|
|
IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...
23 января, 2026 - 06:44
Лосэн Хьэмидбий КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэхэщIыкI IэрыщIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ технологиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ. И IэщIагъэм епха щIэныгъэ лэжьыгъэу 40-м нэс итхащ, компьютерым, интернет бэджыхъым, зэхэщIыкI IэрыщIым теухуауэ гупсысэ щIэщыгъуэхэр къыщигъэлъагъуэу. ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ щIалэм иригъаджэхэр зэпымыууэ зэпеуэхэм хэтщ, ехъулIэныгъи яIэщ. Зыщылажьэ университетым абы мызэ-мытIэу къыхуигъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Лосэным и IэщIагъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, псом хуэмыдэу нобэ - интернетым утыку зыкъыщищIыпа зэманым. Хьэмидбий къедгъэблагъэри, зыпэрыт лэжьыгъэхэм тедгъэпсэлъыхьащи, ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ къыджиIам.
- Уи лэжьыгъэм ухуэкIуа зэрыхъуам и гугъу уэзгъэщIынут, Хьэмидбий.
- 2008 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэ-рал университетым микроэлектроникэм-рэ компьютер технологиехэмкIэ и къудамэр къэзухащ. Нобэ а къудамэм и фIэщыгъэр нэгъуэщIщ: «ЭлектроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэхэщIыкI IэрыщIымкIэ институт». Мис абы и зы кафедрэм сыщолажьэ. Ассистенту къыщIэздзащ, нэхъ иужькIэ егъэджакIуэ нэхъыжь сыхъуащ.
- Студентхэм я еджэкIэр сыт хуэдэ? ЩIэныгъэм хуэпабгъэрэ, библиотекэхэм кIуэрэ?
- Пэжым ухуеймэ, библиотекэхэм щIэсырейкъым ди студентхэр. Ауэ абы къикIыркъым ахэр фIыуэ емыджэу - интернетым и Iэмалхэр хъарзынэу къагъэсэбэп. Студентхэм уазыхутепсэлъыхь Iуэхур къагурыIуэныр нэхъыбэу зэлъытар егъэджакIуэращ. НыбжьыщIэхэр щIэныгъэм зэрыдебгъэхьэх хъуну Iэмалхэр умыбэлэрыгъыу къэбгъэсэбэпыпхъэщ, абыхэм уадэлэжьэныр къыхэпхамэ. Псалъэм папщIэ, дэ къытхуохуэ дерсым хухаха зэманыр къыщыдэмэ-щIэкI. Дихьэхауэ студентхэм зэпкърах Iуэхугъуэхэр зэпыдгъэун хуей мэхъу, ауэ абыхэм я гупсысэр жан щIыкIэ ар яджмэ нэхъыфIщ. Апхуэдэхэм деж яжызоIэ телефонымкIэ зыкъыспащIэм зыщIэупщIэхэм жэуап естыну сызэрыхьэзырыр.
Япэ курсым щIэсхэр сытым дежи гулъытэрэ чэнджэщрэ нэхъ хуэныкъуэщ. Абыхэм нэсу зэкIэ къагурыIуэркъым еджэныр зэрекIуэкI щIыкIэхэмрэ Iэмалхэмрэ, дерсхэм я мыхьэнэр, лекцэм хуаIэн хуей бгъэдыхьэкIэр. Мис а псом сахутопсэлъыхь, щIэныгъэм и мыхьэнэр къагурызгъаIуэу, еджэным тезгъэгушхуэу. Псом нэхъыщхьэу зыхезгъэщIыкIыну сыхущIокъу къыхаха IэщIагъэм и фIагъыр, абы сытым дежи щIэупщIэ зэриIэнур, щIэкъузауэ еджэмэ, лэжьыгъэ IэнатIэ тэмэ-ми зэрагъуэтынур. Щапхъэу къахуэсхьын сфIэфIщ ехъулIэныгъэхэр яIэу ди къудамэр къэзыухауэ щIэныгъэм и пIалъэр зыщIэ, IэнатIэфIхэр зыгъуэта IэщIагъэлIхэр.
- Уи IэщIагъэм теухуауэ узыхэта Iуэхугъуэхэм нэхъыщхьэу зыгуэр къахэбгъэщхьэхукIыфыну?
- Владикавказ щыIэщ дэ дызыдэлажьэ технологие центр. Абырэ ди университетымрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIауэ я щапхъэ-лэжьыгъэхэр къэтхьурэ, я пIалъэр зэдгъащIэурэ едгъэхьыжырт. Ар щапхъэ тхуэхъури, 2008 гъэм, си дипломым сыщелэжь зэманым техуэу, ди кафедрэм япэу къызэригъэпэщат къэрал зыбжанэм я лIыкIуэ зыхэта щIэныгъэ-техникэ конференц. Iуащхьэмахуэ лъапэ деж ди университетым егъэджэныгъэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэ щиIэщ. Иджы абы илъэс къэс щокIуэкI апхуэдэ зэхыхьэ. Конференцым кърагъэхь щIэныгъэ тхыгъэхэр зэрагъэзахуэ ди кафедрэм и лэжьакIуэхэм, тхылъу къыдыдогъэкI. Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкI щIэныгъэ зэхуэсхэм дошэ магистратурэм щеджэ ди студентхэр. Абыхэм щIэныгъэ лэжьыгъэ пхагъэкIын хуейуэ къапэщылъщи, конференцым щыжаIэхэмрэ щагъэлъагъуэхэмрэ куууэ къахуосэбэп. Абыхэм нэмыщI ди къудамэм щеджэхэм я гъэсэныгъэм, курыт еджапIэхэм щIэсхэм я IэщIагъэр къыхахынымкIэ сэбэп яхуэхъуным ехьэлIа лэжьыгъэ егъэкIуэкIыныр пщэрылъ къысщащIащи, абы теухуауэ олимпиадэхэр, зэпеуэхэр, дерсхэр, зэIущIэхэр идогъэкIуэкI. Курыт еджапIэхэм дыкIуэурэ ди къудамэм къыщIэтIысхьэмэ, щагъуэтыну щIэныгъэмрэ Iэмалхэмрэ дахутопсэ-лъыхь еджакIуэхэм.
- Ди зэманым псом хуэмыдэу къагъэсэбэп зэхэщIыкI IэрыщIым и Iэмалхэр, интернет программэ гугъухэр. ЗэхэщIыкI IэрыщIыр гъащIэм къызэрыхэувэм теухуауэ сыт жыпIэнт?
- ЗэхэщIыкI IэрыщI жыхуэтIэр сыт хуэдэ IуэхущIапIэми къыщосэбэп. Ауэ зэраныгъэ къимышэуи схужыIэнукъым. Иужь-рей илъэс зыщыплIым щIэпхъаджащIэхэм ерыщу къагъэсэбэп хъуащ ар. Псалъэм папщIэ, уи цIыхугъэ гуэрым и макъ зэрагъэпэщу къопсалъэу уагъэжакъуэфынущ. Мис апхуэдэ къызэрыхъур ди благъэ-Iыхьлыхэми, ныбжьэгъу-жэрэгъухэми къагурыдгъэIуапхъэщ.
- Университетым, уи студентхэм, щIэныгъэм теухуауэ нэхъ узыгъэгушхуэу Iуэхугъуэ гуэрхэр щыIэу къыщIэкIынщ…
- ИлъэситI япэ си деж диплом лэжьыгъэ гъэщIэгъуэныщэ зы пщащэм щитхат, «Унэ губзыгъэ» жыхуэтIэм теухуауэ. Ар фIы дыдэу пхигъэкIащ, дауи, тху къихьащ. ЕджапIэр къэзыуххэм я диплом лэжьыгъэхэм щыхэплъа урысейпсо зэпеуэ Мэзкуу щекIуэкIати, хъыджэбзым и лэжьыгъэр абы едгъэхьри, япэ увыпIэр къихьащ. Уи еджакIуэм апхуэдэ зэфIэкI къыщигъэлъагъуэм деж икъукIэ ущогуфIыкI, сэри гуапэ сщыхъуащ ныбжьыщIэм и щIэныгъэ хэлъэтыр.
Ди университетым жиIэу илъэс къэс иригъэкIуэкI «Стартап» зэпеуэ щхьэпэм, ди кафедрэм къыбгъэдэкIыу студентищ хэдгъэхьэ хабзэщ. Ар нэхъапэкIэ щымыIауэ щIэщыгъуэу икIи щхьэпэу зыгуэр къыщыгъэлъэгъуа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ зы Iуэхущ. Ари егъэлеяуэ IэмалыфIщ ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIыр къэхутэным теухуауэ.
- Упсэу, Хьэмидбий! ЩIалэгъуалэм я гур щIэныгъэм къыхуэбгъэушыным нэхъ IуэхуфI щыIэу къыщIэкIынукъы-ми, фи мурадхэр къывэхъулIэну ди гуапэщ.
Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
|
|
15.02.2026 - 12:25 УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIуэкIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр |
|
|
15.02.2026 - 09:03 Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щыгъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къызэщIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ Радиом и дунейпсо махуэр. |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым. |
|
|
13.02.2026 - 17:23 Урысейм щыяпэу ди республикэм щызэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер. |
|