Блым щыщу тхур дыщэу

Урысейм ТхэквондомкIэ и зэгухьэныгъэм и президентым и Кубокыр къэ­хьыным хуэунэтIа къэралпсо зэхьэзэ­-хуэ Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащ-хьэ Черкесск щекIуэкIащ. Абы щызэ­пеуащ ди къэралым и щIыналъэ 32-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 1200-м щIигъу.

Зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр ща­Iащ ­КъБР-м и командэм, уеблэмэ Кэнжэ къуа­жэм дэт «Пят колец» спорт академием и гъэ­сэнхэм медалиблым щыщу 5-р ­къахьащ, псори дыщэу.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм ­щытекIуащ Iусенхэ Къамболэтрэ Русланрэ, Къэзанш Къасболэт, Бицу Къантемыр, Тхьэмокъуэ Элинэ сымэ.
Домбеякъ медалхэр къахьащ Степан Валерэрэ Уэзрокъуэ Ислъамрэ.
Командэм дэлажьэхэр Ахъмэт Амир, Унэжокъуэ Абдельджэбар, Уэзрокъуэ Анзор, Тикаев Индрис сымэщ. 

КЪУЭЖЕЙ  Iэмин. 

Сурэтым: Къэзанш Къасболэтрэ
Iусен Къамболэтрэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.09.2026 - 09:03

Гугъуехьхэм къагъэдзыхакъым

Лъахэм къытепсыха гуауэм ­игъэхыщIат къэралышхуэм и цIыхухэр. Нэмыцэ зэрыпхъуа­кIуэхэр къежьат ди Хэкур зыIэрагъэхьэу, ди лъапсэм псы ирагъэжыхьыжын мурад яIэу.

16.09.2026 - 09:03

Куэд къызэщIаубыдэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Бахъсэн къалэ округым.

15.09.2026 - 09:30

Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ.

15.09.2026 - 09:26

ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ.

15.09.2026 - 09:24

«Дыгъужьы­къуейм» и хьэщIэщыбжэр зэIуех

Аушыджэр (Дыгъужьы­къуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъап­сэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ.