КIуэ пэтми нэхъыбэ дехьэх

2025 гъэм и иужьрей махуэхэм «Шайбу, шайбу!» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм и «Налшык-Аренэ» IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэм хоккеймкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ а щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэм япэ лъэбакъуэхэр щызыч сабийхэмрэ нэхъыжьхэмрэ, гупитIу гуэшауэ.

«Республикэм хоккейм щыдихьэххэм я бжыгъэм къыхэхъуэ зэпытщ. Япэ зэхьэзэхуэр едгъэкIуэкIа нэужь, абы зыхуэзыгъэсэну щIэхъуэпс цIыкIухэм процент 20-30-кIэ къахэхъуащ. Ди мурадщ, мыпхуэдэ зэIущIэхэр нэхъыбэрэ едгъэкIуэкIыну, сабийхэм закъедгъэцIыхун, уеблэмэ хоккейм ахэр къыхэтшэн папщIэ», - жиIащ КъБР-м ХоккеймкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Адамаев Сергей.

Апхуэдэуи абы жиIащ зэхьэзэхуэм хэтыну Дон Iус Ростов къалэм, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием я командэхэр Налшык къызэрыкIуар.

ИрагъэкIуэкIа зэпеуэхэм нэхъыжьхэм я деж щытекIуащ ЕсэнтIыгу къалэм и лIыкIуэхэр. ЕтIуанэ хъуащ Владикавказ къалэм и хоккеистхэр.

 НэхъыщIэ цIыкIухэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Ставрополь къалэм и командэм. Дыжьын медалыр къахьащ Новошахтинск къикIа гупым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэр мыбдежым ещанэ щыхъуащ. 

 «Аланием» и командэм и гъуащхьэтет Мальцев Макар хоккейр къыщIыхиха хъуамкIэ къыддэгуашэу жиIащ, а спорт лIэужьыгъуэр цIыхухъу нэсхэм ейуэ къызэрилъытэр икIи Къэзан и «Ак Барс»-м щыджэгуну зэрыхъуапсэр, ар зэриплъапIэр.

КЪУЭЖЕЙ Iэмин.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.02.2026 - 12:25

ЛIэ­щIыгъуэхэр блэкIми, Пушкиныр псэущ

УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIу­э­кIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэ­мыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэ­хэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр

15.02.2026 - 09:03

Хьэмидейм и «Шабзэр»

Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп

14.02.2026 - 09:03

Лэжьыгъэмрэ хъуэпсапIэмрэ щызэтехуэкIэ…

ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щы­гъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къы­зэ­щIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ ­Радиом и дунейпсо махуэр.

14.02.2026 - 09:03

ЩIэблэм нэхъапэ щыIэкъым

ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым.

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.