|
|
Нартыху бзийм и щэхухэр
23 января, 2026 - 06:42
КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и центрым декоративно-прикладной гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу. Ар къызэрагъэпэщащ гъащIэр узыншэу ехьэкIыным телажьэ «Анна» валеологие клубым и щIыналъэ къудамэм хэтхэм, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэм-рэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм и субсидие къэхьынымкIэ республикэ зэпеуэм зэрыщытекIуам и фIыгъэкIэ. Ар и жэрдэмщ клубым и унафэщI Жиздюк Маринэ.
IэпщIэлъапщIэ, егъэджакIуэ Мысачэ Верэ и унафэм щIэт IэпэIэсэхэм утыку кърахьащ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Гъэлъэгъуэныгъэм лэжьыгъэ 70-м нэблагъэ къызэщIеубыдэр. Абы щыболъагъу гуащэхэр, удз гъэгъахэр, гъащIэм узыщрихьэлIэ теплъэгъуэхэр. Выставкэм зрезыгъэхьэлIахэм лэжьыгъэхэр ягу дыхьащ. ЖыпIэнурамэ, IуэхущIапIэм и пэшыр ИлъэсыщIэ таурыхъым хуэдэт, абы щагъэува сурэтхэмрэ хьэпшыпхэмрэ телъыджэти.
Iуэхур къыхалъхьащ ди нэхъыжь IэпщIэлъапщIэхэм я зэфIэкIыр къызэкъуахын, дэзыхьэх лэжьыгъэм нэхъри трагъэгушхуэн, я щыIэкIэ-псэукIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихащ КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амурбий. Абы жиIащ республикэм щыпсэу, зэфIэкI зиIэ нэхъыжьыфIхэм я лэжьыгъэ щIэщыгъуэхэм япэу зэрызыхигъэгъуэзар, РАХ-м и президент Церетели Василий ди щIыналъэм къыщыкIуам ХудожествэхэмкIэ академием и къудамэ ди щIыпIэм къыщызэIу-хын зэрыхуейм и гугъу зэращIар, республикэм ис щIалэгъуалэм IэпэIэсагъэмкIэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну Iэмал яIэн папщIэ. Текуев Амурбий гъэлъэгъуэныгъэм хэт IэпщIэлъапщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ, пасэрей цIыхубэ IэщIагъэ дахэр зэрахъумэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр зэрыкупщIафIэмрэ папщIэ.
Выставкэм зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Куэцэ Эльбердрэ а къудамэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Шевченкэ Аллэрэ. Абыхэм я псалъэм къыхагъэщащ зи лIыкIуэ министерствэм Iуэху гъэщIэгъуэн куэд цIыхухэм зэрадиIыгъыр, псэгъэгуфIэ-дахагъэ зыхэлъ мы зэхыхьэри абыхэм зэращыщыр. Зэхуэсахэм абыхэм ягу къагъэкIыжащ къэралым ис нэхъыжьхэм я гъащIэр нэхъ кIыхь ящIыным, ядэIэпыкъуным телэжьэну УФ-м и Президентым и унафэмкIэ пщэрылъ къызэрыщищIыр. Выставкэр зи жэрдэмым, ар къызэзыгъэпэщахэмрэ абы хэтахэмрэ фIыщIэ хуащIащ, я ехъулIэныгъэхэм зэрыригушхуэри дыщIагъужащ.
Мысачэ Верэ къытеувыIащ гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа хьэпшыпхэм ящыщ куэд къызыхащIыкIа нартыху бзийр тхылъымпIэмрэ щэкIымрэ хуэдэу зэрыгъущэм икIи ар мащIэу «зэрыткIийм», псы тIэкIу лъэбгъэIэсмэ, «жыIэдаIуэ» зэрыхъум. Пасэм абы кIапсэхэр, матэ-хэр, арджэнхэр, сабий вакъэхэр къыхащIыкIыу, абджыпс хьэпшыпхэм ар кърашэкIыу щытащ. Иджырей IэпщIэлъапщIэхэм нартыху тхьэмпэхэр къагъэсэбэпурэ гъуазджэ лэжьыгъэхэр ящI.
КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и центрым и унафэщI Урыс Аслъэни арэзы техъуащ нартыху бзийр лэжьыгъэ щIэщыгъуэхэр къыхащIыкIыну Iэмал зэраIэр, абыхэм щIэупщIэр зэрыкуэдыр, апхуэдэ хьэпшып зыбжанэкIэ я центрыр игъэдэхэну зэримурадыр.
- КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Налшык къалэ администрацэмрэ я фIыгъэкIэ, Мысачэ Верэ щылэжьэну, IэпщIэлъапщIагъэм щыхуигъэсэну пэш хухахынущ. Абы екIуалIэ хъунущ пенсэм кIуа нэхъыжьхэр, апхуэдэ лэжьыгъэм гупыж хуэзыщI псори. Абы сурэтхэр, алэрыбгъухэр, нэгъуэщI гъуазджэ лэжьыгъэхэр щащIыну Iэмал яIэщ, - жиIащ Урыс Аслъэн. - Къапщтэмэ, иджыпсту унэтIыныгъэ 12-м худогъаджэ. Абыхэм ящыщщ лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэмрэ вакъэхэмрэ дыныр, дыщэкI IэщIагъэр, хьэпшыпхэр пхъэм къыхэIущIыкIыныр, нэгъуэщIхэри. Ди лэжьыгъэр зыхуэунэтIар Налшык дэсхэм я зэманыр гъэщIэгъуэну икIи щхьэпэу ягъэкIуэнырщ.
Жиздюк Маринэ и псалъэм къыхигъэщащ я зэфIэкIхэм хагъэхъуэ-ну зэрамурадыр. Гъэлъэгъуэныгъэм хэтахэм щIыхь тхылъхэмрэ сертификатхэмрэ иратащ. Зэхыхьэр ягъэдэхащ икIи абы зыкърезыгъэхьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ уэрэджыIакIуэ-макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэ «Поющие укулеле» гупым, уэрэджыIакIуэ Шэрий Маринэ, артист Дым Елдар.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
|
|
15.02.2026 - 12:25 УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIуэкIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр |
|
|
15.02.2026 - 09:03 Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щыгъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къызэщIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ Радиом и дунейпсо махуэр. |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым. |
|
|
13.02.2026 - 17:23 Урысейм щыяпэу ди республикэм щызэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер. |
|