Медаль 35-рэ къахь

Кавказ Ищхъэрэм атлетикэ псынщIэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Ставрополь крайм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщ куэдым я спортсмен 500-м щIигъу икIи ахэр зэхьэзэхуащ къызэдэжэнымкIэ, нэхъ жыжьэ лъэнымкIэ, нэхъ лъагэу дэлъеинымкIэ, дискыр, бжыр, ядрор дзынымкIэ, нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэмкIи.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм Ставрополь къалэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи медаль 35-рэ абы къыщахьащ: 13-р дыщэу, 13-р дыжьыну, 9-р домбеякъыу. Апхуэдэуи, зэхьэзэхуэм кърикIуахэм хэплъэжа нэужь, КъБР-м и командэ къыхэхам хагъэхьэнухэр ягъэбелджылащ икIи адэкIэ  ахэр хэтынущ УФ-м атлетикэ псынщIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм ирагъэкIуэкIыну зэIущIэм.

КъБР-м и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм хэтар Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и спорт еджапIэу Налшык, Прохладнэ, Май къалэхэм я спорт еджапIэхэм я гъэсэнхэрщ.

МЫСОСТ Наурыз.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.09.2026 - 09:30

Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ.

15.09.2026 - 09:26

ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ.

15.09.2026 - 09:24

«Дыгъужьы­къуейм» и хьэщIэщыбжэр зэIуех

Аушыджэр (Дыгъужьы­къуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъап­сэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ.

14.09.2026 - 09:26

Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ.

14.09.2026 - 09:24

Республикэр хуэхьэзырщ хэхыныгъэхэм

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ республикэм и Хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и Президиумым и япэ бжьы­хьэ зэIущIэр.