Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ. Зи зэфIэкIхэмкIэ, жыджэрагъкIэ, Iуэху­щIафэкIэ адрейхэм къахэщхьэхукI, гъуазэ хъуну хэлъэт зиIэхэр гъуэгу захуэ тегъэувэным, ахэр щIалэгъуалэм пашэу хэту егъэсэным хуэунэтIа Iуэхур къызэ­ригъэпэщащ «Пэрытхэм я зэщIэ­хъее­ныгъэм».

«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгу­хьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и дауэ­дапщэхэр къызэзыгъэпэщ Чочаевэ Ма­-рьям къыхилъхьа «Пэрытхэр 2.0» Iуэхум щыщщ мы зэIущIэр. 
- Зи гугъу тщIы лэжьыгъэр Урысейм и щIалэгъуалэ къэрал IуэхущIапIэм и мылъкукIэ дубзыхуащ. «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» сыхыхьа къудейуэ си пщэ къыдалъ­хьауэ щытащ зы Iуэхушхуэ, «Пэрытхэр» зыфIэтщар. Ар курыт еджапIэм щIэсхэм хуэщIат, егъэджэныгъэми епхат. Къы­кIэ­лъыкIуэ илъэсым абы къетшэлIащ еджа­кIуэхэри студентхэри. Мис абы щыгъуэ нэ­рылъагъу тщыхъуащ ди щIыналъэм и студентхэм гулъытэ зэрамыгъуэтыр, абыхэм нэхъыбэу ядэлэжьэн зэрыхуейр, - жиIащ ­Чочаевэм. 
ЗэIущIэм хэта студентхэр «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» хагъэхьам и закъуэ мыхъуу, дэтхэнэми зэIущIэм зыкъыщигъэ­лъэгъуэну Iэмал иIащ: абыхэм ягъэхьэзыращ утыку зэрихьэ, гупым зэрызрагъэцIыху видеотеплъэгъуэхэр. 
Иджыри зы щIэщыгъуэ хагъэхьащ Iуэ­-хум. Нэхъапэм къызэгъэпэщакIуэхэр зэ­щIэхъееныгъэм щыщхэрауэ щытамэ, иджы Iуэхум ирагъэблэгъащ КъБКъУ-м и во­жатэхэри. Ахэр гупхэм я унафэщIу щытащ, зыгъэпсэхугъуэм деж щIалэгъуалэм я нэгу зэрызрагъэужь Iэмалхэр я пщэ дэлъащ. 
ЗэIущIэм щагъэлъэгъуащ абы хэта цIыху 80-м я проектхэр. Гулъытэ нэхъ зыхуащIахэм, къыхагъэщхьэхукIахэм ящыщщ сабий зеиншэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щащэ жармыкIэ Абхъазым и утым деж къызэгъэ­пэщыныр. Ар къыхэзылъхьар медицинэмкIэ колледжым и 2-нэ курсым щIэс Балэ Темболэтщ. ЩIалэм зэрыжиIамкIэ, ар езым и закъуэ иубзыхуа лэжьыгъэкъым, атIэ цIыху 15-м я акъылзэхэдзэщ. 
- Зи гугъу сщIы жармыкIэр Нартан къуа­жэм дэт школ-интернат №5-м щIэсхэм папщIэ едгъэкIуэкIыну дыхуейщ. Ар ди за­къуэкIэ зэфIэха зэрымыхъунур къыдгуроIуэри, Iуэхум къыхэтшэну дыхуейт «Пэ­рытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыналъэ къудамэри, КъБР-м ЩIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ министерствэри, хьэрычэ­ты­щIэхэ­-ри. Сабийхэм езым ягъэлъэгъуэнущ икIи ящэнущ я IэдакъэщIэкIхэр, сату щIэным и хабзэхэм зыщагъэгъуазэу, цIыхухэм ядэ­уэршэру, цIыхубэм зэращыщыр зыхащIэу, - жиIащ Балэм. 
- Догугъэ мы Iуэхум студентхэри къыхэт­шэну. Къыхэгъэщыпхъэщ: гулъытэ нэхъы­-бэ зыхуэтщIар къуажэ пхыдзахэм къикIа щIалэгъуалэрщ. ЩIэныгъэмрэ техникэмрэ зыщаужь, гъащIэм IэмалыфIхэр къыщыдит зэманщ дыщыпсэур. Ар къэдгъэсэбэ­пу ди щIалэгъуалэм я гур утIыпщауэ, тегуш­хуауэ утыку итыным, IуэхуфIхэм зрапщытыным хуэдгъэсэнырщ дызытела­жьэри, зэдгъэхъулIэну яужь дитщ, - игъэбелджылащ Марьям. 

Фырэ  Анфисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.02.2026 - 12:25

ЛIэ­щIыгъуэхэр блэкIми, Пушкиныр псэущ

УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIу­э­кIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэ­мыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэ­хэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр

15.02.2026 - 09:03

Хьэмидейм и «Шабзэр»

Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп

14.02.2026 - 09:03

Лэжьыгъэмрэ хъуэпсапIэмрэ щызэтехуэкIэ…

ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щы­гъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къы­зэ­щIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ ­Радиом и дунейпсо махуэр.

14.02.2026 - 09:03

ЩIэблэм нэхъапэ щыIэкъым

ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым.

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.