Сабийхэр ягъэгуфIэ

Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулы­къур щезыхьэкIхэр щыIащ республикэм и Сабий унэм. Абыхэм сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ хуашащ илъэсыщIэ саугъэтхэмрэ япэу зыхуеину хьэпшыпхэмрэ икIи насыпрэ фIыгъуэрэ яIэну ехъуэхъуащ.

«Мыпхуэдэ зэIущIэхэр дэ сэбэп къытхуохъу - сабийхэр дгъэгуфIэным и мызакъуэу, абыхэм ящыщ дэтхэнэми гулъытэ зэрыхуэщIыпхъэр дигу къегъэкIыж», - къыхигъэщащ  подполковник Беляев Сергей.

Социальнэ IуэхущIапIэм и унафэщIхэм росгвардейцхэм фIыщIэ хуащIащ сабийхэм гулъытэ зэрыхуащIым папщIэ.

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.02.2026 - 12:25

ЛIэ­щIыгъуэхэр блэкIми, Пушкиныр псэущ

УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIу­э­кIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэ­мыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэ­хэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр

15.02.2026 - 09:03

Хьэмидейм и «Шабзэр»

Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп

14.02.2026 - 09:03

Лэжьыгъэмрэ хъуэпсапIэмрэ щызэтехуэкIэ…

ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щы­гъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къы­зэ­щIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ ­Радиом и дунейпсо махуэр.

14.02.2026 - 09:03

ЩIэблэм нэхъапэ щыIэкъым

ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым.

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.