АХЪМЭТ Амир: ЦIыхум уи сэбэп екIынырщ нэхъыщхьэр

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондомкIэ (ВТФ) и гъэсэнхэм дунейпсо, урысейпсо утыкухэм нэгъабэ къыщагъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм хуэдиз нэгъуэщI лIэужьыгъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм яIакъым. Нэхъ гурыIуэгъуэ хъун щхьэкIэ - сэ мыбдежым зы цIыху щхьэхуэкъым зи гугъу щыс­щIыр, атIэ зы спорт лIэужьы­гъуэмкIэ зы гупым хузэфIэкIаращ сы­зытепсэлъыхьыр. 
Псалъэм къыдэкIуэу, тхэквондомкIэ республикэм и спортсменхэм нэгъабэ къахьащ, УФ-м щыя­пэу, Сурдлимп джэгухэр (тэмэму зэхэзымых спортсменхэм я олимпиадэ), дунейпсо чемпионатым и дыжьын, Европэм и дыщэ медалхэр, цIыхубзхэм я дунейпсо чем­пио­натыр, Европэм пашэныгъэр къы­щыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэхэр, УФ-м и чемпионатымрэ Кубокымрэ, адрей дунейпсо, европей зэIущIэшхуэхэм щаIа ехъулIэныгъэхэр хэмыту.
Абыхэми нэгъуэщIхэми тедгъэп­сэлъыхьыну нобэ зыхуэдгъэзащ а псоми зи гуащIэ хэлъ, «Пять колец» спорт академием и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер, КъБР-м и Парламентым и депутат Ахъмэт Амир икIи ди упщIэхэм гуапэу жэуапхэр къаритыжащ. 

- Амир, нэгъабэ дызыщыгуфIы­кIа фи ехъулIэныгъэ псори къып­хузэщIэмыкъуэжми, нэхъыщхьэ­хэм ди щIэджыкIакIуэхэр щыгъуа­зэ пщIамэ арат. 
- Псом япэу жысIэну сызыхуейращи, илъэс блэкIам лэжьыгъэшхуэ едгъэкIуэкIащ. Абы кърикIуэу, щхьэ­хуэу зы ныбжь хэхам ехьэлIа мы­хъуу, атIэ нэхъыщIэхэми, щIалэ­гъуалэми, балигъхэми папщIэ екIуэ­кIа дунейпсо, Европэ зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щыдиIащ. Зэ-­ры­ф­­щIэщи, Сурдлимпиадэми ды­щы­­текIуащ.
Къапщтэмэ, Урысей Федерацэм СпортымкIэ и министерствэм иIэщ япэ ирагъэщ, нормативхэр, спорт квалификацэхэр зэрат зэхьэзэхуэхэр. Япэ итыр балигъхэр зыхэт Олимп джэгухэмрэ дунейпсо, европей чемпионатхэмрэщ. Ныбжьы­щIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ абыхэм хуагъэхьэзыру къалъытэу аращ. 
А министерствэм и мардэ дыдэхэр къатщтэмэ, тэмэму зэхэзымых спорт­сменхэм я олимпиадэм япэ увыпIэр къыщытхьащ, дунейпсо чемпионатми етIуанэ дыщыхъуащ, Европэми и дыщэ медаль диIащ.
МыдэкIэ, щIалэгъуалэм я деж лъэщу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэзанш Къасболэтрэ Тхьэмокъуэ Эли­нэрэ. Абыхэм Европэм пашэныгъэр къыщахьащ. 2024 гъэм Элинэ дунейпсо зэхьэзэхуэми призер щы­хъуащ. НэгъуэщI ехъулIэныгъэ хъар­зы­нэхэри щыIэщ. 
Мис ахэр псори зэхэтлъхьэжрэ зэуэ дриплъэжмэ, абыхэм я инагъымрэ абыхэм дынэсын щхьэкIэ къарурэ лэжьыгъэу тедгъэкIуэдар зыхуэдизымрэ жыпIэми, спортым хэзымыщIыкIхэм къагурымыIуэнкIэ хъунущ. Ауэ егъэлеяуэ лэжьыгъэшхуэщ ар.
Уигури уи псэри хэплъхьэу, жэщ-махуэ уимыIэу а IэнатIэм убгъэ­дэтын хуейщ, узыхэт Iуэхум ихъуреягъкIэ къыщекIуэкIыу хъуами фIыуэ ущымыгъуазэу хъунукъым. Уи лэ­жьыгъэм IэщIагъэлIым хуэдэу убгъэ­дэмыхьэмэ, спортсменым и гу­рыгъу-гурыщIэхэм нэсу хыумы­щIыкI­мэ, абы уримыпсэумэ, ар чемпион зэрыпщIыным яужь уимытмэ, дунейпсо утыкушхуэхэм ехъулIэныгъэхэр ущиIэнукъым. 
Тренерым и пщIэр дапхуэдэу къызэралъытэр? Сэ сытренерыфIщ жыпIэу уи бгъэм утеуIуэжыным мыхьэнэ иIэкъым. Уэ узищIысыр къы­зэращIэр узыдэлажьэ сабийхэмрэ абыхэм къагъэлъагъуэ ехъу­лIэныгъэхэмкIэщ. 
Балигъхэм я чемпионату Китайм нэгъабэ щекIуэкIам УФ-м и командэ къыхэхам хэту щыIащ ди гъэсэнхэу Бекъул Миланэрэ Багъ Идаррэ. Япэм къэмыхъуауэ, егъэлеяуэ къэ­рал куэдым - 182-м - я командэхэр щыIащ а зэхьэзэхуэм. Абы и инагъыр зыхуэдизыр къыщыпщIэр уэ езым ар щыплъагъум дежщ. Уеблэмэ сымыцIыху, зэи сымылъэгъуа ныпхэр къыщыспэщIэхуэ къэхъурти, интернеткIэ зэхэзгъэкIыу арат хэт дэнэ щыщми… 
Къэбгъэлъагъуэмэ, тхэквондом цIыхушхуэ къыщызэщIеубыдэ дуней псом. ГъэщIэгъуэнкъэ мы бжыгъэр - цIыху мелуан 80-м щIигъум а спорт лIэужьыгъуэм зыхуагъасэ нобэкIэ! Апхуэдиз къэрал зыхэт зэхьэзэхуэм ущытекIуэныр икъукIэ гугъущ. Езы спортсменми къаруушхуэ, лэжьыгъэшхуэ ирихьэлIэу, гугъуехьхэм щы­­мышынэу щытын хуейщ чем­пион хъун щхьэкIэ. 
Чемпион нэсым и хьэл-щэну ­хъуар зыхэлъ спортсменымрэ абы хуэ­фащэ тренер, спортым хьэщыкъ хуэхъуауэ, къыкъуэкIыу а тIур зэрихьэлIэрэ я акъыл зэтехуэмэ - итIанэ ехъулIэныгъэ лъагэхэр щыIэнущ. Иджыри зэ жызоIэри, икъукIэ лэ­жьыгъэшхуэщ ар. 
МыдэкIэ, Сатушы Мадинэ къэтщтэнщи, Урысей псом щыщу а зыращ олимпиадэм ягъэкIуар нэгъабэ. Абы ипэкIи дыхэтын хуеящ дэ абы, ауэ ди къэралым къращIылIа дэ­къузэныгъэхэм къыхэкIкIэ ар блэдмыгъэкIыу хъуакъым, ди жагъуэ зэрыхъущи. Иджы, иужьрей илъэ­сийм къриубыдэу, УФ-м щыщ спортсмен япэу кIуауэ арат а джэгухэми, Мадинэщ а щIыхьыр зыхуа­гъэфэщар, абы и ехъулIэныгъэ­хэмрэ зэфIэкIхэмрэ къалъытэу. Ды­зы­щыгуфIыкIщи, кърагъэза дзы­хьыр игъэпэжу дыщэ медаль къихь­ри, ди къэралым и щIыхьыр лъагэу иIэтащ.
- Тренерым и деж къакIуэ цIы­кIухэм ящыщу чемпион хэт хъу­фынуми дауэ къызэрищIэр, абы Iэмал гуэрхэр иIэ?
- Абы щхьэкIэ зэман гуэр дэкIын хуейщ: уи IэнатIэм уздыпэрытым, лэжьыгъэм и пIалъэм нэхъ куууэ хэпщIыкIыу уохъу. Тренерым щIэ­мы­чэу зиужьу, и щIэныгъэм хигъахъуэу щымыту хъунукъым. Ап­хуэ­дэурэщ япэм къыбгурымыIуэу щы­тахэм хуэм-хуэмурэ щыгъуазэ узэрыхъур.
ЗэрыфщIэщи, спортыр тIууэ егуэш. Япэр, ар сабий-цIыхубэ спорт жыхуэтIэрщ. Iэмал имыIэу ар щыIэн хуейщ. Физкультурэр - ар узыншагъэщ, абы къыдэкIуэу, гъэсэныгъэщ. ПсэкIи IэпкълъэпкъкIи узын­шэ цIыхухэм яхэту къэгъэхъупхъэщ сабийр: хьэл-щэн дахэ хэлъу, ныбжьэгъур зищIысыр, цIыху хэтыкIэ, гъуэгу тетыкIэ ищIэу. 
НыбжьыщIэ цIыкIум дежкIэ егъэлеяуэ институтышхуэщ ар. Адэ-анэми я жагъуэ ящIынкъым ауэ, абыхэм я закъуэкIи сабийр гъэса ­хъуркъым. Пэжщ, тренерым и за­къуи ар зэрыхуэмыгъэсэнур гурыIуэгъуэщ, ауэ лъэныкъуитIри зэгу­рыIуэу, зэгъусэу зэдэлажьэмэ, Iуэ­хур кIуэтэнущ.
Сабийр зэхьэзэхуэхэм бгъэкIуэ­ным гугъуехьхэр пыщIащ. Куэдым къохьэлъэкI абы текIуадэ ахъшэр, ар мащIэкъыми. Ауэ, апхуэдэу щыхъукIи, ныбжьыщIэр спортым зэ­ры­хэтам мыхьэнэ нэхъ ин дыдэ иIэу къыщIэкIыжынкIи хъунущ. Чемпион мыхъуами, олимпиадэр къимыхьами, игъуэта гъэсэныгъэр, цIыху хэ­тыкIэ къызэрищIар, хьэл-щэн зыхилъхьар сэбэпышхуэ къыщыхуэ­хъужынущ и гъащIэм.
Сэ сиIэщ гъэсэн куэд, спортым и лъагапIэ инхэр къахуэмыщтами, цIыху нэс къищIыкIауэ: лэжьыгъэ хъарзынэхэр яIэу, еджапIэфIхэм щIэсу, дуней тетыкIэ ящIэу. Абыхэм ящыгъупщэркъым ди деж щIаха гъэсэныгъэмрэ щагъуэта гулъы­тэмрэ. ДахуэзэхукIэ къыджаIэ ар. Аращи, ехъулIэныгъэшхуэхэр спортым щамыIами, абы зэрыхэтам и сэбэпынагъ куэд йокI абыхэм. Ауэ, псом нэхърэ нэхъыщхьэжращи, физ­культурэмрэ цIыхубэ спортымрэ зегъэужьыныр - ар къэрал узыншэм и шэсыпIэщ. Аращ ди Хэкум абы зэпымыууэ гулъытэ щIыщыхуащIри.
Мыдрейуэ, спортым и етIуанэ Iы­хьэр - ар лъагапIэшхуэхэр зи плъапIэ спорт жыхуэтIэращ. Ари философие псо мэхъу, ауэ ар къыхэзыхыр езы спортсменращ. Уэ ар пхухэгъэзыхьынукъым. Ауэ щыцIыкIум деж, баштекъузэ тIэкIуи хэлъу зебгъэгъасэмэ, адэ-анэм я жыIэм щIэту, залым ешэлIамэ нэхъыфIщ, телефонымкIэ джэгуу, компьютерым бгъэдэсу унэм къыщIэбнэ ­нэхърэ. Хуей-хуэмейми, залым гъэ­кIуэн, гъэлэжьэн хуейщ, зыгуэрым дихьэхын щхьэкIэ. 
Мыдрей щIалэщIэ къыдэкIуэтеяхэм езыхэм къыхахыж спортым адэкIэ хэтынрэ нэгъуэщI гъуэгу те­хьэнрэ. Сэ седжэнущ, щIэныгъэ зэз­гъэгъуэтынущ, жызыIэм упэрыуэ хъунукъым, ар езым къыхихащи. Балигъ хъуа иужь зэрыпсэун IэнатIэ иIэн хуейщ абы. Армыхъумэ, зыми щымыщу къэнэнкIэ шынагъуэ щыIэщ. Ауэ спортым хэзагъэмэ, зэ­фIэ­кIыфIхэр къигъэлъагъуэмэ, ари IэщIэбуд хъунукъым, Iэмал куэд къыхукъуэкIынущи.
Къэтщтэнщи, Бекъул Миланэрэ Багъ Идаррэ къахьым хуэдиз ба­лигъ куэдым къахуэлэжьыркъым иджыпсту. Идар Европэм и чем­пион нэгъабэ хъуащ. АтIэ, къэралым ахэр зыхуей-зыхуэфIу псомкIи нобэ къызэрегъэпэщ, улахуэш­хуэхэр, ахъшэ саугъэтхэр къахь, УФ-м и Президентым и стипен­диер кърат, я ехъулIэныгъэхэм ятещIыхьауэ, нэгъуэщIхэри. 
Сатушы Мадинэ олимпиадэм щыIат Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дагъыстэнымрэ я щIыхьыр ихъу­мэуи, ди деж имызакъуэу, ди гъунэгъу республикэми хуабжьу къыщагъэфIащ ди пщащэ цIыкIур. Абы нэмыщI, си гуапэу къыхэзгъэщынщи, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ ­Казбек и гулъытэ зэи дыщигъащIэркъым. Псалъэм папщIэ, нэгъабэ илъэсым и кIэ махуэхэм дригъэблагъэри, къыдэпсэлъащ.
- Ди спортсменхэм нэгъабэ къагъэлъэгъуа зэфIэкIхэр дауэ къащыхъуа Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренерхэм?
- Къэралым тхэквондомкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщ­хьэ Иванов Владимир пщIэшхуэ къытхуищIащ икIи къыхигъэщащ ди спортсменхэм ехъулIэныгъэфI ды­дэхэр къызэрагъэлъэгъуар, ап­хуэ­дэуи, псалъэ къудей мыхъуу, къыс­хуигъэлъэгъуащ олимпиадэм зы­щыхуагъэхьэзыр лъэхъэнэм къриу­быдэу балигъхэм я деж тренеру сыщигъэлэжьэну. Ауэ, дызэчэнджэща нэужь, зэрыщытым хуэдэу къэдгъэнэжащ Iуэхур. 
Дауи, си дежкIэ нэхъ тыншт УФ-м и командэ къыхэхам сыкIуэу абы сыщыIатэмэ, си хэхъуэкIи нэгъуэщI­хэмкIи си Iуэхур нэхъ къикIынут, ауэ си зэранкIэ мы си командэр лъэ­­-лъэ­жынкIэ шынагъуэ щыIэщ. СпортсменыфI, командэфI зэтедгъэувамкIэ си гур тIэкIу ныкъуэнущ итIанэ. Сэ абы сыхуейкъым.
Бекъул Миланэ къызощтэри, мы гъэм дунейпсо зэIущIэу 12-м хэтын хуейуэ къыпэщылъщ абы. 2026 гъэм, зэрыфщIэщи, олимпиадэм къызэрыхах рейтингхэр куэду ирагъэкIуэкIынущ. Миланэ иджыпсту дунейпсо рейтингым етIуанэ увы­пIэр щиIыгъщ. Ар егъэлеяуэ ехъу­лIэныгъэшхуэщ, ауэ мы гъэм ар зы­IэщIэдгъэкIмэ, дыкъекIуэтэхынущ. Мис апхуэдэ къэмыхъун щхьэ­кIэ, ­лэжьыгъэшхуэ къытпэщылъщ.
Алыхьым и шыкуркIэ, ди тренерхэр хъарзынэу мэлажьэ. Къапщ­тэ­мэ, Унэжокъуэ Абдельджэбар игури и псэри етауэ сабийхэм яхэтщ, залым махуэ къэс щIэтщ, и гъэсэн ныбжьыщIэхэми ехъулIэныгъэфIхэр къагъэлъагъуэ зэпытщ. Ауэ а лэ­жьэкIэ зэтедухуам къыхэдгъахъуэу-рэ декIуэкIмэ, щIэблэми нэхъ псын­щIэу заужьынущ. Уеблэмэ иджыпсту диIэ балигъхэм нэхърэ нэхъ лъэщыжи тхуэщIынущ.
Аращи, цIыхум езым и дежкIэ нэхъыфI-нэхъ Iейм Iуэхур трищIыхь зэпыту щыт хъунукъым, атIэ мыпхуэдиз лэжьыгъэ къетхьэжьар и кIэм нэгъэса хъун папщIэ, зыгуэрхэм зыхэбгъэнын хуей мэхъу. Командэ зэтедгъэувар япэ игъэщыпхъэщ, къытщыгугъыу ди деж къакIуэ апхуэдиз сабийр утыку къиднэну сфIэтэмэмкъым. 
- Нэгъабэрей ехъулIэныгъэхэм къы­­пащэн, ахэр зэкIэлъхьэужь  хъун папщIэ сыт щIапхъэр?
- Нэхъыбэжу лэжьэн хуейуэ аращ. ЕхъулIэныгъэр - ар гъэунэхупIэщ. ЩыIэщ, зыгуэр зыхузэфIэкIа спорт­с­меным, сом гуэр къыIэрыхьэ, и Iуэхур нэхъыфI хъуауэ къыщыщы­хъум деж зыщыщIригъэх, зигъэ­сэныр Iэпэдэгъэлэл щищI. Ауэ, ехъу­лIэныгъэхэм щхьэкIэ къэмыувыIэу, нэхъ лъэщыж хъухэри яхэтщ абыхэм. 
ИтIанэ, ди командэм и зэфIэкIыр къэралым и дэнэ щIыпIэкIи къыщацIыхури, сыт хуэдэ зэхьэзэхуэ ды­кIуами, ди хьэрхуэрэгъухэр нэхъ ерыщу дэ къытпэщIэтщ: мыхэр ­УФ-м и командэ нэхъыфIхэм ящыщщ, жыхуаIэу. Ди спортсменхэм нэхъ гуащIэу къапэщIоувэ, жы­пIэнурамэ - хэхауэ зыкъытхуа­гъэ­хьэзыр. Ари тэмэмщ, апхуэдэуи ­щы­тын хуейщ. Дэ абы нэхъ лъэщ ди­щIыну фIэкIа, ди зэран къы­­хэ­кIынукъым. 
Иджыпсту ди деж зыщызыгъасэ цIыкIухэми зэчиифIэ куэд яхэтщ. Ауэ, дапщэщи жызоIэри - мыбдежым, псори нэхъыбэу зэлъытар икIи нэхъыщхьэу щытыр трене­рырщ. Спортсменыр лъэщ хъунущ, тренерым абы бгъэдыхьэкIэ къыхуи­гъуэтмэ. Псоми къежьапIэ хуэхъур аращ. 
Сэ сфIэфIкъым тренерыр щытхьэусыхэм деж: мори хъуркъым, мыбыи зыри къыхэкIынукъым, жи­Iэу. Абы дэтхэнэ зы сабийми фIы гуэр хилъэгъуэн хуейщ. Ныбжьы­щIэм зыкъызэкъуихыфынущ, тэ­мэму удэлажьэу щытмэ. Уи сабийм зимыужьмэ, ехъулIэныгъэ имыIэмэ, япэрауэ, уи къуаншагъэ абы зэры­хэ­лъыр къэплъытэжыфын хуейщ, угъэсакIуэ щыпкъэмэ. Псори зэ­пэп­лъытыпхъэщ, апхуэдэу Iуэхур щIэ­хъур зэхэбгъэкIын, уи щыуагъэр къэбгъуэтыжын папщIэ: пхуегъэщIэну хъуар гурыбгъэIуа хьэмэрэ зыгуэр пIэщIэкIа? Сабийр бгъэкъуан­шэу, ихъуреягъкIэ псори мы­хьэ­нэншэу къыщIебгъэдзу утIысыж хъунукъым. 
Апхуэдэущ сэ Iуэхум сызэрыбгъэдыхьэр. Бекъул Миланэ иджы здэ­щыIа чемпионатыр къэсщтэнщи, финалым абы къыщытекIуа, Тыркум и спортсменкэр мазитI ипэ­кIэ Болгарием щекIуэкIа къы­зэ­ры­хах зэхьэзэхуэм щыхигъэщIауэ щытащ. Уеблэмэ зэIущIэм хухаха зэма­ныр и кIэм нимыгъэсу. Мыбдежым къыщытекIуащ. 
Апхуэдэм деж спортсменыр занщIэу бгъэкъуаншэ хъунукъым, укIий-угуокIи Iуэхур зэфIэкIыркъым. ЯпэщIыкIэ, уи лэжьыгъэр къыбопщытэж и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэсыху. СымыщIэу зыгуэрхэр жесIа, хьэмэрэ зэрызэуэну къы­ху­хэсха тактикэр мытэмэму къыщIэкIа - хэт ищIэрэ, псори зэхузогъэкIуэж, сроплъэж. Зэрызыдгъэхьэзыра псоми лъэбакъуэ зырызурэ сроплъэж: зыщIыпIэ деж нэхъ сыщыщэбэIуа е щытезкъузэIуа, абыхэм я зэран езгъэкIа, жыхуэсIэу. ИужькIэ, си лэ­жьы­гъэм щыуагъэ къыщызмы­гъуэ­тамэ, спортсменым ар изогъэлъагъу икIи жызоIэ: мис мыбдежым, псалъэм папщIэ, зэ­рыб­жесIам хуэ­дэу пщIамэ е къыпхухэсха тактикэм утемыкIамэ, утекIуэнут. 
Тренерым и лэжьэкIэр, бгъэдэлъ щIэныгъэр зыхуэдэр щIэх-щIэхыурэ къипщытэжу щытын хуейщ. Псалъэм папщIэ, зэхьэзэхуэм дежьэ­ным тхьэмахуитI иIэжу, спортсменыр зытетын хуей мардэхэр зэхызогъэувэ, сыхьэт къэс ищIэну хъуар тхауэ иту. Абы нэмыщI, ипэм сиIа лэжьыгъэхэм сыхоплъэж: мыбы щыгъуэ мыпхуэдэу тщIыри дыте­кIуащи, ар къэдгъэнэжынщ, мыд­рейм щыгъуэ нэгъуэщIу тщIыри, дыкъы­хагъэщIащи, щIэ гуэр хэтлъ­хьэнщ е зэтхъуэкIынщ, жыхуэсIэу. 
Спортсмен балигъхэм уа­дэ­лэ­жьэным икъукIэ зэманышхуэ то­кIуадэ. Япэрауэ, щIалэгъуалэм я зэхьэзэхуэхэм зэрызыхуэбгъэ­хьэ­зы­рымрэ мыдрейхэм еймрэ фIыуэ зэщ­хьэщокI, къарууэ трагъэкIуадэ­ри зэхуэдэкъым. ЩIалэхэм, езэ­шауэ щытми, псынщIэ дыдэу зыщIагъэпсэхуэжыф, удын гуэр ягъуэта-ми зэтоувэжыф. Балигъым и IэпкълъэпкъкIэ зэхьэзэхуэм къыхих фэбжьыр нэхъ хьэлъэщ икIи нэхъ гугъуу мэкIыж. Абы къыхэкIыу, практикэ къудей мыхъуу, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэн хуейщ абы и Iуэхум: медицинэ, фармакологие, реабилитацэ жыпIэн, куэд мэхъу ар. 
Зэхьэзэхуэхэм я зэхуакухэм къы­дэхуэ зэманым абы и узыншагъэм уелэжьын, зыхуеину хущхъуэхэр къы­щыхуэбгъуэтын хуей мэхъу, нэгъуэщI куэди уи пщэм къыдохуэ. Дзэ къулыкъу, еджапIэ жыпIэми, уи нэIэ зытетын Iэджи къыхукъуокI спортсменым. Абы и Iуэхухэр дэбгъэкIыу удэмыIэпыкъуфмэ, спортсмен балигъыр пхуэIыгъыну-      къым. 
- Сэ чемпион сыхъунущ жызы-Iэу фи деж къакIуэ цIыкIухэм сыт яжепIэнт?
- Япэрауэ, Iэмал имыIэу, гугъуе-хьыр зищIысыр зыхащIэн хуейщ. Абы нэхъ губзыгъи, зэпIэзэрыти, къаруу­фIи ищIыну фIэкIа, и зэран къе­кIыну­къым. Хьэл-щэн дахэ хилъхьэнущ, и дуней еплъыкIэми зригъэ­хъуэжынущ спортым. 
Япэм, зэрыфщIэщи, къуа­жэ­дэсхэр пщIэнтIэпсыр къекIуэу къарукIэ лажьэу щытащ, я сабийхэми къалэн нэхъыбэ я пщэ къыдэхуэрт: унэм-пщIантIэм щыIэбэрт, хадэм, губгъуэм щылажьэхэрт икIи Iуэхухэм ахэр япсыхьырт. Иджыри аращ - апхуэдэ цIыкIухэм я Iуэху еп­лъы­кIэри, дуней тетыкIэри къащхьэщокI зэи гугъу емыхьа цIынэ цIыкIухэм. Иужьрейхэм я нэхъыбэм хабзэми, нэмысми, гъэсэныгъэми хащIы­кIыш­хуэ щымыIэу мэхъу, сщIэркъым ар къызыхэкIыр…
Спортыр гуащIэдэкIым и пIэм иувэу дунейр нэгъуэщI хъуауэ жысIэу аракъым. Ауэ, дауэ хъуми, тренер тэмэм щыIэмэ, Iэмал имыIэу сабийр спортым етын хуейщ, гугъу ехьу, хьэл-щэн зыхилъхьэу, и чэзум гъуэлъыжрэ хэмыжаеу къэтэджу, зэхьэзэхуэхэм ежьамэ - гъуэгу тетыкIэрэ цIыху хэтыкIэрэ ищIэу къэхъун щхьэкIэ. 
Нэхъыщхьэращи, сабийм езым плъапIэ гуэр иIэн хуейщ. Сэ чемпион сыхъунущ жиIэу, къалэн зыщимыщIыжу щытмэ, тренировкэхэми дахьэхынукъым. Къэхъуну псор зы­щIэр Алыхьырщ, ауэ, сэ спортсмен лъэщ сыхъунущ, ди къэралым и ныпыр си цIэкIэ езгъэIэтынущ, Европэм, дуней псом сыщытекIуэнущ, жиIэу, апхуэдэ гушхуэныгъэхэр хэлъмэ, абы фIыкIэ ущыгугъ ­хъунущ.
- Амир, уи гъащIэм щынэхъыщ­хьэр, мыхьэнэ нэхъыбэу зэптыр сыт?
- А упщIэм зы псалъэ-псалъитIкIэ жэуап пхуетынукъым, ауэ мыхьэнэ нэхъыбэ зэстыр цIыхум сэбэп сыхуэхъунырщ, сыт и лъэныкъуэкIи. Уи щхьэ закъуэ уи Iуэху зепхуэжу уп­сэуныр зыми щыщкъым, уи сэбэпынагъ цIыхум, жылэм иумыгъэкIмэ. НэгъуэщIу дунейм узэрытетынур къызгурыIуэркъым. 
- Спортым нэгъабэ къыщыф- хьа ехъулIэныгъэхэм къадэкIуэу, спорт­комплекс ехьэжьарэ хьэ­щIэщ зэпэщри къызэIуфхы- фащ. Абыи укъытхутепсэлъыхьамэ арат. 
- А жэрдэмыр къыхэзылъхьар сэращ. АбыкIэ Къаздэхъу Альберт сыдэгуашэри, къыздиIыгъащ. Альберт, щIалэгъуалэр спортым къед­гъэ­шалIэ, ахэр зэгурыIуэу, зэрыгъэпэжу, къарууфIэу, узыншэу къэхъун папщIэ, щыжесIэм, ди Iуэху еплъыкIэхэр зэтехуэри, абы лэжьыгъэшхуэрэ мылъкушхуэрэ къыхилъ­хьащ. Езыхэм хуэдэ ныбжьыщIэхэм щапхъэ дахэ езыгъэлъагъуфын, ­гъуазэ яхуэхъун щIэблэ къытщIэ-мыхъуэмэ, ди гъащIэр зыми и пэрмэнкъым, жытIэу дегупсысауэ аращ. 
Ди щхьэ закъуэ, ди бжэIупэ, пщIантIэ, унэ кIуэцIхэр зыхуей тху­хуэгъэзэнущ, ауэ, къэрал гупсысэ хэ­лъу, республикэм сэбэп дыхуэ­хъун мурадкIэ, духуащ мыр икIи ди хъуэпсапIэщ комплексым къекIуа­лIэ цIыкIухэр псори хэкупсэу щытыну.
Хэкупсагъэм къыщыщIедзэ, уи унэм, лъапсэм, къуажэм, къалэм икIи зыщеубгъу республикэмрэ къэ­ралымрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр цIэрыIуэ иритщIу, ди деж къакIуэ хьэщIэхэм ди хабзэ дахэхэр едгъэ­лъагъуу, я деж ягъэзэжрэ ди цIэр фIыкIэ ягъэIуу, цIыху нэхъыбэж ди деж къакIуэу, апхуэдэу хъуфынущ мы комплексыр. 
Иджыпсту УФ-м и адрей щIыналъэхэм я командэ куэд къокIуэ мыбы, ауэ мы гъэм къыщыщIэдзауэ хамэ къэралхэм щыщхэри къытхуеблэгъэнущ. Ар хэтщ зэхэдгъэува планым. Спортыр къэдгъэсэбэпу, рес­публикэм и щэнхабзэр, туриз­мэр, щIыпIэ дахэхэр хэIущIыIу пхуэ­щIынущ мыпхуэдэ ухуэныгъэхэм-кIэ. 
- Сыт хуэдэ зэхьэзэхуэхэр щебгъэкIуэкI хъуну иджыпсту мы комплексым?
- Спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэу щы­Iэу хъуамкIэ зэхьэзэхуэ нэхъ лъэщ дыдэхэр щызэхэпшэ хъунущ. Абы щхьэкIэ дызыхуеину псори щыIэщ. Иджыблагъэ ди деж щыхьэщIат спортсмен цIэрыIуэ Махачев Ис­лъам, Олимп джэгухэм я чемпион Мудрэн Беслъэн сыми, абыхэм жаIащ къэрал куэдым мыпхуэдэ ухуэныгъэ зэпэщхэр зэрамыIэр, уеблэмэ дыдейр зэрефIэкIыр. 
- Амир, 2026 гъэм дыхыхьа къудейщ. Ди цIыхухэм сыт хуэдэ псалъэкIэ захуэбгъэзэнт?
- Япэрауэ, сэбэп дызэхуэхъужу, зыр адрейм дыдэIэпыкъуу, ди республикэр фIыуэ тлъагъуу дыщытын хуейщ. 
Ди лэжьыгъэр зытеухуар щIэблэм зегъэузэщIынращи, хамэ сабий щы­Iэкъым. Спортым имызакъуэу, сыт хуэдэ унэтIыныгъэ ирехъуи, абы­­хэм щаIэ ехъулIэныгъэхэм дыщыгуфIы­кIыфу, дригушхуэу, дэнэ щIыпIэкIи я цIэр фIыкIэ щыдгъэIуу щытмэ, ар нэхъ сфIэтэмэмщ. Абы щхьэкIэ, зэгурыIуэныгъэ дяку дэлъын хуейщ псом япэу.
Иджыпсту ди къэралым дэкъузэ­ныгъэхэр къращIылIащ, ихъурея­гъкIэ къыщоныкъуэкъури, абыхэм ткIийуэ япэщIэтщ икIи ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщ зэрыхъунум, дзэ Iуэху хэхам щызыхуигъэувыжа мурадхэм зэралъэIэсынум шэч къытесхьэркъым. 
Спортыр къызощтэри, дыщIэгушхуэн текIуэныгъэ куэд ди щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къахьыну сохъуэхъу.

Епсэлъар
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олегщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.02.2026 - 12:25

ЛIэ­щIыгъуэхэр блэкIми, Пушкиныр псэущ

УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIу­э­кIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэ­мыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэ­хэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр

15.02.2026 - 09:03

Хьэмидейм и «Шабзэр»

Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп

14.02.2026 - 09:03

Лэжьыгъэмрэ хъуэпсапIэмрэ щызэтехуэкIэ…

ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щы­гъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къы­зэ­щIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ ­Радиом и дунейпсо махуэр.

14.02.2026 - 09:03

ЩIэблэм нэхъапэ щыIэкъым

ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым.

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.