|
|
БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ
15 января, 2026 - 05:57
Бахъсэн районым хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и курыт еджапIэм къыщызэIуахащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къагъэсэбэпу щыта пасэрей хьэпшыпхэм я музей.
Музейр къызэгъэпэщыныр зи жэрдэмри абы и хъумакIуэ нэхъыщхьэри щэнхабзэм и лэжьакIуэ БатIитIэ Мухьэмэдщ. Пасэрей хьэпшыпхэр абы илъэс куэдкIэ зэхуихьэсащ, уеблэмэ ахэм яхэлъщ археологие къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ хыхьэу къагъуэта артефактхэри. Мухьэмэд ныбжьыщIэхэм хьэпшыпхэр яригъэлъагъу къудейкъым, атIэ сабийхэр щегъэгъуазэ пасэрей IэщIагъэхэм, псалъэм папщIэ, арджэн зэращIым. Мухьэмэд зэрыжиIэмкIэ, нэхъыщхьэр лъэпкъ тхыдэмрэ хабзэхэмрэ хъумэнырщ, иджырей щIалэгъуалэр абы щIэпIыкIынырщ.
- Си къалэн нэхъыщхьэу къызолъытэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу сабийхэр къызыхэкIам, я лъабжьэм щыгъуазэу, пщIэ хуащIу къэгъэхъуныр, - жеIэ БатIитIэ Мухьэмэд. – Лъэпкъым къыддекIуэкI щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэми ныбжьыщIэхэр щIэпIыкIын хуейщ, пасэрей IэщIагъэхэр тхъумэжын папщIэ.
Курыт еджапIэм и унафэщI Геккиевэ Нуржан БатIитIэ Мухьэмэд къыхилъхьа Iуэхум арэзы техъуэри, икIи хьэпшыпхэр щахъумэну пэш къритащи, иджы къуажэдэс ини цIыкIуи музейм йокIуалIэр. Абы щокIуэкI щIэблэм я хэкур, я щIыналъэр фIыуэ ялъагъуу, я хабзэхэм пщIэ хуащIу къэхъуным теухуа зэхыхьэхэр. КъинэмыщIауэ, музейм и лэжьакIуэхэм къуажэдэсхэм яхуэщхьэпэн зэIущIэхэри къызэрагъэпэщ. Мы лэжьыгъэр щыхьэт тохъуэ къуажэдэсхэм я къарукIэ къызэрызэбгъэпэщыфынум щIалэгъуалэм, жылагъуэм гъэщIэгъуэн ящыхъун щэнхабзэ Iуэху.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
|
|
15.02.2026 - 12:25 УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIуэкIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр |
|
|
15.02.2026 - 09:03 Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щыгъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къызэщIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ Радиом и дунейпсо махуэр. |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым. |
|
|
13.02.2026 - 17:23 Урысейм щыяпэу ди республикэм щызэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер. |
|