кърехьэкI. IэщIагъэ зэбгъэгъуэту лэжьапIэ IэнатIэ уувын щхьэкIэ, узэреджа илъэс бжыгъэр зыми щымыщу кIуэдынкIэ хъунущ, сом къыпэмыкIуэжу IэнатIэр дэхуэха хъумэ. Еджэныгъэм щIат уасэмрэ экономикэр зэрыуэзэрыбг зэрыхъумрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтыну хуейхэм я бжыгъэм кIэрегъэху, еджапIэ нэхъыщхьэм и пщIэм кIэреч.
Сыт хуэдиз зэщымыщхъу ди гъащIэм къыщыхъуми, сыт хуэдиз гугъуехь еджапIэ нэхъыщхьэр Iууэми, абы иджыри жылагъуэ гъащIэм щIыпIэшхуэ щеубыд, щIалэгъуалэм я дуней еплъыкIэр зэфIэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Iуэхур здэщыIэр еджапIэ нэхъыщхьэм и пщIэр къызэрехуэхаракъым, атIэ жылагъуэм и щыIэныгъэм пкъощIэсэ хуэхъу щхьэусыгъуэхэр экономикэ щыIэкIэщIэм зэрегъэзэгъын, лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къызэгъэпэщыным жыджэру хэлэжьыхьу гъэпсын зэрыхуейращ.
- Тимур, фIыщIэ пхудощI, Тхьэм уригъэфIакIуэ!
- «Адыгэ псалъэ» газетыр унагъуэкIэ къыщытIэрымыхьа къэхъуауэ си гъащIэм къэсщIэжыркъым - абы сыт щыгъуи дыпоплъэ, ар дапщэщи тфIэгъэщIэгъуэнщ. Фэри Тхьэм фиузэщI!
Епсэлъар ШУРДЫМ Динэщ.