КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и япэ зэIущIэр вэсэмахуэ екIуэкIащ. Абы и унафэщI Жыласэ Заурбэч жиIащ илъэсым Iуэху гуапэкIэ зэрыпежьар.
Урысей Печатым и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и щIыхь тхылъкIэ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэ зэхуэмыдэхэм я лэжьакIуэ зыбжанэ ягъэлъэпIащ. «Дызытехьа илъэсыр тхуэфIыну, лэжьыгъэ купщIафIэ къыдэхъулIэну, нэхъыщхьэращи, гугъуехь щыIэхэр къызэрызэднэкIынум я хэкIыпIэхэр къэдгъуэтыну сынывохъуэхъу», - къыхигъэщащ Жыласэм.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м Бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министр Бозий Аскэр. Абы жиIащ: «ХъыбарегъащIэ Iэмалхэм, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, захъуэж, заужь, электрон къыдэкIыгъуэхэм, социальнэ сетхэм заубгъу. Ауэ журналистым и лэжьыгъэм и мыхьэнэмрэ купщIэмрэ абы химыгъахъуэмэ, нэхъ мащIэ ищIыркъым. Иджыри 2000 гъэм тыгъэ къысхуащIауэ щытат Совет щIэнгъуазэ тхылъышхуэр дискищым тетхауэ. Зы библиотекэ цIыкIу щIэхуэн хуэдиз хъугъуэфIыгъуэр абдеж къызэрыщыбгъуэтыфыр ди адэм игъэщIагъуэрт. Иджыпсту хъыбар къыпIэрыхьэну гугъукъым, арщхьэкIэ ахэр куэдыщэ хъуащи, уи фIэщ пщIынумрэ дзыхь зэбгъэзынумрэ зэхэгъэкIыгъуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ журналистым игъэзащIэ къалэныр инщ, хъыбарым и пэжыпIэр цIыхум деж негъэсыф. Нэгъабэ «Инфорум» зэхыхьэшхуэр Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм Налшык зэрыщригъэкIуэкIар ди ехъулIэныгъэхэм ящыщу къызолъытэ, мис апхуэдэ IуэхуфIхэм дыхуейщ, дызэчэнджэщын, хэкIыпIэхэр къэдгъэлъэгъуэн папщIэ. Дыщогугъ дызытехьа илъэсми лэжьыгъэ купщIафIэ здедгъэкIуэну, министерствэм абы и къару ирихьэлIэнущ».
ХъыбарегъащIэ IэнатIэм хэлъхьэныгъэ хуащIыр къалъытэу, зэIущIэм КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и щIыхь тхылъыр щратащ «Адыгэ псалъэ» газетым и сурэттех Къарей Элинэ, «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и корреспондент Бейтыгъуэн Iэсият, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м и нэтынхэм щыщ езыгъэкIуэкIхэу Щоджэн Лаурэрэ Джэду Сакинатрэ, «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и хъыбарыщIэхэр езыгъэкIуэкI Къардэн Азэмэт, «Заман» газетым къыдэзыгъэкI и редактор Кетенчиевэ Зульфия, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор Накуэ Ольгэ, «Прохладненские известия» газетым и корреспондент Еремеевэ Иринэ сымэ.
КЪАНЩАУЭ
Мэлычыпхъу.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.