|
|
Лъэпкъ хабзэхэм я дерс
22 января, 2026 - 07:01
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуахащ республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмкIэ еджапIэ. «Къонакъым» и япэ зэIущIэм хэтащ Налшык къалэм дэт гимназие №14-м и 7-нэ классхэм щIэсхэр.
ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ахъмэт Артуррэ гъэсакIуэхэмрэ.
Япэ зэIущIэр теухуат щэнхабзэмрэ хабзэмрэ. Абы ипкъ иткIэ ныбжьыщIэхэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и мыхьэнэмрэ Адыгэ Хабзэм, Ёзден Адет, урыс-къэзакъ щэнхабзэм къигъэув щыIэкIэ-псэукIэмрэ.
КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм теухуауэ зэпсэлъэныгъэ купщIафIэхэр тхьэмахуэ псокIэ зэхэтыну яубзыхуащ Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм. Школым къакIуэ ныбжьыщIэхэр а махуэхэм хуагъэзэнущ хабзэм, щэным фIыуэ хэзыщIыкIхэм. НыбжьыщIэхэм а щIыкIэм тету зрагъэгъуэта щIэныгъэр щагъэлъэгъуэну зэIущIэр мазаем и кIэм ЩIалэгъуалэм я унэм щызэхэтыну яубзыхуащ.
Мы илъэсым къриубыдэу апхуэдэ егъэджэныгъэхэм цIыху мини 10-м щIигъу хэтыну хуагъэфащэ. Iуэхур КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и жардэмкIэ къыхалъхьауэ аращ, щIэблэр хабзэмрэ щэнхабзэмрэ щыгъуазэу къытщIэхъуэн, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр нэхъри быдэ хъун папщIэ.
Фырэ Анфисэ.
|
|
15.02.2026 - 12:25 УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIуэкIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр |
|
|
15.02.2026 - 09:03 Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щыгъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къызэщIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ Радиом и дунейпсо махуэр. |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым. |
|
|
13.02.2026 - 17:23 Урысейм щыяпэу ди республикэм щызэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер. |
|